МэшбащIэ Исхьэкъ: «Уи блэкIам зыщыбгъэгъуазэмэ, ипэкIэ уегъаплъэ икIи уегъэкIуатэ»
2019-03-28
- Зэманымрэ лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм щыщ цIыхухэм я зэхущытыкIэхэмрэ кууэ къыщыгъэлъэгъуэжа «Ажал гъуэгу» тхыдэ романыр иджыблагъэ и Iэдакъэ къыщIэкIащ Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм я цIыхубэ тхакIуэ, СССР-мрэ Урысей Федерацэмрэ я Къэрал саугъэтхэм, Шолоховым, Островскэм я цIэкIэ щыIэ литературэ саугъэтхэм я лауреат МэшбащIэ Исхьэкъ. Ар тхакIуэм и тхыдэ роман тIощIрэ езанэщ. Тхыгъэм лъабжьэ хуэхъуащ 1708 гъэм адыгэхэм текIуэныгъэ ин къыщахьа Къэнжал зауэр.
- МэшбащIэ Исхьэкъ лъэпкъым къикIуа гъуэгуанэм щыщ Iыхьэ ин художественнэ псалъэм къригъэзэгъащ. Тхыдэ романыр итхыным щхьэусыгъуэ хуэхъуам, абы и лъэныкъуэкIэ тегъэщIапIэ ищIахэм, зауэр къежьэныр къызыхэкIам, зэпэщIэтыныгъэ гуащIэм текIуэныгъэ къыщызыхьар зэдгъащIэмэ тфIэигъуэу, МэшбащIэ Исхьэкъ упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ.
- — Романыр птхыныр къызыхэкIам, абы утезыгъэгушхуам, тебгъэкIуэда гуащIэмрэ зэманымрэ я гугъу къытхуэпщIам арат.
- — Махуэ гуэрым Налшык кърищIыкIри, адыгэ дунейм щыцIэрыIуэ си ныбжьэгъуфI, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд си деж къэпсэлъащ: «Си къуэш нэхъыжь, Къэбэрдейм щыпсэу адыгэ щIэныгъэлIхэм я лъэIур бжызоIэж: ди лъэпкъ тхыдэм и къэхъугъэ нэхъ гузэвэгъуэхэм ящыщ Къэнжал зауэм теухуа роман птхыну зыкъыпхуагъазэ».
- Къэнжал зауэр адыгэ щIэжым и къежьапIэщ. Зи гугъу къысхуищI къэхъугъэм сыщыгъуазэти, адыгэхэм я нэгу щIэкIа а Iуэхум иджыри зэ си гур къигъэбырсеижауэ, Мухьэмэд есIуэкIри, кIэщIу сеупщIыжащ: «Ар зытхын тхакIуэ Къэбэрдейм искъэ?»
- «Исщ, ауэ ар уэ нэхъ къыпхуагъэфащэ, пхузэфIэкIыну я дзыхь къыуагъэз», — къитащ абы жэуап.
- «Апхуэдэу ди ныбжьэгъухэр къы-зэрысщыгугъхэр си гуапэщ. Ауэ абы зеспщытыну ахэри къэзгъэгугъэркъым, сэри зызгъэгугъэжыркъым. — Абдежым жысIам занщIэу сыху-щIогъуэжри, кIэлъыжызоIэж: — Аращ, аращ, Мухьэмэд, сыт тщIэн, ди нэхъыжьхэм хьэлъэу Тхьэм къатрилъхьар дэри ди хьэлъэщ. Деплъынщ».
- Ди адэжьхэм я лIыгъэм сагъэгумэщI-сагъэгушхуэу махуэ заул кIуащ, сщыгъупщэжмэ, сигу къэкIыжу мазэ зыщыплIи, илъэс зыбжани зытезгъэкIуэда, Урыс-Кавказ зауэм тегъэпсыхьа романиплIым къакIэлъыкIуа «Хэкум ирахуахэр», «Хэхэсхэр» къыдэзгъэкIащ. КъызэхъулIар сымыщIэу, сигу къыхэщтыкIри, си ныбжьэгъухэр зыщIэлъэIуа Къэнжал зауэм теухуа романыр стхыным зеспщытыну сызэрыхуэхьэзырыр зыхэс-щIащ.
