Сыт къыхилъхьэр Жириновскэм?
2019-03-28
- Дэтхэнэ политикми езым и шыфэлIыфэ иIэжщ адрейхэм къахригъэщхьэхукIыу. Абы и лъэныкъуэкIэ къытекIуэн щыIэкъым Жириновский Владимир. Ар газетхэмкIэ поджэж сыт хуэдэ Iуэхуми. ЛДПР-м (Урысейм и Либерал-демократие парт) и унафэщIыр сыт щыгъуи щIэгъэщхъуауэ мэпсалъэ. Зэман кIыхькIэ ар ягу ирихьу щытащ цIыхухэм: «Флъэгъуа, яхурикъуа?!» «Флъэгъуа жызыIэфа?!» — ягъэщIагъуэрт абы едаIуэхэм дэтхэнэ и къэпсэлъэныгъэри. Мыбдежым мыхьэнэшхуэ щиIэтэкъым а жиIэхэм я мыхьэнэм: цIыхухэр властхэм яхуэарызытэкъыми абыхэм егупсысыхэртэкъым. Хэбгъэзыхьмэ, игъащIэкIэ мыхъун къызэрыхилъхьэри. Ауэрэ политикэ гъащIэр нэхъ лIыпIэ иува иужь, къагурыIуэу хуежьащ къэралым и гъащIэм псори зэпэшэчауэ щыщытын зэрыхуейр. Иджы Жириновскэм къыхилъхьэхэр яфIэдыхьэшхэнт. Апхуэдэурэ къекIуэкIащ. Иджы зэгуигъэп хъуащ.
- Япэрауэ, къэдгъэлъэгъуэнщ Урысейм щылажьэ политикэ партхэм (нэхъ инхэми цIыкIухэми) ящыщу программэ пыухы- кIа зимыIэр ЛДПР-м и закъуэу зэрыщытыр. Дэнэ щыIэ ар? Уеблэмэ, Парламентым хэмыхьэфа партхэми (псалъэм и хьэтыркIэ «Яблоко»-м) езыхэм властыр яIэрыхьэмэ къэралым зыхуагъэкIуэну мурад пыухыкIаи яIэщ. АрщхьэкIэ Жириновскэм и блыгущIэтхэм я гъуазэр абы зыдиунэтIхэр арауэ къыщIэкIынущ.
- Мазэ зыбжанэ и пэкIэ къэралым и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм щекIуэкIа губернатор хэхыныгъэхэм ехъулIэныгъэ пыухыкIахэр къыщызыхьа ЛДПР-м (нэхъыбэу зи Iэужьыр правительствэм пхигъэкIа пенсэ реформэм щхьэкIэ цIыхухэр зэрымыарэзырщ) иджы 2020 гъэм екIуэкIыну парламент хэхыныгъэхэм зыхуегъэхьэзыр. Абы къыхэкIыу Жириновскэр хущIокъу Iэмал зэриIэкIэ хэхакIуэ нэхъыбэ и телъхьэ къищIыну. И гугъапIэ нэхъыщхьэри зыхуэгъэзар ди къэралым куэдкIэ щынэхъ лъэщ урыс электоратырщ. Дауи, процент 80 къызэщIэзыубыдэ абы-рэ мыдрей лъэпкъхэм къахуэнэж процент 20-мрэ (бжыгъэкIэ) зэхуэдэкъым. Пэжщ, гуэныхь къэтхьынщ Жириновский Владимир нэхъапэми урысхэм я хуитыныгъэхэм сыт щыгъуи хуэсакъыу зэрыщытар жыдмыIэмэ. 2000 гъэм абы къыхилъхьауэ щытащ «Урыс цIыхубэм теухуа законыр» къащтэну. АрщхьэкIэ къыхуадакъым. Псори зэлъытар мыращ: къэралыр къызэзыгъэпэщ икIи абы и лъабжьэ урысхэм ди деж зыщIыпIэ-кIи щыдакъузэркъым икIи нэхъ гугъу щрагъэхьыркъым адрей лъэпкъхэм нэхърэ. Уеблэмэ, «Россия» псалъэм и пIэкIэ «Русия» къэралым фIащынур къыхилъхьэми, зыри къикIыркъым. Арыншами, дэ ди къэралым и унэтIакIуэр урысхэщ. Адыгэхэм дэ УФ-м щхьэкIэ жыдоIэ «Урысей». Абы къокI псори. Абы къыдэкIуэуи ди Федерацэм лъэпкъыу исым дунейр