ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

КъэкIуэнум хуоплъэ

2019-03-28

  • Илъэс 20-м щIигъуауэ (1995 гъэ лъандэрэ) гъатхэпэм и 28-р ди республикэм щыдогъэлъапIэ Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэу. А лъэпкъым ехьэлIауэ захуагъэр тепщэ щыхъужа а махуэшхуэр гъэувыным лъабжьэ хуэхъуащ 1957 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым къыдигъэкIауэ щыта Унафэр. Абы ипкъ иткIэ къащтащ «Къэбэрдей АССР-р Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-у зэхъуэкIыным и IуэхукIэ» республикэ хабзэр. Апхуэдэу зэфIагъэувэжащ Балъкъэр лъэпкъым и къэралыгъуэр.

  • Гъатхэпэм и 8-м 1944 гъэм балъкъэрхэр я щIыналъэм залымыгъэкIэ ирахуауэ щытащ. Ахэр Азие Курытымрэ Къэзахъстанымрэ я щIыпIи 120-м хагуэшат. Абыи къыщымынэу, къэрал унафэ хэхакIэ абыхэм я къэралыгъуэр щымыIэжу къалъытат.
  • Лейр зэи гъуркъым — зэман докIри, щIэпхъаджагъэхэр зи IэрыкIхэм хуэфэщэн къалъос, захуагъэри тепщэ мэхъуж. Балъкъэрхэм я дежи щыкъутакъым гъащIэ хабзэр. ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 50 гъэхэм и етIуанэ Iыхьэм Хрущёв Никитэ и фIыгъэкIэ щIадзащ залымыгъэкIэ зи лъахэ ираша лъэпкъхэр хей щIыжыным и Iуэхур.
  • Дауи, хэкум къагъэзэжыну хуит ящIа лъэпкъ псор къэбгъэIэпхъуэжыныр Iуэху тынштэкъым: балъкъэрхэр ипэкIэ зыдэса къуажэхэм я нэхъыбэр зэхэкъутати, псэупIэхэр яхурикъуртэкъым. Къэрал унафэщIхэр Iуэхум зэрегугъум нэмыщI, мыхьэнэшхуэ иIэт балъкъэрхэр къызыхы-хьэж лъэпкъхэр абыхэм къазэрыIущIэну щIыкIэми. И гъунэгъу мэжалIэмэ, абы и гуэныхьыр езым къихьу къэзылъытэу ноби псэу адыгэхэр гуапэу яIущIэжащ я къуэш балъкъэрхэм. Лей зытехьахэм ахэр ядэгуэшащ псэупIэкIи, ерыскъыкIи, щыгъынкIи. Адыгэхэри республикэм ис адрей лъэпкъхэри балъкъэрхэм зэрадэIэпыкъуам и фIыщIэкIэ псынщIэу зэфIэкIащ цIыхухэр къегъэблэгъэжыным, лэжьапIэ гъэувыным ехьэлIа Iуэхухэр.
  • РСФСР-м и Министрхэм я Советым 1957 гъэм къищта унафэм ипкъ иткIэ, дэтхэнэ унагъуэми кредиту иратащ псэупIэ яухуэн папщIэ сом мини 10, унэхэр зэрагъэпэщыжын папщIэ сом мини 3, Iэщ къращэхуну сом мин 1,5-рэ. ИужькIэ а щIыхуэ псори хуагъэгъуащ. ИлъэситIым къриубыдэу унэщIэ мини 7-м щIигъу яухуащ, унагъуэ миным нэблагъэм къэрал фэтэрхэр иратащ. Апхуэдэу щIидзащ балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм.
  • 1959 гъэм ирихьэлIэу къулыкъушхуэхэм пэрытт балъкъэри 100-м нэблагъэ. Курыт IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэрахьэрт 500-м щIигъум. Гулъытэшхуэ хуащIырт щIэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ зегъэужьыным. Куэд хыхьащ уэрэдымрэ къафэмкIэ «Кабардинка» ансамблым, къэрал филармонием. СССР-м, КъБАССР-м я тхылъ тедзапIэхэм къыщыдэкIащ балъкъэр литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа Мечиев Кязим, тхакIуэ цIэры-Iуэхэу Кулиев Къайсын, Шахмурзаев Сэхьид, Гуртуев Берт, Отаров Керим сымэ, нэгъуэщIхэми я IэдакъэщIэкIхэр.
