ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Март, 2019

КIуэкIуэ Казбек Кърым Республикэмрэ Севастополь къалэмрэ я унафэщIхэм, абыхэм щыпсэу цIыхухэм юбилеймкIэ йохъуэхъу

2019-03-19

  • «Илъэситху япэкIэ, 2014 гъэм гъатхэпэм и 18-м, тхыдэм и пэжыгъэр зэтеувэжащ — Кърым Республикэмрэ Севастополь къалэмрэ Урысей Федерацэм официальнэу къыхыхьэжащ.
  • А щIыналъэм исхэм, Урысейм и цIыху псоми махуэшхуэмкIэ — Кърымыр Урысейм къыщыхыхьэжа махуэмкIэ сохъуэхъу.
  • Мамырыгъэ, гуапагъэ, ефIэкIуэныгъэ фиIэну си гуа­пэщ!» — къыщыгъэлъэгъуащ КъБР-м и Iэтащхьэм и­ къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек и теле­граммэм.
  • КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
  • Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

Нартан дащIыхь Щэнхабзэ унэм федеральнэ бюджетым къыхэкIыу сом мелуан 21-рэ хухах

2019-03-19

  • Абы теухуа унафэм Iэ щIидзащ Урысейм и Правительствэм и УнафэщI Медведев Дмитрий.
  • ЦIыху 400 щIэхуэну Нартан къуажэм «Щэнхабзэмрэ  туризмэмрэ зегъэужьыныр» къэрал прог­раммэм ипкъ иткIэ хухаха ахъшэр мы гъэмрэ къы­кIэлъыкIуэ илъэсымрэ къагъэсэбэпынущ икIи а зыгъэпсэхупIэ IуэхущIапIэр 2020 гъэм къриубыдэу къызэIуахынущ.
  • КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
  • Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

2021 гъэм и кIэм нэсыху Къэбэрдей-Балъкъэрым сабий сад 29-рэ щащIынущ

2019-03-19

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым 2021 гъэм и кIэм нэсыху сабий сад 29-рэ щащIынущ икIи зи школ кIуэгъуэ мы­хъуа цIыкIухэм ящыщу мини 2 абыхэм екIуэлIэнущ.
  • Ухуэныгъэхэр ирагъэ­кIуэкIынущ «Демографие» лъэпкъ проектым хиубыдэу. Мы Iуэхум трагъэкIуэдэн ­папщIэ республикэ бюджетым къыIэрыхьэнущ сом меларди 2 хуэдиз.
  • Дызэрыт илъэсым хьэзыр ящIынущ нэхъыщIэ дыдэхэм ящыщу 860-м ятещIыхьа ухуэныгъэ зэмылIэу­жьыгъуэу 19.
  • КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
  • Правительствэмрэ я
  • пресс-IуэхущIапIэ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

БищIомрэ ЗэкIуиймрэ Дунейпсо кубокыр къахь

2019-03-19

  • Щэбэтымрэ тхьэмахуэмрэ Якутск къалэм щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ Дунейпсо кубокыр къэхьынымкIэ зэхьэзэхуэ ин. Хэгъэрейхэм къищы­нэмыщIауэ, США-м, Тыркум, Ираным, Японием, Кубэм, Монголием, Куржым я командэ лъэщхэр къызрихьэлIа зэпеуэм Урысей Федерацэм и гуп къыхэхам текIуэныгъэр къыхуэзыхьахэм яхэтащ адыгэ щIалэхэу ЗэкIуий Анзоррэ БищIо Тимуррэ.

  ЗэкIуий Анзор

  • ЦIыху минищ зыщIэхуэ Якутск и «Триумф» спорткомплексым гъатхэпэм и 16-мрэ 17-мрэ IэпэдэIупIэ иIэтэкъым. Абы щызэхагъэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ Дунейпсо кубокыр 2019 гъэм зыIэрыхьэну гуп къыхэхар.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Нобэрэ Пщэдейрэ

2019-03-19

  • Гъатхэпэм и 19,
  • гъубж
  • Iуэхутхьэбзэ зыхуащIэм и дунейпсо махуэщ
  • Урысейм и псыщIагъы­рыкIуэ кхъухьхэм къулыкъу щызыщIэхэм я махуэщ. 1906 гъэм император Николай ЕтIуанэм унафэ къыдигъэкIащ Балтие тенджызым и псыщIагъыры­кIуэ къарухэр къызэгъэпэ­щыным теухуауэ.
  • Финляндием щагъэлъапIэ цIыхухэр я хуитыныгъэкIэ зэхуэгъэдэным и махуэр
  • 1474 гъэм Iэмэпсымэ­щIэ­хэр къэзыгупсысахэм, къэ­хутэныгъэщIэхэр наIуэ къэзыщIахэм яхуэгъэза хабзэщIэ Венецием къыщащтащ — авторым и хуитыныгъэхэр хъумэным хуэунэтIауэ дунейм щыяпэ законыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Тхыдэм и лъагъуэхэмкIэ

2019-03-19

  • Лъэпкъ жыгыр зэфIэбгъэувэжыным нэхъ гугъу дыдэу хэлъыр абы и щIэдзапIэр къэгъуэ­ты­нырщ. Къардэнхэ къатщ­тэмэ, ар Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъ нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ. Абыхэм ущрихьэлIэнущ Адыгэ, Осетие Ищхъэрэ — Алание, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэми хамэ къэ­рал зыбжанэми.
  • Къардэнхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалэ, жылагъуэ 59-м дэсщ. УнэцIэр зезыхьэхэм ящыщ языныкъуэхэм жаIэу зэ­хыбох ахэр псори благъагъэкIэ зэбгъэдэмыхьэу, арщ­хьэкIэ ар пэжкъым икIи сэбэп хъунт абыхэм архив дэфтэрхэм, лъэп­къыр къызыхэкIар къэзыгъэлъагъуэ тхылъымпIэ­хэм зыщагъэгъуэзамэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэм топсэлъыхь

2019-03-19

  • Сабийхэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр къызы­хуэ­тыншэу къызэгъэпэщыным, дапщэщи хуэдэу, гулъы­тэшхуэ щрат ди республикэм. КъБР-м ЦIыхухэр егъэ­джэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ щызэхэта зэIущIэм и утыку кърахьа Iуэхугъуэхэм ящыщщ ар.
  • Зэхуэсым зэрыщыжаIамкIэ, Налшык и Iэшэлъашэм щыIэ «Кизиловка» сабий лагерь цIэрыIуэм мы гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэ зэманым ирихьэлIэу къыщызэIуахынущ ныбжьыщIэ зэчиифIэхэм папщIэ зыгъэпсэхупIэ хэха.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

НэхъыфIхэр ягъэбелджылы

2019-03-19

  • Бахъсэн районым и администрацэм иджыблагъэ ще­кIуэ­кIащ щIыпIэ администрацэхэм щIалэгъуалэм ядэ­лэ­жьэ­нымрэ спортымкIэ я къудамэхэм зэфIах лэжьыгъэхэм щы­хэплъэ зэIущIэ. АбыкIэ хъыбар дигъэщIащ щIыналъэ администрацэм  и  пресс-IуэхущIапIэм и уна­фэщI Чылар Аринэ. Зэхуэсым хэтащ районым хиу­быдэ жылэ псоми я лIы­кIуэхэр.

  • КъаIэта Iуэхум теухуауэ зэIущIэм доклад щищIащ щIыпIэ администрацэм ­щIалэгъуалэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм и пашэ Гъут Резуан. Абы къызэрыхигъэщамкIэ, щIалэгъуалэм щIыпIэм щадолажьэ унэтIыныгъэ зыбжанэкIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЩIыналъэпсо олимпиадэр йокIуэкI

2019-03-19

  • Хабзэ хъуауэ, мы гъэм ебланэу КъБКъУ-м къы­щы­зэрагъэпэщащ Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ щIыналъэхэм я школакIуэ нэхъыжьхэр зыхэт олимпиадэ зэIуха. АбыкIэ хъыбар дигъэщIащ университетым и пресс-IэнатIэм. Курыт школым щадж предмет зыбжанэ къызэ­щIэ­зыу­быдэ зэпеуэр гъатхэпэм и 16, 17 махуэхэм екIуэкIащ. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъ­къэрымрэ Ингуш Республикэмрэ я курыт школ­хэм щеджэ ныбжьыщIэ  ми­ни 3-м щIигъу.
  • — КъБКъУ-мрэ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэ­ныгъэмрэ щIалэгъуа­лэм я IуэхухэмкIэ и министерствэмрэ зэгъусэу къызэрагъэпэщ олимпиадэ зэIухар зы илъэсым нэхърэ къыкIэлъы­кIуэм нэхъ цIэрыIуэ хъууэ­рэ, цIыху нэхъыбэ къы­хы­хьэурэ йокIуэкI. Гъэ къэси зэпеуэм унэтIыныгъэщIэхэр къыхохьэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Зыхилъхьэ щыIэкъым

2019-03-19

  • «Физикхэмрэ лирикхэмрэ псэ­кIэ зэгъунэгъущ», — щIыжаIэр литературэр IэщIагъэ етIуанэ зыхуэхъухэр физикхэм куэду къа­зэрыхэкIыр арагъэнщ. Псом хуэмыдэжу физикхэм я деж куэдрэ уащрохьэлIэ усэ зытххэм. 1951 гъэм мэкъуауэгъуэми 11-м Нартан къуажэм  къыщалъхуа, физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, КъБКъУ-м физикэм и теориемкIэ и кафедрэм и лэжьакIуэ Къуныжь ­Борис, и IэщIагъэ нэхъыщхьэм нэмыщI, нэгъуэщI Iуэхугъуэ зыбжанэми дахьэх: усэ етх, шахмат хъарзынэу мэджэгу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Нанэ Iумахуэ

2019-03-19

  • Жьыщхьэ махуэ дахэ хъуауэ нэхъыжьыфI унагъуэм исмэ, гущэр утыкум итмэ, псори зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу псэумэ, унагъуэ насыпкIэ зэджэжыр мис арауэ къызолъытэ сэ.

