ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Март, 2019

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В. ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуэм теухуа и хъуэхъу

2019-03-07

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и бзылъхугъэ лъапIэхэ!
  • ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуэмкIэ си гуапэу сынывохъуэхъу!
  • Мы гуфIэгъуэ дахэм гурыщIэ нэхухэмкIэ ди псэр егъэхуабэ. А махуэм дэ догъэлъапIэ фи дахагъэмрэ гуапагъэмрэ, акъылымрэ тэмакъкIыхьагъымрэ. Фэ гъащIэр нэхъ хэIэтыкIа, гупсэху, гуапэ фощI. Фэ насып фиIэн папщIэ лIыхъужьыгъэхэр ялэжь икIи къызэрыгуэкI Iуэхухэр зэфIагъэкI.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Зэхуэдэныгъэр къыщежьэр

2019-03-07

  • Дунейр къызэриухуэрэ цIыхубзхэр нэхъ дэкъузауэ, я хуитыныгъэхэр нэхъ мащIэу къогъуэгурыкIуэ. А зэхуэмыдэныгъэм и Iэужьхэр ноби гъащIэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыболъагъу. Жыжьэ дыIэбэнкъыми, Урысейм и цIыхубзхэм мы зэманым я курыт лэжьапщIэр зэрыхъур цIыхухъухэм я улахуэм и процент 75-рщ. Пэжщ, ар елъытауэ къыщIэкIынущ я лэжьыгъэм и хьэлъагъми.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Обозревателым и псалъэ

Саугъэтыр ещанэу къыхуагъэфащэ

2019-03-07

  • Урысейм и спорт журналистхэм я федерацэм къызэрилъытамкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсмен цIэрыIуэ, лъагэу дэлъеинымкIэ дуней псомрэ Европэмрэ я иджырей чемпион Ласицкене (Кучинэ) Марие 2018 гъэм ди къэралым и спортсмен нэхъыфIипщIым хагъэхьащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр

Уегъэгупсысэ, дерс къыхыбох

2019-03-07

  • Теолог, егъэджакIуэ, юрист Хъуажь Фахъри и Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъыщIэ иджыблагъэ дунейм къытехьащ. «Уэрамэ, сыт ебгъэщIэнт?» жыхуиIэ къыдэкIыгъуэм щызэхуэхьэсащ Iуэтэж ущиехэр. Тхылъ гъэщIэгъуэным пэублэ псалъэ хуатхащ филологие щIэныгъэхэм я докторхэу, профессорхэу Гъут Iэдэмрэ БакIуу Хъанджэрийрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ

2019-03-07

Анэ насыпыфIэ. Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

2019-03-07

  • Гуапагъэрэ хуабагъэрэ  къызыбгъэдэкI Токъу Сарэ
  • Токъу (Гъуэныбэ) Сарэ Михаил и пхъур Тэрч щIыналъэм хыхьэ Мэртэзей (Дейскэ) къуажэм 1949 гъэм къыщалъхуащ. Курыт школыр 1967 гъэм къиуха нэужь ар щIэтIысхьащ куэд щIауэ и псэм щигъафIэ, зыщIэхъуэпс егъэджакIуэ IэщIагъэм щыхуагъэхьэзыру Налшык къалэ дэт училищэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

2019-03-07

  • Къардэн Олеся и гурыфIыгъуэхэр
  • Ди республикэм щыпсэу бзылъхугъэхэм мымащIэу къахэкIащ егъэджакIуэ нэсхэр. ЗэрыжаIэщи, IэщIагъэр гурэ псэкIэ къыхэзыха, ар гъащIэ гъусэу къэзылъытэ цIыхухэращ лэжьыгъэм гукъыдэжрэ дэрэжэгъуэрэ щызыгъуэтхэр, абы и хъер зылъагъухэр. Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм илъэс 25-м нэсауэ пэрыт Къардэн (Мамхэгъ) Олеся ящыщщ зи гугъу тщIы лэжьакIуэфIхэм. Абы къызэрилъытэмкIэ, егъэджакIуэфIым щIэныгъэфI бгъэдэлъу щытыныр мащIэщ — абы щIыгъуу егъэджакIуэм хэлъыпхъэщ гъэсэныгъэ екIурэ зэхэщIыкI куурэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Мы махуэхэм

2019-03-07

  • Гъатхэпэм и 7, махуэку
  • 1876 гъэм Шотландием щыщ къэхутакIуэ, щIэныгъэлI, США-м щыпсэуа Белл Александр телефон къызэригупсысам щыхьэт техъуэ тхылъ къратащ.
  • 1943 гъэм Сталин Иосиф Совет Союзым и Маршал цIэр фIащащ.
  • 1944 гъэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ къэрал комитетым и УнафэщI Сталин Иосиф Молотовым и цIэр зезыхьэ колхозым и парт организацэм и секретарь Къашыргъэ ХьэпащIэ фIыщIэ къыхуищIат Дзэ Плъыжьым зэрызыщIагъэкъуам папщIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ

2019-03-07

  • 1 КъБР «Мир» канал
  • Блыщхьэ, гъатхэпэм и 11
  • 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 6.30 «НэгъуэщI плъыфэхэр». Журналист Чэнджэщауэ Артур (адыгэбзэкIэ) (12+)
  • 6.55 «Хъуромэ». Сабийхэм папщIэ нэтын (адыгэбзэкIэ) (6+)
  • 7.15 «ПэщIэдзэ». Газаевэ А. (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Нэтынхэр

2019-03-07

Зыхыхьэхэр: Махуэгъэпс