- Апхуэдэу махуэ гуэрым ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и деж сыпсэлъащ: «Мухьэмэд, Къэнжал зауэм сыхуэхьэзырщ».
- — Илъэси 310 ипэкIэ екIуэкIа Къэнжал зауэм теухуа тхыдэ романыр дауэ къебгъэжьа?
- — Лъэхъэнэ жыжьэкIэ узэIэбэкIыж-мэ щыIа къэхъугъэхэр, къэралыгъуэ икIи лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм къахэкIа цIыху щхьэхуэхэр зыхэлэжьыхьа тхыгъэхэр сщIэн зэрыхуейр къызгурыIуэрт. Адыгэ дунейм къытепсыха гузэвэгъуэхэр: Бзиикъуэ зауэр, Пщы-уэркъ зауэр, Фэрзэпэ зауэр, нэгъуэщIхэри. Ауэ 1708 гъэм Къэбэрдейм къыщыхъуа Къэнжал зауэр адыгэ лъэпкъым игъэва нэхъ Iуэху инхэм ящыщщ. Кърымым къикIхэри, тэтэр зауэлIхэр, тыркудзэхэри ящIыгъуу Къэбэрдейм къизэрыгуащ. Армырми, къэбэрдейхэм мылъкушхуэ къызэрыIахыр яхуэмышэчыж щыхъум, бийм езэуэн мыхъумэ, нэгъуэщI хэкIыпIэ яIэжтэкъым.
- Тхыгъэм иужь сихьэн и пэкIэ, псори гукIэ зэзгъэзэхуащ, Къэнжал зауэр здэщыIэ Iуащхьэмахуэ лъапэ и зы Iыхьэ къущхьэхъу Iуащхьэ щIыпIэшхуэм мызэ-мытIэу сыкIуэ-ри зэзгъэлъэгъуащ икIи хъупIэм щыIэ мэлыхъуэхэми, Къэнжал зауэм хэзыщIыкI цIыху щхьэхуэхэми саIущIащ. А зауэр зэриухрэ илъэс 300 щрикъум ирихьэлIэу абы теухуауэ ятхахэм, Налшык щекIуэкIа щIэныгъэ конференцым кърахьэ-лIа тхыгъэхэм зыхэзгъэгъуэзащ, зы щIэныгъэлI мыхъуу, Адыгейм, Къэбэрдейм, Урысейм, хамэ къэралхэм я щIэныгъэлI инхэм я лэжьыгъэхэр щIэзджыкIащ, сычэнджэщащ икIи зэхэсхахэмрэ зэхуэсхьэсыжахэмрэ си тегъэщIапIэу романым иужь сихьащ. Кърым хъаныгъуэр зыхуэдар, ар зэрыгъэпсар, Тыркум къызэригъэIурыщIар, мылъку щхьэкIэ зыхэта бэлыхьхэр, цIыхухэр зэращэу щытар — адыгэ щIалэхэр, пщащэхэр, щIалэ, хъыджэбз цIыкIухэр трахрэ лъапIэ дыдэу ящэу, тырку пащтыхьым е нэгъуэщI лъэрызехьэхэм унэIуту е къызэрезэгъкIэ щхьэгъусэ ящIу зэрыщытар. Зэ къытеуэгъуэм Шэрджэсым нэрыбгэ 500 ирашауэ тхыгъэхэм къыхощыж, мылъкуи къыIахырт. Лъэпкъыр апхуэдэ хьэзаб мыухыжым хигъащIэрти, 1708 гъэм и зы жэщ гуэрым къэбэрдейхэм акъыл-IущыгъэкIэ хэкIыпIэ къагъуэтри, кърым тэтэрыдзэу мин 80-м япэуващ. ЯпэщIыкIэ, мылъку Iуэху зрахуэ хуэдэу къыщагъэ-хъуащ. Кърым тэтэрхэми тыркухэми яшхэри абыхэм тесхэри гъэпцIагъэкIэ хэкIыпIэ къагъуэтри ягъэшынащ. Къэбэрдейхэм Къэнжал щIыпIэм щекIуэкIа зауэм текIуэныгъэр къыщахьащ, лъэпкъ тхыдэми Урысейм и дежкIи мыхьэнэшхуэ зиIэ Къэнжал зауэм апхуэдэу кIэ игъуэтащ.
