ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Март, 2019

КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбекрэ «Газпром» акционер зэгухьэныгъэ зэIухам и унафэщI Миллер Алексейрэ лэжьыгъэ IуэхукIэ Москва щызэхуозэ

2019-03-14

  • Иджыблагъэ лэжьыгъэ IуэхукIэ Москва щызэхуэзащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбекрэ «Газпром» акцио-нер зэгухьэныгъэ зэIухам и унафэщI Миллер Алексейрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Жыджэрагъ зыхэлъ щIалэгъуалэ

2019-03-14

  • Ди республикэм, дэнэкIи хуэдэу, хуабжьу зыщиужьащ волонтёр зэщIэхъееныгъэм. Жыджэрагъ зыхэлъ щIалэгъуалэр хэтщ жылагъуэм мыхьэнэшхуэ щызиIэ дэтхэнэ Iуэхуми.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Щапхъэ

Нобэрэ пщэдейрэ

2019-03-14

  • Гъатхэпэм и 14, махуэку
  • Псыежэххэр хъумэным и дунейпсо махуэщ
  • Пи бжыгъэм и дунейпсо махуэщ
  • Адыгэбзэм и махуэщ
  • Эстонием щагъэлъапIэ я анэдэлъхубзэм и махуэр

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

2019-03-14

  • Тхьэмадэм и псалъэ
  • Псоми ди зэхуэдэ къалэн
  • Адыгэу дунейм тетым нобэ, гъатхэпэм и 14-м, зэдыдогъэлъапIэ Адыгэ тхыбзэм и махуэр. Дэтхэнэ лъэпкъми хуэдэу, ди дежкIэ ди анэбзэм мыхьэнэшхуэ иIэщ. Абы дрипсалъэ къудейкъым, атIэ ар ди лъэпкъ щIэныгъэщ, лъэпкъ гъэсэныгъэщ, лъэпкъ щэнхабзэщ. Тхыбзэ зэпэщ уиIэнри хъугъуэфIыгъуэ инщ лъэпкъым и дежкIэ. Тхьэм и фIыщIэкIэ, а лъапIэныгъэмкIэ зыхуэупсахэм дащыщщ адыгэхэр. Бзэм, тхыбзэм я мыхьэнэр къилъытэу, Дунейпсо Адыгэ Хасэм 2003 гъэм игъэувауэ щытащ нобэрей махуэшхуэр гъэлъэпIэныр. Абы лъандэри ар адыгэ псоми зэдыдоIэт.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Адыгэбзэм и махуэм ирихьэлIэу

2019-03-14

  • Гъатхэпэм и 14-р Адыгэтхыбзэм и махуэщ
  • Налкъут  зэщIэлыдэ
  • Адыгэхэм дбгъэдэлъ зыужьыныгъэм, щIэныгъэм, гъэсэныгъэм, щэнхабзэм я лъапсэщ ди анэдэлъхубзэр. Аращ ар къэхъугъэ псоми я къежьапIэу къыщIалъытэр. Дэтхэнэ лъэпкъми езым и тхыбзэ иIэжыныр, абыкIэ псэуныр, Iуэху иризэрихьэу дунейм тетыныр, шэч хэмылъу, фIыгъуэшхуэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Адыгэбзэм и махуэм ирихьэлIэу

Си бзэ — си псэ, си дуней

2019-03-14

  • Псалъэхэр Джэдгъэф Борис,
  • макъамэр Молэ Владимир
  • яйщ.
  • Iуащхьэмахуэу уэгу пкIэлъейм
  • Хасэшхуэр щызэхуос.
  • ЖаIэр нобэ Къэбэрдейм
  • Къайсэри щызэхох:

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Адыгэбзэм и махуэм ирихьэлIэу

БгъэхэIу  лъэпкъ  дамыгъэхэр

2019-03-14

  • Адыгэ лъэпкъымрэ муслъымэн динымрэ ехьэлIа тхылъ, дамыгъэ куэд дунейм къытригъэхьащ Тхьэкъуахъуэ Iэуес. Иджыблагъэ аргуэру Iуэху щхьэпэ абы илэжьащ: къыдигъэкIащ «Гъатхэпэм и 14-р Адыгэ тхыбзэм и махуэщ» адыгэбзэрэ урысыбзэкIэ зытетха бгъэхэIу дамыгъэхэр. Абыхэм я куэдагъыр 300 хъууэ аращ икIи мыгувэу зэпэубыда зэрыхъунум шэч хэлъкъым.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Адыгэбзэм и махуэм ирихьэлIэу

2019-03-14

Адыгэбзэм дихьэххэр

Зыхыхьэхэр: Адыгэбзэм и махуэм ирихьэлIэу

2019-03-14

  • Бещтокъуэ Хьэбас
  • * * *
  • Бзэр тIэщIэкIмэ,
  •  дылъэпкъкъым.
  • Акъыл ин ухуэмей,
  • КъыбгурыIуэу а тIэкIур
  • Утетыну дунейм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Адыгэбзэм и махуэм ирихьэлIэу

2019-03-14

  • Iуэху зехьэкIэ пэрыт
  • ЩIэблэ  узыншэ къытщIэхъуэн  папщIэ
  • И IэщIагъэр гурэ псэкIэ фIыуэ илъагъуу илъэс 25-м нэблэгъауэ егъэджэны-гъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм пэрытщ Нэзэр Марьянэ Хьэсэнбий и пхъур. «Зы илъэскIэ япэ уплъэмэ, жылэ хэсэ. ИлъэсипщIкIэ япэ уплъэмэ, жыг хэсэ. ИлъэсищэкIэ япэ уплъэмэ, цIыху гъасэ», — жеIэ адыгэ псалъэжьым. А псалъэ Iущхэр и гъуэгугъэлъагъуэу дунейм тетщ Нэзэрыр. Анэдэлъхубзэмрэ литературэмрэ, абы къыдэкIуэу зи псэ хуабагъэмкIэ еджакIуэхэм ядэгуа- шэ, я адэжь щIыналъэр, лъэпкъ хабзэр фIыуэ ялъагъуу щIэблэр къэгъэтэджыным хуэлажьэ цIыхущ ар.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Адыгэбзэм и махуэм ирихьэлIэу

2019-03-14

  • Шэрджэс Расьят и жэрдэм
  • Хьэбэз къуажэм дэт курыт еджапIэ №1-м мы гъэм гъатхэпэм и 4 – 7-хэм щрагъэкIуэкIащ адыгэбзэмрэ литературэмрэ теухуа егъэджэныгъэ дерсхэр, олимпиадэхэр, зэхьэзэхуэ зэхуэмыдэхэр, дерс зэIухахэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Адыгэбзэм и махуэм ирихьэлIэу

2019-03-14

  • ИзэгъэшIэн ашIогъэшIэгъон
  • Адыгэ кIэгъегъэджэ колледжэу Андырхъое Хъусен ыцIэ зыхьырэм 1994-рэ илъэсым къыщыублагъэу урыс студентхэми адыгабзэр щызэрагъашIэ. А илъэсым бзэм фэгъэхьыгъэ унашъоу къыдэкIыгъэм диштэу, кIэлэегъаджэхэм программэ зэхагъэуцон, ащ диштэу мыщ щеджэрэ ныбжьыкIэхэм Iоф адашIэнэу колледжым пшъэрылъ къыфашIыгъ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Адыгэбзэм и махуэм ирихьэлIэу