ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Март, 2019

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В. Щэнхабзэм и лэжьакIуэм и махуэм теухуа и хъуэхъу

2019-03-23

  • ПщIэ зыхуэсщI ныбжьэгъухэ!
  • Гъэ къэс гъатхэпэм и 25-м ди къэралым щагъэлъапIэ Щэнхабзэм и лэжьакIуэм и махуэр. А махуэм дэ я пщIэр доIэт цIыхубэм я щэнхабзэмрэ зэхэщIыкIымрэ зегъэужьыным зи лэжьыгъэр хуэунэтIахэм. Фызыпэрыт Iуэхум, ар библиотекэу, музейуэ, щэнхабзэ унэу, театру щрети, емылъытауэ, фэ щIэныгъэм и нурыр фи псэм хэлъщ икIи къалэн лъапIэр щIыхь пылъу фогъэзащIэ. Къыпхуэмылъытэным хуэдизщ Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ хьэлэмэтыр хъумэным, щIэблэхэм я зэпыщIэныгъэхэр къызэгъэпэщыным, ди цIыхубэм я зэкъуэтыныгъэр гъэбыдэным хуэгъэзауэ фэ зэфIэвгъэкIхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Зэгъунэгъу щIыналъиплIым я Iэтащхьэхэр Налшык щызэхуэзащ

2019-03-23

  • Налшык иджыблагъэ щызэхуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек, Ставрополь крайм и губернатор Владимиров Владимир, Адыгей Республикэм и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат, Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рашид сымэ. Ахэр тепсэлъыхьащ нэхъ зэфIэкIышхуэ зиIэ сабийхэм я Iэзагъэм щыхагъахъуэ центрхэр щIыналъэхэм, школ, вуз нэхъыфIхэм къыщызэгъэпэщыным теухуауэ УФ-м и Президент Путин Владимир Федеральнэ Зэхуэсым Зэрызыхуигъэзам къыщыгъэлъэгъуа Iуэхухэр дэгъэкIынымкIэ хэкIыпIэхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЦIыху 82-м унэ къалъос

2019-03-23

  • Гъатхэпэм и 21-м Налшык къалэ щекIуэкIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек, УФ-м и МВД-м Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щиIэ управленэм и унафэщI, полицэм и генерал-лейтенант Бачурин Сергей, УФ-м и Президентым полномочнэ лIыкIуэу ди щIыналъэм щиIэм и аппаратым и инспектор нэхъыщхьэ Ткачёв Евгений, КъБР-м и Парламентым и лIыкIуэ Кривко Михаил, КъБР-м къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министр Ромашкин Игорь, къулыкъущIэхэмрэ унафэщIхэмрэ зыхэта зэIущIэ дахэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хъыбар гуапэ

КъалэныщIэхэр яубзыху

2019-03-23

  • КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ щекIуэкIащ абы и коллегием хэтхэм я зи чэзу зэIущIэ. Абы къыщапщытэжащ илъэс блэкIам IэнатIэм хузэфIэкIа Iуэхугъуэхэр, апхуэдэуи щаубзыхуащ 2019 гъэм къапэщылъ къалэныщIэхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Мы махуэхэм

2019-03-23

  • Гъатхэпэм и 23, щэбэт
  •  Метеорологием и дунейпсо махуэщ
  •  Урысейм и Гидрометеорологие IэнатIэм и лэжьакIуэхэм я махуэщ
  •  1876 гъэм урыс инженер Яблочков Павел электрокъарукIэ лажьэ лампIым и патент къратащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЛъэпкъылI, щIэныгъэлI Iэзэ

2019-03-23

  • ЦIыпIынэ Аслъэн къызэралъхурэ пщэдей илъэс 60 ирокъу
  • ЩIэныгъэлI, филологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЦIыпIынэ Аслъэн псэужамэ, гъатхэпэм и 24-м и ныбжьыр илъэс 60 ирикъунут. IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным, пасэрей адыгэхэм къытхуагъэна ди хабзэ дахэхэр къэгъэщIэрэщIэжыным зи гуащIэри зи зэфIэкIри езыхьэлIа щIэныгъэлIым и псэугъуэ дахэт.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2019-03-23

  • Шхыныгъуэхэр
  • КIэртIоф пIастэ
  • Бжьыныщхьэ укъэбзар тыкъыр цIыкIуурэ яупщIатэ, шыуаным ит тхъу къэплъам хакIутэри, зэIащIэурэ ныкъуэлыбжьэ ящI. Шыбжий сыр хьэжа хаудэри, хьэзыр хъуху ягъэлыбжьэ (тхъуэплъ дахэ хъуху). ИтIанэ кIэртIоф укъэбзар халъхьэ, ар щIимыгъэнапэу псывэ щIакIэ, шыгъу хадзэри шыуаныщхьэр тепIауэ, мафIэр ешэхауэ хьэзыр хъуху, псыр щIэвэщIэху, ягъавэ. КIэртIоф вар шыуаным зэрилъу бэлагъкIэ е убалъэкIэ яущэб щабабзэ хъухукIэ. Хьэзыр хъуа кIэртIоф пIастэм бжьын гъэлыбжьар хэшыпсыхьауэ, гъуафэу, мэ гуакIуэ къыхихыу щытын хуейщ. Хуабэу тепщэчкIэ Iэнэм трагъэувэ. Дашх шатэ, кхъуей, шэ щIэмыху, шху.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Малъхъэдис