  • Iуэхур хуабжьу ирагъэфIэкIуащ блэкIа лIэщIыгъуэм и 80 гъэхэм я кIэухым, 90 гъэхэм я пэщIэдзэм Балъкъэр лъэпкъыр хей щIыжыным теухуауэ къэралым къыщыдагъэкIа унафэхэм. 1991 гъэм мэлыжьыхьым и 26-м РСФСР-м и Совет Нэхъыщхьэм къищтащ «Лей зытехьа лъэпкъхэр хей щIыжыным и IуэхукIэ» хабзэр. КъыкIэлъыкIуэ илъэсхэм КъБР-м и Президентымрэ Правительствэмрэ я жэрдэмкIэ Урысей Федерацэм къыщащтащ балъкъэрхэм ехьэлIауэ мыхьэнэшхуэ зиIэ унафэ зыбжанэ. Лъэпкъыр зэрырагъэкIрэ илъэс 50 зэрырикъум тещIыхьауэ иужькIэ къащта унафэхэм пащащ балъкъэр лъэпкъыр хей щIыжыным и Iуэхум.
  • 1995 гъэм балъкъэрхэм ирагъэкIуэкIа референдумым ипкъ иткIэ, Iуащхьэмахуэ, Шэрэдж районхэр зэфIагъэувэжащ. Налшык и Долинск щIыпIэм щаухуащ залымыгъэм и фэбжь зэкIахэм я архитектурэ мемориал гъуэзэджэ. Абы хэтщ лъэпкъым и усыгъэм и вагъуэ Кязим и кхъащхьэр икIи ар балъкъэрхэм я бэшэчыгъэм, лIыгъэм, быдагъэм я фэеплъ хъуащ.
  • Нобэ лъэпкъыр зыужьыныгъэм и гъуэгум ирокIуэ. Балъкъэрыбзэр мы зэманым адыгэбзэмрэ урысыбзэмрэ я гъусэу къэралыбзэщ. АбыкIэ утыку щохьэ телевиденэкIи радиокIи, газетхэр, журналхэр, зэреджэ тхылъхэр, псалъалъэхэр традзэ, балъкъэр тхакIуэхэм я тхыгъэхэр къыдагъэкI. Хей зэращIыжрэ блэкIа илъэсхэм балъкъэрхэм къахэхъукIащ еджагъэшхуэ, литератор, артист, спортсмен, политикэ лэжьакIуэ, лъэпкъым и щIыхьыр къэзыIэтыжа цIыху гуащIафIэ щэ бжыгъэхэр.
  • Ягъэва гуауэр ящымыгъупщэу балъкъэрхэр япэкIэ мэкIуатэ, фIэщхъуныгъэ ин яхэлу къэкIуэнум хуоплъэ. Республикэм щыпсэу адрей лъэпкъхэми хуэдэу, я къару псори ирахьэлIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым нэхъри зиужьыным, абы мамырыгъэрэ захуагъэрэ, зэгурыIуэныгъэрэ зэIузэпэщыныгъэрэ илъыным.
  • ЖЫЛАСЭ Маритэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист.
  •  
  • Апхуэдэ гъащIэт ди псэм къилъыхъуар
  • ИужькIэ дэ уIэгъэ куэд дгъуэтащ.
  • Гузэвэгъуэшхуэ къыхыхьат ди гъащIэм,
  • Иухуэу ди плIэр, дыкъызэфIигъащIэу.
  • Ауэ ди лIакъуэр абыи къелащ,
  • Насыпыншагъэм дыхуэмыгъэлIа.
  • Аргуэру ди бзэр щыIужащ ди къуршхэм,
  • Ди лъэпкъри ядопсэу ди лъэпкъ зэкъуэшхэм.
  • А гуфIэгъуэшхуэр дигухэм щыпсэунщ,
  • ХъыбарыфI псоми я щхьэу ар щытынщ.
  • Пэрыхьэжащ щIыр зывэр и лэжьыгъэм,
  • Пэрытхэм Iэщым къагъэлъагъуэ лIыгъэ.
  • Бахъсэн щыпсэухэм икIи шэрэдждэсхэм
  • Я бынхэр еджэу нобэ школхэм щIэсхэщ.
  • Зэгуэр дунейр дэ кIыфI къыщыттехъуам,
  • Апхуэдэ гъащIэт ди псэм къилъыхъуар!
  • Кулиев Къайсын.28