ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым зэгурыIуэныгъэ ирищIылIащ Урыс географие зэгухьэныгъэм

2019-03-28

  • КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбекрэ Урыс географие зэгухьэныгъэм и япэ вице-президент, Совет Союзым и ЛIыхъужь, Урысейм и ЛIыхъужь Чилингаров Артуррэ Iэ традзащ зэрызэдэлэжьэнум теухуа зэгурыIуэныгъэм.

  • А зэгурыIуэныгъэр хуэунэтIащ географием епхауэ къыхалъхьэ программэхэр гъэзэщIэным, щIэныгъэм и ехъулIэныгъэщIэхэр дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным къыхуэгъэсэбэпынымрэ щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэнымрэ, апхуэдэуи зыщымыгъуазэ куэд къыщащIэ туризмэм зегъэужьыным, экологием хуэсакъыным гулъытэ хэха хуэщIыным, географием теухуа щIэныгъэ зэгъэгъуэтыным цIыхухэр дегъэхьэхыным.
  • КIуэкIуэ Казбек арэзы техъуащ Урыс географие зэгухьэныгъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм и Попечительскэ советым и унафэщIу увыну Чилингаровым зыкъызэрыхуигъэзам.
  • КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.