ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Ем пэувыфу щыта Бэрбэч Зубер

2019-03-28

  • Зэпымыууэ пIейтейуэ пытащ Бэрбэч Зубер и псэр, и пIэм иримыгъэзагъэрэ дуней зытетми тримыгъэзагъэ жыхуаIэм хуэдэу. Гушхуи кIуэцIылъащ, зылъэмыIэсрэ къылъэмыIэсрэ щымыIэу, Iуэху ехьэжьахэм сыт щыгъуи яхуэпабгъэу.

  • Апхуэдэу зэрыщытым ар сыт щыгъуи гугъу иригъэхьырт, а и гушхуэ-псэшхуэм къыпиубыд хуитыныгъэр къибэнын хуей хъууэ.
  • Мис аращ, зэхъуэкIыныгъэм и борэнышхуэр къыщыкъуэум, Бэрбэчым абы и толъкъуным зыщIыщIигъэмбрыуар, сыт къысщыщIын, сыт къызищIэн, жиIэу куэдрэ мыгупсысэу. Сыт къыхиха, езым и щхьэ теухуауэ упсалъэмэ? Зыри…
  • Зубер зи бэлыхь иукIыр къызыфIэмыIуэххэри мащIэтэкъым: зезыхуэ мыгъуэр сыт, лIо зыщIиукIыжыр, и пIэ щхьэ имысыжрэ?! КъагурыIуэртэкъым. Езыри увыIэртэкъым. Плъыржьэрыгъэ хэлъу щIэкъурт захуагъэм, пэжыгъэм. Хъыжьэм къыщымынэжу, адыгэм жыр пыудахуэ жыхуиIэм хуэдэу ткIийт, ерыщ хъужауэ, — ар здынэмысрэ зыхэмыхьэрэ щыIэтэкъым. Куэншыбыр псыхъуэм щизыкъухь къуажэдэсми, адыгэбзэкIэ хъарзынэу птхы хъуну псалъэр къагъанэу, хамэбзэм Iэбэ кIэзет лэжьакIуэми япоув, Iуащхьэмахуэ докIри, и щыгум лъэпкъ ныпыр щыхетIэ. Къоуври, Аушыджэр щыIэ Андемыркъан и Iуащхьэм абы и фэеплъ тетын зэрыхуейм теухуауэ Iуэху къеIэт.
  • И журналистагъ жыхуэпIэр-щэ? Университетым щыщIэса илъэсхэм къыщыщIэдзауэ абы и гъащIэм щыщ Iыхьэ хъуат адыгэбзэкIэ къыдэкI газетыр. Дипломыр къызэрырату абы лэжьэн щыщIидзащ «Ленин гъуэгу» газетым икIи IэнатIэ хуэхъуам ар пэрытащ илъэс 30-м щIигъукIэ.
  • Бэрбэчым и адыгэбзэр бейт, шэрыуэт. Абы игъэхьэзыру щыта «Ашэмэз и бжьамий» газет напэкIуэцIыр ди хэкум хуиIэ лъагъуныгъэмкIэ гъэнщIат. Зубер къигъэлъагъуэ зэпытт дыкъызытехъукIыжа нартхэр дыкъэзыухъуреихь дунейм зэрыхущытам и щапхъэхэр, ар яриIуэкIырт псыми, бгыми, мэзми щысхьын зэрыхуейр зыщыгъупщэхэм.
  • Бэ зэщIэхъеям къыдах нэхъ Iуэху ин дыдэхэм я зэблэкIыпIэм щызежащ абы и къалэмыпэр. ЦIыхур икIэщIыпIэкIэ зыхуей и тхыгъэхэр щытридзащ Налшык, Мэхъэчкъалэ, Сыхъум, Грознэ, Владикавказ, Мейкъуапэ, Черкесск къыщыдэкI газетхэм. Ахэр бзэ дахэкIэ тхащ, зытепсэлъыхьым IэкIэ утрегъэIэбэ. Бэрбэчым тхылъ зыбжани къыдигъэкIащ, и усэхэр, очеркхэр, публицистикэ лэжьыгъэхэр иту («Джэж», «Джатэпэрыжэ», «Ашэмэз и бжьамий»).
  • ПсалъэкIэ, тхыгъэкIэ, IэщэкIэ… къыIэрыхьэмкIэ ем пэувырт Зубер. Къыщыхъу щыIэт ар пхъашэ къудейм къыщымынэу, щыгуащIи. АрщхьэкIэ узэримыгугъэнуи гу пцIанэт, гумащIэт. Абы и мафIэм гу щIыIэ-псэ щIыIэр, лейзехьэр игъэткIурт. Ауэ игъэхуабэт дэхуэхар, дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэр.
  • Апхуэдэт Зубер, пасэу щIидзауэ. Ар студент ухуакIуэхэм ящIыгъуу Алтай жыжьэм щыIащ, Iуащхьэмахуэ лъапэрэ Чегетрэ кIапсэ гъуэгу зышахэм яхэтащ…
  • Бэрбэч Зубер и хьэл-щэныр зыщIэхэм зыкIи ягъэщIэгъуатэкъым Абхъазым зауэ къыщращIылIам абы кIуа щIалэ гупым ар зэрахэувар. И усэхэмкIэ, и тхыгъэхэмкIэ тригъэгушхуэу, бийр щIэнэкIалъэ зэращI сурэтхэм кIэщIитхэхэм хэлъ ауанымкIэ зауэм и гугъуехьыр зымащIэкIэ нэхъ мыхъуми ятриIэтыкIыу адыгэ щIалэр яхэтащ лъэпкъ мащIэм къыщхьэщыжыныр зи къалэну къэзылъытахэм. Аращ Абхъаз Республикэм и унафэщIхэм Леон орденыр Бэрбэчым къыщIыхуагъэфэщауэ щытар.
  • Лъэпкъ Iуэхум хилъхьа гуащIэм папщIэ Зубер «Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист» цIэ лъапIэри къыфIащат.
  • ГъащIэр напIэзыпIэм хуэдэщ жаIэ. Пэжу, напIэзыпIэ дыдэт ар Зубер и дежкIэ. Зи къару илъыгъуэ журналист Iэзэр 2005 гъэм гъатхэпэм и 17-м дунейм ехыжащ.
  • ХЬЭХ Сэфарбий,
  • КъБР-м щIэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ.