2019-03-28
- Щэнхабзэ
- Кулиев Къайсын и дуней
- Шэджэм щыщ уэрэдус — арат зэрызэджэжыр балъкъэр лъэпкъым, ди республикэм, къэралым я усакIуэ щэджащэ Кулиев Къайсын. Ар къыщалъхуат Шэджэм къуэладжэм — ди щIыналъэр зыгъэдахэ щIыпIэхэм ящыщ зым. Къайсын и дежкIэ и унэр, и лъахэр нэхъыжьхэм я щIэин къудейтэкъым, атIэ и гъащIэм, творчествэм къыпызыщэ лъапIэныгъэт. Хэт абы хуэдэу къэзыIуэтэфар щIыналъэм и беягъымрэ абы щыпсэу бгырысхэм я уардагъымрэ? Хэт къэзыгъэлъэгъуэфар и лъэпкъым хэлъа бэшэчыгъэр, быдагъэр, къарур?
- Къайсын илъэсий ирикъуакIэт, ар Шэджэм Ищхъэрэм дэт еджапIэм и пэщIэдзэ классым щратам щыгъуэ. ЩIымахуэ мазэхэм школым щеджэрт, гъэмахуэм, езым хуэдэ щIалэ цIыкIухэм я гъусэу, шкIэхэр, мэлхэр игъэхъуу бгым итт, мэкъу еуэрт. ШыплIэм быдэу дэсу, а Iуэхухэм пэрытурэ, адэшхуэм жиIэу зэхиха лъэпкъ уэрэдыжьхэр, пшыналъэхэр къришырт. Макъ жьгъыру зиIэ щIалэ цIыкIум пщIэ лей щигъуэтырт хьэгъуэлIыгъуэхэм: ар тхьэмадэм зыбгъэдигъэтIысхьэрти, зэрышагъащIэхэм папщIэ уэрэдхэр, хъуэхъухэр, къебжэкIхэр жригъэIэрт.
- Школыр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, Кулиевыр Москва кIуащ икIи Театр гъуазджэмкIэ къэрал институтым, Луначарскэм и цIэр зезы-хьэм, щIэтIысхьащ. Усэ тхыным дихьэх щIалэщIэр апхуэдэуи пщыхьэщхьэрыеджэу щIэст Литературэ институтым. А лъэхъэнэм Къайсын зригъэцIыхуащ къэралым щыцIэрыIуэ тхакIуэхэр, усакIуэхэр. И къалэмыпэм къыпыкI тхыгъэхэр абыхэм ягу ирихьырт икIи тхылъу къыдигъэкIыну чэнджэщ иритырт. Хэку зауэшхуэм и пэ къихуэу дунейм къытехьауэ щытащ Кулиевым и япэ усэ тхылъыр. АдэкIэ — зауэ, лыгъей, бэлыхь…
- Совет цIыхубэм а зэманым къахуихьа гугъуехь псори Къайсын нэсу зыхищIащ. Зауэм и япэ махуэхэм ар мэлъаIуэри Дзэ Плъыжьым хохьэ икIи парашютист мэхъу. КIыхьт икIи гугъут Кулиевым и зауэ гъуэгур: япэщIыкIэ Прибалтикэ, къыкIэлъыкIуэу Орёл, Тулэ, иужькIэ Сталинград, Севастополь, Кърым, Сиваш гуэлыр…
- Зауэр зауэщ — абы дэрэжэгъуэ къозыт хэлъкъым. АрщхьэкIэ Къайсын гъащIэм и тыгъэ лъапIэ къыщыхъуат и лъахэгъу, и ныбжьэгъу, и къуэш пэлъытэ КIыщокъуэ Алим 1942 гъэм Орёл деж зэрыщыхуэзар. Къайсын уIэгъэ хьэлъэ хъуауэ Алим ар зэуапIэ губгъуэм кърихыжауэ щытащ. Госпиталым щIэлъа нэужь, ар хуит ящIат унэм кIуэжыну, ауэ имыдэу Сталинград фронтым Iухьащ. Абы къыщыдэкI газетым щылажьэу, ар зэуащ, къалэмри фочри зэдигъабзэу.
- 1944 гъэм Кулиевыр аргуэру уIэгъэ хъуащ. А сымаджэщым къыщIэкIыжауэ унэм къагъэкIуэжынрэ пэт къищIащ къызыхэкIа лъэпкъыр Курыт Азием залымыгъэкIэ зэрагъэIэпхъуар. ВКП(б)-м и Политбюром кърита хуитыныгъэмкIэ зауэлI хахуэ, офицер, усакIуэ Кулиев Къайсын къэралым и дэнэ щIыпIи, Москварэ Ленинградрэ къищынэмыщIа, щыпсэуну Iэмал иIэт, арщхьэкIэ абы мурад ищIащ и лъэпкъыр здэщыIэм кIуэну, абы къытепсыха бэлыхьыр ядигъэвыну.
- Хамэ щIыпIэм гугъуехь куэдым щыпэщIэтащ усакIуэр, ауэ абыхэм иращIыкIыфакъым ар, къызыхэкIа лъэпкъми хуэдэу. Я насыпым къихьри, 1957 гъэм балъкъэрхэр хуит ящIащ я щIыналъэм къагъэзэжыну. Апхуэдиз гугъуехьрэ бэлыхьрэ зышэча цIыхухэр шыIэныгъэ яхэлъу, гу щабэу, псэ къабзэу къызэтенэфащ. Ар лIыгъэшхуэт. Iуащхьэмахуэ Iуплъэжыну зи пщIыхь къыхэмыхуа бгырысхэм я дежкIэ ар дэрэжэгъуэшхуэт. Кулиевым и къалэмыпэм къыпыкIа тхыгъэ куэд хуигъэпсауэ щытащ а лъэпкъ гуфIэгъуэшхуэм.
- Кулиев Къайсын и усыгъэр балъкъэр тхыдэр къызыхэщыж гъуджэщ. Абы иплъэ лъэпкъым зелъагъуж уардэу, лъэщу, гугъуехь псоми пэлъэщыфу. Езы усакIуэм и творчествэри балъкъэрхэм яхуэхъуащ зи псыхъуэм дэмыхуэжу гъунэгъу губгъуи тафи щIэзыгъэна къуршыпс уэр.
- КЪАРДЭН Маритэ.
- ХамэщIым анэдэлъхубзэмрэ напэмрэ щыдгъэкIуэдакъым
- Ди лъэпкъыр щалъхуа щIыпIэм ирахуауэ щыщыта илъэсхэр сигу къыщыдридзеижкIэ, ноби си нэпсхэр къысфIокIуэ… Ар дауэ?.. Лъэпкъ псо залымыгъэкIэ щIыпIэм ипшыну, лажьэ ямыIэу. Зи цIыхухэм я процент 15-р фронтым Iутрэ бийм текIуэным къэмыланджэжу пэщIэт балъкъэрхэм апхуэдэ лей кIэлъызепхьэныр захуагъэтэкъым. Дэ абы щыгъуэ, дауи, дыщыгъуазэтэкъым Сталинымрэ Бериерэ ди щIыналъэ дахэм, щIыуэпс къулейкIэ цIэрыIуэм, гугъэ гъэтIылъахэр зэрыхуаIэм: абыхэм я мурадащ балъкъэрхэр, къэрэшейхэр, шэшэнхэр, нэгъуэщIхэри ирахуу а щIыпIэр Куржым хагъэхьэжыну.
- Нобэ хуэдэу си нэгум щIэтщ а пщэдджыжьыпэр. Гъатхэпэм и 8-м сыхьэти 4-хэм деж Iэуэлъауэшхуэм дыкъызэщIигъэушауэ щытащ унагъуэм щIэсыр. Сэ абы щыгъуэ илъэс 14 срикъуатэкъым. Дэ нэхърэ нэхъ бий къэралым игъащIэм имыIа хуэдэ, НКВД-м и офицеррэ сэлэту мин 20-м щIигъум къаувыхьат дыщыпсэу жылэхэр, балъкъэритI къэс зы сэлэт е офицер къытхуэзэу. Машинэшхуэхэм драгуашэрт, щысхьрабгъу лъэпкъ ямыIэу къытхуэпхъашэу, дызэрадзэу… Ауэ щыхъукIэ, а зэман дыдэм ди адэхэр, къуэш нэхъыжьхэр зауэ IэнатIэм Iутт, Хэкум и щхьэхуитыныгъэм папщIэ лъы ягъажэу, лIыгъэшхуэ зэрахьэу, хахуагъэ яхэлъу. Абыхэм ящыщу зыбжанэ ягъэлъэгъуат «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр къратыну, арщхьэкIэ, ди лъэпкъыр «къэралым и епцIыжакIуэу» къыщалъытэм, абы и пэкIэ зратам иратауэ къанэри, адрейхэм я Iуэхур нэгъуэщI зауэ орденхэмрэ медалхэмкIэ зэфIагъэкIауэ щытащ.
