КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек Шэджэм щIыналъэр къеплъыхь
2019-02-28
- КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек иджыблагъэ Шэджэм районыр къызэхикIухьащ. Псом япэу ар къыщыувыIащ Эль-Тюбю къуажэм икIи абы дэт фельдшер-акушер пунктым еплъащ. Мы IуэхущIапIэр цIыху 270-м щIигъум я узыншагъэм кIэлъоплъ. Пэшхэр зыхуеину Iэмэпсымэхэмрэ аппаратурэмкIэ къызэгъэпэщащ, тэмэму ягъэплъ, псы щIыIэри хуабэри яIэщ. Санитар автотранспортыр къэгъэщIэрэщIэжынымкIэ программэм хиубыдэу абы къратащ бгылъэ щIыпIэхэм медицинэ дэIэпыкъуныгъэ псынщIэ къыщызэгъэпэщыным хуэщIа машинэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм
2019-02-28
- Сыту псынщIэу кIуэрэ зэманыр! Дыгъуасэ хуэ- дэщ дэ дуней псор зыфIэлIыкIа СССР-м дыщыщыпсэуар. Къэралым и Iуэхур зэрефIакIуэр зыхэтщIэрт. Ар зи фIыщIэхэм ящыщащ Косыгин Алексей Николай и къуэр. А цIыхум илъэс пщыкIухкIэ ди къэралым и Правительствэм и УнафэщI къулыкъур иIыгъащ. Апхуэдэ нэхъапэм СССР-ми Урысейми я тхыдэм зэи къыщыхъуакъым. Илъэс 42-кIэ Правительствэм зэрыхэтари телъыджэщ. Косыгин езым и лъэхъэнэгъу псоми куэдкIэ япэ итт. ЖытIэнщи, СССР-м и парт идеолог нэхъыщхьэ Суслов Михаил цIыхубэм псэкIэ япэжыжьэт, КПСС-м и ЦК-м и Секретарь нэхъыщхьэ Брежнев Леонид теухуауэ кIэ зимыIэж анекдотхэр зэхалъхьэрт. Министрхэм я Советым и Iэтащхьэ Косыгин Алексей пщIэшхуэ дыдэ хуащIырт.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Жыжьэ-гъунэгъу
Хэкум и хъумакIуэм и махуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэлъэпIащ. КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек удз гъэгъахэр трилъхьащ «ЩIыхьым и мафIэ мыужьыхыж» мемориалым
2019-02-26
- Хэкум и хъумакIуэм и махуэм «ЩIыхьым и мафIэ мыужьыхыж» мемориалым Налшык щыщ цIыхуищэ-хэр къекIуэлIащ хэкIуэдахэм пщIэшхуэ зэрыхуащIым и фэеплъу.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм