Зымыдэхэри щыIэщ
2019-03-28
- Къэзахъстаным и Iэтащхьэ Токаев Къасым-Жомарт Iэ тридзащ Астана и цIэр Нур-СулътIан къалэу зэхъуэкIыным теухуа унафэм.
- Къэралым и щыхьэрым апхуэдэ щIыкIэкIэ фIащащ япэ президент Назарбаев Нур-СулътIан и цIэр.
- Республикэм и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ар ямыдэу пэкIухэр щрагъэкIуэкIащ. Оппозицэм жеIэ Елбасы (лъэпкъым и адэ-Ред.) и пщIэр цIыхухэм залымыгъэкIэ кърагъэIэту. ЗыкъэзыIэтахэм ящыщу пщIыхэр яубыдащ. «Ак Жол» партым къыхилъхьащ Павлодар, Петропавловск, Семеи (Семипалатинску щытам) Урысей империем и бжьым къыщIэкIы-ным щIэбэна къэзахъ лIыхъужьхэм я цIэ-хэр фIащыну.
- Мы зэманыр Къэзахъстаным зэблэкIыгъуэ лъэхъэнэу щыщытщ. Назарбаевыр и къулыкъум текIа иужь, куэдым къалъытэ а республикэм урысхэр замыгъэгувэу къикIыжыну.
- Урысхэр гуитIщхьитIщ. Зы лъэныкъуэкIэ, властхэр абыхэм зыкIи япэщIэуэ хуэдэкъым, арщхьэкIэ къэзахъ ныбжьыщIэхэр Интернетым нэхъыбэрэ щытепсэлъыхь хъуащ «хамэхэр» Къэзахъстаным зэрырагъэкIыжынум.
- Фигу къэдгъэкIыжынщи, блэкIа лIэщIыгъуэм и 90 гъэхэм я пэщIэдзэм мы щIыналъэр ябгынащ урысхэу, нэмыцэхэу мелуаным щIигъум. Иджыпсту Къэзахъстаным икIыжхэм я бжыгъэр илъэ-сым мин 40-м нэсыркъым. Абы къыдэкIуэ-уи псалъэмакъ зэмылIэужьыгъуэхэр йо-кIуэкI. Псалъэм и хьэтыркIэ, къэзахъыб-зэр латин алыфбейм хуэгъэкIуэным теухуауэ.
- Мыри щIыгъужын хуейщ: Урысейр къигъэныбжьэгъу пэтми, Къэзахъстаныр хуейкъым КъухьэпIэм хуиIэ зэхущытыкIэхэр зэIигъэхьэну.