- Гугъут хамэ щIыналъэм ущыпсэуну. Япэ илъэсхэм лъэпощхьэпо куэд дрихьэлIащ: лэжьыгъэ IэнатIэ тэмэм дгъуэтыртэкъым, жэуаплыныгъэ гуэр зыпылъ къалэнхэм жыжьэрэ гъунэгъуу дыбгъэдагъэхьэртэкъым. Сэ фIамыщI къыщыщIах шахтэм сыщылэжьащ. Си къалэнхэр ныкъусаныгъэншэу зэрызгъэзащIэм, жэуаплыныгъэ схэлъу сызэрылажьэм гу лъатащ. Зэман дэкIри, шахтэм и комсомол зэгухьэныгъэм и секретару сыхахауэ щытащ. Апхуэдэу къекIуэкIащ си лъэпкъэгъу куэдым я Iуэхур: нэхъ лэжьыгъэ хьэлъэ дыдэхэм пэрагъэувэри иужькIэ, езыхэм я пщIэмрэ щIыхьымрэ къихьауэ, унафэщI къалэнхэри дзыхь къызыхуащIахэр мащIэтэкъым. Ауэ ахэр къыщыхъуар нэхъ иужьыIуэкIэщ…
- ПсэупIэкIи гугъу дехьащ: къытхуагъэфэщар баракхэмрэ колхоз хьэмхэм щыIэ ухуэныгъэхэмрэщ. КъызэрыджаIэмкIэ, къэралым и къалэнт ипэ мазэхэм псэупIэкIэ, шхынкIэ дыкъызэригъэпэщыну, арщхьэкIэ пщIэ зимыIэжу къалъыта лъэпкъым хэт елIэлIэнт? КарточкэхэмкIэ цIыху къэс хуэзэу мазэм къыдатырт гуэдзу грамм 300, фошыгъуу килограмм зырыз, IэфIыкIэ сыт жыхуэпIэхэр тлъагъуххэртэкъым.
- Къэрал мылъкум щыщу Къэзахъстанымрэ Къыргъызымрэ Iыхьэшхуэ яутIыпщIырт. Вагонхэм ярызу а щIыпIэм нашэрт ди псэуалъэхэр щытщIкIэ къэдгъэсэбэпыпхъэ ухуэныгъэ материалхэр. Абыхэм ящыщу зы гъущI Iунэ къытIэрыхьэртэкъым.
- Шэч зыхэмылъыр зыщ: къэрал унафэщIхэм фIэкIа нэгъуэщI дэIэпыкъуэгъурэ гугъапIэрэ дэ, балъкъэрхэм, а хамэ щIыпIэм дыщимыIауэ щытамэ, лъэпкъкIуэдыр къытхуэкIуакIэт. Ауэ хуабжьу зыкъытщIагъэкъуащ цIыху къызэрыгуэкIхэм, псэупIэ тхуэхъуа хьэблэхэм, жылэхэм дэсхэм: къэзахъхэм, къыргъызхэм. Ди насыпти, дэ дахэхуащ зетхьэ динкIэ, тIурылъ бзэкIэ, хабзэхэмкIэ дызыпэгъунэгъу лъэпкъхэм. Абыхэм щIэх дыдэ къагурыIуащ дэ хьэIуцыдз гуэру хьэмэрэ лъэпкъ хьэрэму дызэрыщымытыр, атIэ дыIэпщIэлъапщIэу, лэжьыгъэм, гугъуехьым дакъыпимыкIуэту, зи псалъэм тебгъуэтэж цIыхуу гъащIэм дызэрыхэтыр.
- Япэ илъэсищым къриубыдэу хамэщIым я псэр щыщанащ абы нэсахэм я зэхуэдитIым нэсым, дыздашэм дынэсын папщIэ зэпытча гъуэгуанэ кIыхьым щытфIэкIуэда цIыху мини 5-р хэмыту. ДагъэIэпхъуэным пыщIа гугъуехьхэр псом хуэмыдэу къатехьэлъащ жьыкIэфэкIэхэмрэ сабийхэмрэ.
- ИтIани, сыт хуэдиз гугъуехьрэ хьэзабрэ гъащIэм къытхуимыгъэтIылъами, балъкъэрхэм зытхъумэжыфащ. ХамэщIым щыдгъэкIуэдакъым ди хабзэр, ди анэдэлъхубзэр, псом нэхърэ нэхъыщхьэжыращи, ди напэр. Абы дызэрыщыIа илъэс 13-м къриубыдэу ди бжыгъэр мин 40-м нэдгъэсыжыфащ.
- Ди щIыналъэ дахэм зыщыдужьыжыным-кIэ дэIэпыкъуэгъушхуэ къытхуэхъуащ адыгэхэр. Нобэ псори зым дыхуолажьэ: ди лъэпкъхэм я пщIэрэ щIыхьрэ мыкIуэду, ди нэхъыжьыфIхэм щIэин лъапIэу къытхуагъэна хабзэхэр, бзэхэр зыхъумэн, езыгъэфIэкIуэн щIэблэ узыншэ къытщIэхъуэным. Тхьэм къыдигъэхъулIэ!
- КУЧИНАЕВ Ануар,
- КъБР-м щIэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ.
- 2016 гъэ
- Дэ къытхуатх
- Зэкъуэтыныгъэм и къарур
- Газетым и щIэджыкIакIуэхэм яхуэсIуэтэжыну хъыбарыр щыхьэт тохъуэ зэгурыIуэныгъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ къаруушхуэ зэрахэлъым. ЦIыху щхьэхуэр къэщIэрэщIэжыну хулъэмыкIми, гупым, жылагъуэм я дежкIэ а Iуэхур апхуэдизу гугъукъым, гукъыдэж зиIэхэр куэд хъумэ. КъэкIуэну зимыIэжу къыпщыхъу зэхущытыкIэхэр зэуэ къыщыщIэрэщIэж къохъу. ЗэгурыIуэ, зэдэIуэж, зэпэлъытэ цIыхухэм, лъэпкъхэм яку дэлъынри фIыгъуэшхуэщ.
- Сэ лъэпкъкIэ сыбалъкъэрщ. Ди унагъуэри хиубыдащ политикэ лей зытехьэу я щIыпIэм ирагъэIэпхъукIауэ щытахэм. Ди лъэпкъыр я щIыпIэм къагъэзэжыну хуит щащIа 1957 гъэм псоми зэуэ къэдгъэзыжыфауэ щытакъым: хэт занщIэу зыкъищтэри гъуэгу къытехьэжащ, адрейхэри къыкIэлъыкIуэ илъэсхэм къэIэпхъуэжащ, ещанэхэри хамэ щIыпIэм къыщынащ, ар псэупIэ тэмэм яхуэхъуну къалъытэри. Дэ дыщыпсэу Къэзахъстаным 1960 гъэм нэкIуауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэрым никIа щIалитI: зэдэлъхузэшыпхъум я бынхэу партым и Налшык къалэ комитетым и IэщIагъэлI Дзыгъуанэ СулътIанрэ Сэхъу Чэримрэ. Ди деж ныIухьэу сэлам къыдаха нэужь, абыхэм яIыгъ письмо цIыкIур ди анэм хуашиящ. Ар занщIэу щIыхьэжри, дакъикъэ нэхъ дэмыкIыу унэм ди адэр къыщIэкIащ, тхыгъэр иIыгърэ хьэщIэ мыцIыхухэм IэплIэешэкIкIэ япежьауэ. КъызэрыщIэкIамкIэ, письмо цIыкIур къэзытхыр ди благъэхэу Созаев Мухьэшрэ Шаваев Пагуэрэт. Абыхэм къатхырт: «Нэзир, мы адыгэ щIалэхэм, дэ дынэкIуатэмэ, укъызэрытIущIэнум, сэбэп укъызэрытхуэхъунум хуэдэу къахущыт». Абы псори къикIырт.
- Адыгэ лIитIыр къызытекIухьар хуабжьу Iуэхушхуэт. Зауэм и лъэхъэнэу бийр гъунэгъу къыщыхъум, 1942 гъэм, Налшык дэта сабий интернатыр Къэзахъ ССР-м и къалащхьэ Алма-Ата ягъэIэпхъуауэ щытащ. Ди деж мамыр гъащIэр щызэтраублэжа нэужь, интернатым и гъэсэнхэр ди щIыналъэм къашэжат, арщхьэкIэ абыхэм яхэтыжтэкъым зи ныбжьыр илъэси 6 хъууэ ираша Сэхъу Хьэбидэт. Я шыпхъум и кIуэдыпIэр СулътIанрэ Чэримрэ илъэс куэд лъандэрэ къалъыхъуэрт, зы лъэужьи темыхьэфIу. Мис, иджы аргуэру Къэзахъстаным къагъэзэжауэ арат, а Iуэхур зэрахуэу.
- Езым и анэкъилъху дыдэ къилъыхъуэм хуэдэущ ди адэр Iуэхум зэрыпэрытар. Апхуэдэ дыдэ гудзакъэ яIэт ар зрихьэлIэ балъкъэр, къэзахъ цIыхухэми. КъызэрыщIэкIамкIэ, сабий интернатым щыIа сабийхэр щIыналъэм и еджапIэхэм зырыз-тIурытIурэ трагуэшати, ахэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщашэжым, къакIэрыхуат Кузьминкэ къуажэм дэта интернатым щыIэ цIыкIухэм хагъэхьауэ щыта Сэхъу Хьэбидэт цIыкIур. Ди адэм къызэрихутамкIэ, иужькIэ ар пхъу ящIат къэзахъ унагъуэ гуэрым.
- Хъыджэбз цIыкIум и лъэужьым теувэ хуэдэу хъуат, ауэ, хэт ищIэнт ар къэзыщта унагъуэр иджы щыпсэур, абы зэрихьэ унэцIэр (Хьэбидэт унагъуэ ихьагъэнкIи хъунут, абы и ныбжьыр илъэс 20-м фIэкIат). НэгъуэщI гугъуехь Iэджи хэлът Iуэхум.
- Сытми, ди адэм запищIащ адэкIэ-мыдэкIэ къыщынауэ щыпсэу и ныбжьэгъу балъкъэрхэм. Абыхэм ящыщт «Красный Октябрь» колхозым щылажьэ Созаев Жэхьфар. Iуэхур зыIутыр къыщищIэм, ари гурэ псэкIэ иужь ихьащ къэлъыхъуэныгъэхэм. НаIуэ къызэрыхъуамкIэ, хъыджэбз цIыкIур Валиев зэщхьэгъусэхэм пхъу ящIауэ щытащ. Апхуэдэ унэцIэт зэрихьэр Жэхьфар и къуэ БатIал и егъэджакIуэм. Ар къагъуэтащ, къащIащ Хьэбидэт адэ-анэ хуэхъуахэм я унэри. АрщхьэкIэ а лъапсэр нэщIт: гъунэгъухэм зэрыжаIамкIэ, зэщхьэгъусэхэр дунейм ехыжащ, япхъу закъуэ Хьэбидэт хамэ къуажэ гуэрым унагъуэ щихьащ.
- Махуэ зыбжанэ ихьащ ихъуреягъым щыIэ жылэхэр къызэхэкIухьыным. Къэбэрдей-Балъкъэрым къикIа хьэщIэхэми, си адэми, абы и ныбжьэгъухэми мащIэ гъуэгуанэ зэпача адыгэ пщащэр къагъуэтын папщIэ, «Мыкъэзахъ бзылъхугъэ дэсу пIэрэ фи жылэм, Хьэбидэт и цIэу?» — псалъэухар я упщIэу. ИкIэм-икIэжым Хьэбидэт къыщагъуэтащ Ждановым и цIэр зезыхьэ колхозым. Зэкъуэшхэр я шыпхъум зэрыIущIар зи нэгу щIэкIахэм а теплъэгъуэр куэдрэ ягу илъащ. Анэкъилъху иIэу зымыщIэххэ Хьэбидэтрэ Чэримрэ апхуэдизу зэщхьти, зыр зэ зылъэгъуам адрейр абы лъыкIэ зэрыпыщIар къимыщIэнкIэ Iэмал иIэтэкъым. Зэдэлъхузэшыпхъухэр IэплIэ зэхуэщIынкIэ ирикъужыртэкъым. Апхуэдэ гуапагъэрэ IэфIыгъэкIэ адыгэ щIалэхэр яхуэупсэрт Хьэбидэт и бын цIыкуIищми. Ахэр псори нэмрэ псэмрэ хуахьырт, Тхьэр къазэрыхуэупсэжа фIыгъуэм и лъапIагъэр зыхащIэу.
- Апхуэдэу зэрыгъуэтыжащ Сэхъухэ Чэримрэ Хьэбидэтрэ. Адыгэ щIалэхэр зы тхьэмахуэкIэ щыхьэщIащ я благъэм, иужькIэ ди дежи щетIысэхыжащ. СулътIани, Чэрими, Хьэбидэти абы и щхьэгъусэм елъэIуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэIэпхъуэну, арщхьэкIэ Валиевхэ я унагъуэм яхуэбгынакъым я хэкур. Зи шыпхъур къэзыгъуэтыжа щIалэхм я дежкIэ нэхъыщхьэр ар зэрыпсэур, зэрыузыншэр, унагъуэ насып зэриIэр арати, ягурэ я щхьэрэ зэтелъу адэжь щIыналъэм къагъэзэжащ.
- Зэман дэкIри, ди унагъуэми къигъэзэжащ Къэбэр-дей-Балъкъэрым. Ди адэмрэ а адыгэ щIалэхэмрэ зэрымыгъэкIуэду куэдрэ зэрыIыгъащ. Ахэр Къэзахъстаным ныщыкIуам си адэр сэбэпышхуэ къазэрыхуэхъуар зэи ящыгъупщакъым СулътIани Чэрими. Къыщыдгъэзэжам щыгъуэ абыхэм къабгъэдэкI гулъытэ дахэ дгъуэтыжащ дэри.
- «Бгырэ бгырэ зэхуэзэркъым, зэхуэзэр цIыхурэ цIыхурэщ», — жеIэ псалъэжьым. Дызэкъуэту, дызэгурыIуэу зы лъахэм дызэдисщи, а фIыгъуэр дывгъэхъумэ псоми.
- СУЛТАНОВ Оюс,
- егъэджэныгъэм и ветеран.
- Шэджэм щIыналъэ, Щхьэлыкъуэ къуажэ
- ЩIэныгъэ
- Академик Энеев Тимур
- ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и Президиумым хэт, хьэршым епха IэнатIэхэмкIэ абы и къудамэм и унафэщI, механикэмкIэ, хьэрш ракетэхэр зэпкърылъхьэнымкIэ IэщIагъэлI Iэзэ, академик Энеев Тимур Магомед и къуэ балъкъэр лъэпкъым и бын пажэхэм ящыщщ. Ар Лениным и цIэкIэ щыIа Къэрал саугъэтым и лауреатщ. Хьэршыр джыным, ар къэгъэIурыщIэным теухуа и къэхутэныгъэхэм папщIэ щIэныгъэлI цIэрыIуэм къыхуагъэфэщащ Ленин, Бэракъ Плъыжь орденхэр, нэгъуэщIхэри. Абы и IэдакъэщIэкIхэм я нэхъыбэр хуолажьэ хьэршым яутIыпщ аппаратхэм я псынщIагъыр къэхутэнымрэ ахэр цIыхум и унафэм щIэгъэтынымрэ. Апхуэдэ и щIэныгъэ лэжьыгъэ купщIафIэхэм папщIэ Энеевым къратащ Цандер Ф. А. и цIэкIэ щыIэ дыщэ медалыр.
- ЭНЕЕВЫМ и сабиигъуэр Москва щигъэкIуащ. Курыт еджапIэм щыщIэса илъэсхэм Тимур дихьэхырт хьэршым теухуауэ Циолковскэм иIа гупсысэхэм. ЕсэпымкIэ, физикэмкIэ, астрономиемкIэ щIалэ гурыхуэм япэ къиувэ гупым яхэттэкъым. Ар щIэхъуэпсырт щIэныгъэхэм я лъагапIэхэм нэсыну.
- Хэку зауэшхуэм щIалэщIэм и мурадхэр къызэпиудами, Энеев Тимур хузэфIэкIащ Москва къэрал университе-тым щIэныгъэ лъагэ щызригъэгъуэтын. Ещанэ курсым щIэсу арат абы и курс лэжьыгъэм академик Келдыш, Космодемьянский сымэ гу щылъатам. Хьэршым лъатэ ракетэм и гъуэгур убзыхунымрэ ар цIыхум и унафэм щIэгъэтынымрэ теухуат студент Энеевым и япэ къэхутэныгъэр. Куэд дэмыкIыу Тимур и IэдакъэщIэкIыр щIэныгъэ журнал цIэрыIуэхэм къытрадзащ. Абы щыгъуазэ зызыщIахэм зы-жьэу жаIащ щIалэщIэм и лэжьыгъэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
- 1948 гъэм, еджэныр къиуха нэужь, Энеевым и щIэныгъэм щыпищащ аспирантурэм. Иджы абы и къэхутэныгъэхэм нэхъри зригъэубгъуат. Ахэр ятещIыхьат щIыналъэ жыжьэхэр зэпызычыф баллист ракетэхэм я псынщIагъыр убзыхунымрэ зэрылъатэ гъуэгур гъэнэIуэнымрэ. Балъкъэр щIалэм и къэхутэныгъэщIэхэм япкъ иткIэ, апхуэдэ ракетэхэр нэхъ жыжьэ лъэтэф хъуауэ щытащ. Апхуэдэ лэжьыгъэ купщIафIэ зи къалэмыпэм къыщIэкIа Тимур и кандидат диссертацэр ехъулIэныгъэкIэ пхигъэкIащ икIи физико-математикэ щIэныгъэхэм я кандидат цIэр къыфIащащ.
- ЩIэныгъэхэм я доктор хъун папщIэ, Энеевым хэхауэ зы лэжьыгъэ гуэри игъэхьэзыракъым. ЩIэныгъэхэмкIэ СССР-м и Академием и Президиумым хэтхэм зэдэарэзы-уэ а цIэ лъапIэр ди лъахэгъум къыфIащащ, япэ IэрыщI спутникыр хьэршым утIыпщыным хилъхьа лэжьыгъэшхуэр къалъытэри.
- ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 50 гъэхэм Энеевыр щылэжьащ СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием Стеклов Владимир и цIэкIэ иIэ Математикэ институтым. Сыт хуэдэ унэтIыныгъэкIи ядэхъуу, пэрыту ар ядэлэжьащ дуней псом щыцIэрыIуэ академикхэу Келдыш, Годунов, Тихонов, Гельфанд, нэгъуэщIхэми. Езыри щIэныгъэм и дунейм къыщалъытащ.
- Зи ныбжьыр илъэс 95-рэ ирикъу Энеев Т. М. Ленин саугъэтым и лауреатщ (1957 гъэ). Ар ноби дехьэх космогонием, астрофизикэм, планетэхэм я зэхуаку щызекIуэ спутник системэ лъэщ зэтеубла зэрыхъуным йолэжь.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.
- Гундэлэн теухуа псалъэ
- Хэку зауэшхуэм нэмыщI, ХХ лIэщIыгъуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэм я нэгу щIэкIа гуауэт 1944 гъэм ди къуэш балъкъэр лъэпкъыр залымыгъэкIэ я лъахэм зэрырагъэкIар. Ди республикэ зэщIэкъуа мыиным зэныбжьэгъурэ зэакъылэгъуу щызэдэпсэу адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ игъащIэ лъандэрэ лъэныкъуэ куэдкIэ зэрыIыгъщ. Иригушхуэу ахэр ирагъэщхь зи дамитIыр шэщIа къуршыбгъэ уардэм.
- ФIыуэ сощIэж зи жьэгу пащхьэр 1944 гъэм зрагъэбгына лIыжьхэр, фызыжьхэр, сабийхэр зэщIэгъуагэу хэкум щраша а гъатхэ махуэ жагъуэр.
- Зеикъуэрэ Гундэлэнрэ зэбгъэдэсти, куэд зэрыцIыхурт, зэныбжьэгъуфIхэт, благъагъкIэ зэрыубыдахэри мащIэтэкъым. А махуэ хьэлъэм зеикъуэдэсхэр къэхъуам игъэгуитIщхьитIу километри 10-кIэ гъуэгум и лъэныкъуитIми щиувыкIат. Тлъагъур гущIыхьэт, зи лъахэм ирагъэкI ди къуэшхэм дазэрыдэIэпыкъун Iэмал гуэри щыIэтэкъым.
- Абы лъандэрэ илъэс куэд дэкIами, си нэгу щIэкIауэ щытар ноби сщыгъупщэркъым, дыджу си гум къинащ.
- Балъкъэрхэр хамэ щIыпIэ жыжьэм зэрыщыIа илъэс 13-м къриубыдэу сэ епщIанэ классыр къэзухщ, институтым сыщеджэри, инженер-электрик IэщIагъэр сиIэу къэзгъэзэжащ. Ар ирихьэлIат балъкъэр лъэпкъым лъахэм къыщигъэзэж зэманым. Абы и щIыхькIэ зэрыреспубликэу гуфIэгъуэм хэтт. Зеикъуэрэ Гундэлэнрэ я зэхуакум щыIэ нэхъ щIыпIэ дахэм дежи зэхыхьэ гукъинэж щызэхашат. Зэраубзыхуам тету, зэIущIэр егугъуу къызэрагъэпэщат. Ар мыхьэнэшхуэ зиIэ политикэ Iуэхугъуэу зэрыщытым и щыхьэтт партым и обкомым, республикэм и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым, Правительствэм я лIыкIуэхэр зэрахуеблэгъар. Зэхыхьэ гуапэр езыгъэкIуэкIар партым и Iуащхьэмахуэ щIыналъэ комитетым и тхьэмадэ Къущхьэ Гъумарт. Мы Iуэху дахэм ирихьэлIат цIыху мин зыбжанэ.
- Сэ къэзгъэщIам къитIасэу сщIэжыркъым апхуэдиз цIыху хэту, зэщIэкъуауэ, гукъинэжу Зеикъуэрэ Гундэлэнрэ дэсхэм къызэрагъэпэща а зэIущIэм хуэдэ срихьэлIауэ.
