ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Март, 2019

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек Театрым и дунейпсо махуэм теухуа и хъуэхъу

2019-03-26

  • ПщIэ зыхуэсщI ныбжьэгъухэ!
  • Театрым и дунейпсо махуэмкIэ си гуапэу сынывохъуэхъу.
  • А махуэшхуэр актёр IэщIагъэм ирилажьэхэм, зи гъащIэ псор театрым пызыщIахэм я мызакъуэу, гъуазджэм дихьэх цIыху куэдми я гуфIэгъуэщ. Ди республикэм театрым ехьэлIа хабзэ хьэлэмэтхэр щыIэщ икIи дэ сценэм зэфIэкIышхуэ яIэу ита цIыху цIэрыIуэхэм дрогушхуэ. Творческэ зэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъ ди театрхэм куэд хащIыхь цIыхухэр фIым, дахагъэм, гурылъ къабзэхэм, фIылъагъуным хуэгъэсэным.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ  я IэнатIэм щат къэрал стипендиехэр 2019 гъэм зыхухахынухэр  яубзыху

2019-03-26

  • Республикэм и Правительствэм и зи чэзу зэIущIэр иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ премьер-министр Мусуков Алий. Абы щытепсэлъыхьащ ди щIыналъэм и экономикэ зыужьыныгъэм, егъэджэныгъэмрэ спортымрэ, социальнэ дэIэпыкъуныгъэм, дунейм и щытыкIэм пыщIауэ къыкъуэкI къызэрымыкIуэ щытыкIэхэр къэмыгъэхъуным яхуэгъэза Iуэхухэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Ди республикэмрэ  Москва дэт къэрал университетымрэ зэрызэдэлэжьэнум  теухуа меморандумым Iэ щIадз

2019-03-26

  • Москва щокIуэкI «Университетхэр, жылагъуэ, цIыхухэм я къэкIуэнур» дунейпсо зэхыхьэшхуэ. Абы хэтащ икIи къыщыпсэлъащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Нобэрэ пщэдейрэ

2019-03-26

  • Гъатхэпэм и 26, гъубж
  •  Къэмэх узыфэр зыпкърытхэм я дунейпсо махуэщ
  •  1872 гъэм Урысейм япэ пощт карточкэр къыщыдэкIащ.
  •  1903 гъэм Iэщэ щащIу Златоуст дэт заводым и рабочэ зыкъэзыIэтахэр пащтыхьыдзэм зэтриукIат.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Бахъсэн къалэм МафIащхьэтыхьыр щагъэлъапIэ

2019-03-26

  • ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ ЩэнхабзэмкIэ унэм махуэшхуэ программэ къыщызэрагъэпэщат гъэрэ щIырэ щызэхэкIым ирихьэлIэу. Концерт залым щызэхуэсат цIыху куэд. Ахэр ирагъэплъащ Бахъсэн къалэмрэ Дыгулыб-гъуей къуажэмрэ щэнхабзэмкIэ я унэхэм я артистхэр зыхэта концерт гукъинэжым. Апхуэдэу утыкум зыкъыщагъэлъэгъуащ курыт еджапIэхэм я гъэсэнхэмрэ псоми фIыуэ ялъагъу «Ветеран» творческэ гупымрэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

«Адыгэ хабзэмрэ иджырей зэманымрэ»

2019-03-26

  • «Кабардино-Балкарская правда» газетым и редактор нэхъыщхьэу, «Адыгэ псалъэ» газетым и корреспонденту лэжьа публицист Къудей Владимир и IэдакъэщIэкIщ Налшык дэт «Печатный двор» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIа «Адыгские традиции и современность» лэжьыгъэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ

Ислъамым и нур

2019-03-26

  • Уаз
  • Нэхъ телъыджэ дыдэу къэхъуар
  • Дызэрыт илъэсым мэлыжьыхьым и 3-м тохуэ муслъымэн псоми ди зэхуэдэ жэщ лъапIэу Мухьэмэд бегъымбарыр (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуар) Меккэм ирашу Иерусалим щашар, уафэм щыдрашеяр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Дин Iуэху

Узыншагъэр хъумэнымрэ  спортымрэ зи гур итхьэкъуа

2019-03-26

  • Ди республикэм и мащIэкъым спортым гукъуэпскIэ пыщIа, абы зи гъащIэр тезыухуа, щIэблэ нэхъыбэ а Iуэхум хэшэным телажьэ цIыху хьэлэмэтхэр. Абыхэм ящыщщ Псыгуэнсу къуажэм къыщыхъуа Ибрэхьим Борис.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ

«Iуащхьэмахуэ» журналым и къыдэкIыгъуэщIэр

2019-03-26

  • Иджыблагъэ дунейм къытехьащ «Iуащхьэмахуэ» литературэ-художественнэ, жылагъуэ-политикэ журналым и къыкIэлъыкIуэ къыдэкIыгъуэр — 2019 гъэм и япэ номерыр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЩIэ

Хуэмурэ тегушхуэурэ…

2019-03-26

  • «Спартак-Налшык» (Налшык) — «Краснодар-3» (Краснодар) — 2:0 (1:0). Налшык. «Спартак» стадион. Гъатхэпэм и 23-м. ЦIыху 200 еплъащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

Фестивалым фрагъэблагъэ

2019-03-26

  • Iуащхьэмахуэ лъапэ мэлыжьыхьым и 6-м щрагъэкIуэкIынущ «Эль 3500» макъамэ фестиваль иныр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Щэнхабзэ