Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В. Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэ махуэм теухуа и хъуэхъу
2019-03-28
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
- МахуэшхуэмкIэ — Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэ махуэмкIэ си гуапэу сынывохъуэхъу.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм мыхьэнэ хэха щызиIэ а пIалъэр пэжымрэ захуагъэмрэ я дамыгъэу уващ. Республикэм и дежкIэ лъэпкъпсо мыхьэнэ зиIэ а махуэм дэ балъкъэр лъэпкъым социально-экономикэ, щэнхабзэ, щIэныгъэ зыужьыныгъэм и лъэныкъуэкIэ къихьа ехъулIэныгъэхэм, абы и гурыщIэ лъагэмрэ зэфIэкIышхуэмрэ дрогушхуэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым, зэрыщыту Урысейм ис адрей лъэпкъхэм ящIыгъуу ар пщэдейрей махуэм фIыкIэ хоплъэ икIи мамырыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмрэ я гъуэгум тету тегушхуауэ япэкIэ макIуэ.
- Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэр дэ псоми ди зэхуэдэ унэу щыт, ди къэкIуэнум папщIэ хуабжьу дыхуэсакъыу тхъумэн хуей Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр щызэфIагъэувэжа махуэу уващ. Апхуэдэу дяпэкIи щытынущ икIи абыкIэ шэсыпIэ быдэщ ди зэкъуэтыныгъэр, зэныбжьэгъугъэр, зэкъуэшыгъэр мыкъутэжыну зэрыбыдэр.
- Республикэм ис псоми мамырыгъэ, фIыгъуэ, насып, ефIэкIуэныгъэ яIэну си гуапэщ.