- Балъкъэрхэм зэрызаужьыжа щIыкIэри си нэгу щIэкIащ. Къэтщтэнщ Гундэлэн жылагъуэр. Къагъэзэжа нэужь, блэкIа илъэс 20-м къриубыдэу ар хъуат республикэм и къуажэ нэхъ зэIузэпэщхэм ящыщ зы. Адрей балъкъэр жылагъуэхэми хуэдэу, абы дэсхэм яIэрыхьат токыр, псыр. КъатитIу зэтет, зыуэ щыт унэхэр зыхэт сымаджэщ комплекс екIу, тIысыпIэ 400 зиIэ кинотеатр, ЩэнхабзэмкIэ унэ, къатищу зэтет курыт еджапIэ, макъамэмкIэ школ, универмаг, тыкуэни 8, библиотекэ, сабий гъэсапIэ, музей, нэгъуэщIхэри щаухуащ.
- 1989 гъэм цIыхухэр зэрабжам къызэригъэлъэгъуамкIэ, щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ балъкъэрхэр Урысейм и мызакъуэу СССР-м япэ щищауэ щытащ. Дуней псом къыщацIыху Энеев Тимур, Кулиев Къайсын, Зумакуловэ Танзиля сымэ, цIэрыIуэхэщ Рахаев Анатолэ, Таукенов Магомед, Казаков Исхьэкъ, Бабаев Ибрэхьим, Мокаев Магомед сымэ.
- Иригушхуэу къраIуэ Гундэлэн къуажэм и цIыху цIэрыIуэхэм я цIэхэр. Апхуэдэщ Мусукаевхэ зэадэзэпхъу Ахъмэтрэ Шамсарэ, Геттуев Магомет, Хутуев Хьэнэфий, Макитов Сэфар, Чеченов Хъусейн, Залиханов Жанакъаит, Эфендиевхэ Сэлихьрэ ФуIэдрэ, Теппеев Алим сымэ. Мы къуажэм къыдэкIащ щIэныгъэм и кандидату 50, зы академик, Урысейм и ТхакIуэхэмрэ Журналистхэмрэ я союзхэм хэту цIыху 30 хуэдиз.
- И щхьэм кърикIуауэ щытар лIыхъужьыгъэ хэлъу къызэзынэкIа балъкъэр лъэпкъ гуащIафIэр щапхъэ къигъэлъагъуэу, хуэфащэ увыпIэ иIыгъыжу республикэм и лъэпкъыбэм къыдокIуэкIри, и къэкIуэнур, и пщэдейр нэхъ дахэж ирехъу.
- КЪУЩХЬЭ Мухьэжид.
- УФ-м, КъБР-м щIыхь зиIэ я энергетик.
- 2014 гъэ
- Гуртуев Сэлихь
- ЗЭМАНЫМ И УАСЭР
- Нэхъыжь къалэным и гугъуагъыр
- Иджы къэтщIэну къытхуихуащ…
- Ди щхьэцым феплъыт и хужьагъым, —
- Куэд щIауэ щIалэгъуэр иухащ.
- Къыр натIэм къехуэхын къудейуэ,
- Телъ уэсым жьыгъэр изогъэщхь.
- «ИтIани, телътэм арт мыхъейуэ», —
- Сэ жысIэу си щхьэр хузогъэщхъ.
- СызоупщIыж сэ куэдрэ моуэ:
- «Сыт щыслъэкIар дунейм щысщIэн?»
- СлъэкIар сфIэмащIэщи, сигу къоуэ,
- Абы иджыри куэд пысщэнт…
- ИтIани си гур тIэкIу согъэфIыр:
- IуэхуфI мымащIи сэ злэжьащ,
- Си усэр лъэпкъым, хэкум IэфIу
- Сигу яхуилъ псомкIи схуэгъэнщIащ.
- Мусукаевэ Сэкинат
- УИ НИТIЫМ СЫЩIОПЛЪЭ
- Уи нитIым си гуапэу сыщIоплъэ, —
- Абыхэм насыпыр щопсэу.
- Сэ ахэр слъагъуным сыпоплъэ,
- СщIыгъуну сыхуейт гъащIэ псом.
- Гуапагъэ абыхэм щызгъуэтмэ,
- Къысщохъур уэшх хуабэм сыхэт,
- Гъунэгъуу сэ уэ узбгъэдэтмэ,
- Iуэху жьгъейхэр къысфIощIыр текIуэт.
- Къысщохъур ди гъащIэм пщIыхь хуэдэу:
- Уолъыхъуэ — къэбгъуэткъым зыгуэр.
- А псори мэбзэхыр, мэкIуэдыр
- УсщIыгъумэ — къэслъыхъуэр сэ уэрт.
- Уи нитIым сэ гуапэу сыщIоплъэ, —
- ГуфIэгъуэ абыхэм къызат.
- Сэ ахэр слъагъуным сыпоплъэ,
- Сыт щыгъуи сщIыгъуатэм арат.
- Усэхэр зэзыдзэкIар КЪАГЪЫРМЭС Борисщ.
- Гъуазджэ