зэрызэрагъащIэр, я сабийхэр школхэм зэрыщрагъаджэр урысыбзэкIэщ. Ди къэралым щыбгъуэтынукъым лъэпкъхэр хуитыныгъэкIэ щызэхуэмыдэ щIыналъэ. ГъэщIэгъуэнщ, арщхьэкIэ ищхьэкIэ къыщыдэкI газетхэм зэпымыууэ кIэлъыплъ дэ зэи дрихьэлIэр-къым ЛДПР-м и пашэм фIэкIа нэгъуэщIхэм урысхэр ди деж щагъэлъахъшэу къэзылъытэ. АрщхьэкIэ Жириновскэм къыгуроIуэ хьэнтхъупсыр шатэ нэхъыбэ хэпкIэхукIэ зэрызэIымыхьэнур…
- Абыи къыщынэркъым икIи дэ ди тхыгъэм щхьэусыгъуэ хуэхъуари аращ. Жириновский Владимир сытми зэрылъэIэсыр дэ ипэIуэкIэ жытIащ. Абыхэм ящыщщ къэрал ухуэкIэри. АтIэ ЛДПР-м и унафэщIым къыхелъхьэ щIыналъэхэр (республикэхэр, крайхэр, областхэр) зэхагъэхьэурэ нэхъ ин ящIыну. Абы фIэкуэдыIуэщ щIыналъэ 83-р. Зэ еплъыгъуэкIэ, тэмэмщ: щIыналъэхэр зехьэным текIуадэр нэхъ мащIэ хъунщ. Ауэ ар щытэмэмынур лъэпкъ Iуэхухэр хэмытамэт. Политикым дызэрыщымыгугъауэ ахэри «тыншу» зэфIегъэкI. Къэтщтэнщи Жириновскэр Кавказымрэ абы щыпсэу лъэпкъхэмрэ къазэрыхущытыр езым жиIахэм тещIыхьауэ дэ дощIэ. Иджы къыхуэлъэжыркъым, атIэ я Iуэхухэр «зэрефIэкIуэнур» къелъыхъуэ. Псалъэм и хьэтыркIэ, Жириновский Владимир къыхелъхьэ Къэрэшей-Шэрджэсыр, Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Осетие Ищхъэрэр зы щIыналъэу зэгуагъэхьэн хуейуэ. Апхуэдэу Дагъыстэныр, Шэшэныр, Ингушыр зы ящIыпхъэщ. Хэбгъэзыхьмэ, щыхьэри къахуигъуэтащ — Хасавюрт. ЛДПР-м и Iэтащхьэм къилъытэу къыщIэкIынущ лъэпкъхэр пхъэбгъум тет шахмат фигурэхэм хуэ-дэу уздыхуеймкIэ бгъэIэпхъуэ хъуну. ГъэщIэгъуэнщ, политик Iэзэм, щIэныгъэхэм я докторым къигъэувхэр. Япэрауэ, зэгъунэгъуу псэуми, игъащIэм къыздэмыгъуэгурыкIуа а лъэпкъхэр зэзэгъыну? Уеблэмэ ар гъащIэм къигъэлъэгъуащ. Совет властыр ягъэува иужь Бгырыс АССР-р къызэрагъэпэщауэ щытащ а лъэпкъхэр хыхьэу. АтIэ сыт? Мыгувэу лъэлъэжащ. Мис къэрал лэжьакIуэ цIэрыIуэу щыта, 1922 гъэм большевикхэм я партым и Кавказ Ищхъэ-рэ крайкомым и япэ секретару лэжьа Микоян Анастас абы теухуауэ игу къигъэкIыжахэр: «Бгырыс АССР-р къызэрызэрагъэпэщар щыуагъэт. Къэбэрдейхэр а республикэм мыгувэу къыхэкIыжащ, «балъкъэрхэри абыхэм я щапхъэм ирикIуащ». Аращи мыбдеж псори щыгурыIуэгъуэщ. Зэман блэкIами зыми зригъэхъуэжа-къым. Ар къигъэлъэгъуащ Шэшэнымрэ Ингушымрэ яку дэлъ гъунапкъэр щызэрагъэзахуэм иджы дыдэ къэхъея къаугъэр. Ингушым и къалащхьэ Магас пэкIу-хэр махуэ зыбжанэкIэ щекIуэкIащ. Шэшэнми щыарэзытэкъым. ЛъэныкъуитIми къалъытэрт езыхэр хилъэфауэ.
- Аращи, Жириновскэм и жэрдэмым гъуэгу игъуэтынукъым, адрей къыхилъхьэхэми хуэдэу. Ахэр нэкъыфIэщIщ икIи гъащIэм пэжыжьэщ.