  • Мы тхыгъэр теухуащ нанэ Iумахуэ ТхьэкIумащIэ Лусэ и унагъуэ насып дахэм. Дэтхэнэ зы адэ-анэми и хъуэпсапIэ нэхъыщхьэр, дауи, и быным цIыху нэс къыхэкIынырщ, езыри жьыщхьэ махуэ дахэ хъунырщ. Лусэ къехъулIащ и хъуэпсапIэр. Бынри, быным и быныжри, абыхэм я щIэблэри къепщIэкIауэ, абыхэм къабгъэдэкI гуапагъэмрэ хуабагъымрэ зыхра­гъащIэу ягъэпсэу нанэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Къэзанокъуэ Жэбагъы и псалъэ

2019-03-19

«Тыркур адыгэкъым, адыгэпсэмрэ тыркупсэмрэ зэщхькъым, тырку хабзэр адыгэм хабзэ хуэхъунукъым! Хамэм фыхуемыплъэкIыу, фи хабзэ феплъыж!»

Сурэтыр  ЖЫЛЭ  Анатолэ  ищIащ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

ЩIыналъэр зэрыгушхуэ Чэтбий Мадинэ

2019-03-19

  • Къэбэрдей-Балъкъэрыр зэ­ры­­­гушхуэ, зи щIэныгъэмрэ зэ­фIэ­кIымрэ республикэм и зыужьыныгъэм хуэзыгъэпс щIалэгъуалэ ди мащIэкъым. Апхуэдэщ иджыблагъэ Налшык щрагъэкIуэкIа «ЛъагапIэщIэ» зэ­пеуэм пашэ щыхъуа Чэтбий Мадинэ.

  • Налшык къалэм и ку­рыт еджапIэ ­№2-р  2002 гъэм ехъулIэ­ныгъэкIэ къиухащ Мадинэ икIи а илъэс дыдэм ­КъБКъУ-м юрист IэщIагъэ щрагъэ­гъуэт и факультетым щIэтIысхьащ. 2007 гъэм еджапIэ нэхъыщхьэр дип­­­лом плъыжь­кIэ ­къиухащ Чэтбийм икIи  «Налшык» биз­несклубым юрис­­консуль­ту лэжьэн щы­щIидзащ. Абы илъэситхукIэ щы­Iащ Мадинэ икIи и щIэныгъэр, зэфIэкIыр къалъытэри, унафэщI къулы­къури дзыхь къы­хуащIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Гъатхэм псори техьакъым

2019-03-19

  • Нэгъабэ щэкIуэгъуэм и 11-м зэпагъэуа, Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым 2018 — 2019 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм щэбэт кIуам щIидзэжащ. Абы лъандэрэ блэкIа мазиплIым щIигъум зэхъуэкIыныгъэ инхэр командэхэм къыщы­хъуащ икIи ахэр зэхуэмыдэу гъатхэм техьащ.
  • Псом ящхьэращи, етI­уанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым щыджэгу командэхэм зы яхэщIащ. Понедельник Виктор и цIэр зэрихьэу Дон Iус Ростов къалэм дэт футбол академиер зэхьэзэхуэм хэкIыжащ, абы зэрыхэтын мылъку адэкIэ зэримыIэм къыхэкIыу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

Мэрем Дамиррэ Блий Iэюбрэ я зэпэщIэтыныгъэ

2019-03-19

  • Екатеринбург къалэм и «Екатерин-бург-ЭКСПО» дунейпсо гъэлъэ­гъуапIэ центрым мы махуэхэм щызэхэтащ Урысейм дзюдомкIэ и зэхьэзэхуэ. Абы щыбэнащ ди къэралым и щIыналъэ 60-м къикIа, зи ныбжьыр илъэс 23-рэ иримыкъуа щIалэ, хъыджэбз цIыкIу 500-м нэблагъэ.

  • Зи хьэлъагъыр килограмм ­60-м нэб­лагъэхэм я гупым текIуэны­гъитху къыщихьри, Блий Iэюб финалым нэсащ. КIэух зэIущIэм ар щебэнащ Адыгейм и лIыкIуэ Мэрем Дамир. Ди ­къуэш республикэм къикIа спортсменым зэIущIэм и 10-нэ дакъикъэм и кIэухым къы­зэригъэпэща ебгъэрыкIуэныгъэм дыщэ медалыр къыхуихьащ. Блий Iэюб етIуа­нэ хъуащ.
  • ЖЫЛАСЭ  Замир.

Зыхыхьэхэр: Хэха

« Раньше