- — Хэт къэбэрдейхэм икIи кърым зауэлIхэм дзэ пашэу яхэтахэр?
- — Къэбэрдейхэм дзэ пашэу яхэ- тар ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэщ. Кърымхэм — Къаплъэн-Джэрий я пашэу щытащ. Къыхэгъэщын хуейщ Тыркум и пащтыхь Ахьмэд III лъэщу зауэр къызэрызэщIигъэстар, Швецием, Франджым, Украинэм, нэгъуэщIхэм я лIыкIуэхэр акъылэгъу къызэрищIар. Къэбэрдейр зэхакъутэм и мызакъуэу, Урысейм, пащтыхь Пётр I и къэралыгъуэми щыгугъхэрт, ауэ я мурад фIейхэр кърым тэтэрхэми, тыркухэми къехъулIакъым. Къэбэрдейхэр текIуэри, я щхьэхуитыныгъэр зэрахъумэжам и мызакъуэу, Урысейри къыпэщылъ шынагъэм пэIэщIэ ящIащ.
- — Мы тхыгъэм сыт нэхъ къыхэбгъэщхьэхукIыну пфIэигъуэ?
- — Адыгэхэм я псэемыблэжыныгъэ-лIыхъужьыгъэр, уи акъылрэ IуэхущIафэрэ зэтехуэныр, гупсысэр зэрыуасэншэр, лъэпкъым къыхэкIа цIыху Iущ Къэзанокъуэ Жэбагъы и псалъэр къазэрыхуэщхьэпар, узэкъуэтын зэрыхуейр къыхэзгъэщынут.
- — Тхыдэ романыр лъэщу, куууэ къэбгъэлъэгъуэжын папщIэ сыт ухуей?
- — Илъэс 310-кIэ и пэкIэ къэхъуа, лъэпкъ тхыдэм увыпIэ ин щызыубыда Iуэхур къэбгъэлъэгъуэжын папщIэ ухуейщ хэгъэгу зэпэщхьэхуэхэр, гухэлъ зэпэщIэтхэр, дзэ пашэ инхэм я гъэпсыкIэ-щыIэкIэхэр, я гупсысэкIэхэр зэхуэхьэсыжын. Ахэр зэрысфIэигъуэу къызэщIэскъуэжри, стхыжащ.
- — Романым къыпэплъа къэбэрдейхэр абы игъэгушхуа?
- — Щыгъуазэ сызэращIамкIэ, яфIэгъэщIэгъуэну еджахэщ, тхыдэ романым адыгэ лъэпкъым и дуней тетыкIэр, и хабзэр, и гупсысэр, и щхьэр зэрилъытэжыр хыболъагъуэ. Тхыгъэм и гупсысэ нэхъыщхьэр — «Е улIэн, е улIын» жыхуиIэр аращ. Лъэпкъыжь дыдэу къэгъуэгурыкIуэ адыгэхэм я лIыгъэрэ цIыхугъэрэ зэпагъэшачэу къызэрыгъуэгурыкIуар, къэбэрдейхэм ар Къэнжал зауэм къызэрыщагъэлъэгъуар иджыри зэ абы къыхэзгъэщащ.
- — Къэнжал зауэм хуэгъэпса «Ажал гъуэгу» романыр урысыбзэкIэ къыдэкIащ. АдыгэбзэкIэ дапщэщ дунейм къыщытехьэнур?
- — Сызэрытхэр сыт щыгъуи адыгэбзэщ. Романри адыгэбзэкIэ стхауэ тхылъ тедзапIэм щIэлъщ икIи мыгувэу къыдэкIынущ.
- МАМЫРЫКЪУЭ Нуриет, «Адыгэ макъ» газетым и корреспондент.