ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Март, 2019

КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек республикэм щыпсэухэм зэрызахуигъазэр

2019-03-06

  • Илъэс 75-рэ ипэкIэ гъатхэпэм и 8-м къэхъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм щынэхъ гузэвэгъуэ дыдэхэм ящыщ Iуэхугъуэ. ХьэкIэкхъуэкIагъэ зыхэлъ щIэпхъаджагъэм къыхэкIыу балъкъэр лъэпкъыр залымыгъэкIэ ирашауэ щытащ. Балъ-къэр лъэпкъым игъэва хьэзабымрэ игъуэта хэщIыныгъэмрэ нэгум къыщIэдгъэхьэжурэ, мы махуэм дэ зыхыдощIэ гур зэрыузыр, щхьэзыфIэфIагъымрэ хабзэншагъэмрэ лажьэ ямыIэу ихьахэм дахуощыгъуэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

Жыхьэнмэ гъуэгум къигъэдзыхакъым

2019-03-06

  • ЛIэщIыгъуэ куэд хъуауэ дэ, адыгэхэм, къыддэпсэу балъкъэрхэм я дежкIэ гъатхэпэм и 8-р тхыдэм нэщхъеягъуэ дыдэу хыхьащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

2019-03-06

Илъэс 13-м и бэлыхьхэр зыгъэвахэм ящыщщ мы сурэтым щыфлагъу балъкъэр тхакIуэхэр: Макитов Сэфар, Шахмурзаев Сэхьид, Отаров Керим, Отаров Сэхьид, Залиханов Жанакъаит сымэ. 1970 гъэ

Зыхыхьэхэр: Хэха

2019-03-06

  • Адыгэшым теухуауэ
  • Адыгей.Республикэм къыщыхахынущ адыгэшым теухуа художествен-нэ лэжьыгъэ нэхъыфIхэр. Адыгейм ирагъэблагъэ Кавказ Ищхъэрэм и сурэтыщI Iэзэхэр, «Превосходный конь Бечкан» зэпеуэм я лэжьыгъэхэр щагъэлъэгъуэну.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Ди къуэш республикэхэм

Гайморитыр узыфэ тIасхъэкъым

2019-03-06

  • Дунейм и щIыIэгъуэм узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэр къохъей. Апхуэдэщ синусит (гайморит) жыхуэтIэри. Нэпкъым щIыIэ хыхьэу, шын ирищIа нэужь, уи щхьэр пхуемыгъэзыхыу, уеблэмэ бгъэхъеин къохьэлъэкIыу, уплъыржьэру, уи пэр къыпыжу ухъуамэ — ар гайморитщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Узыншагъэ

«Налмэсым» и щIэблэ  насыпыфIэр

2019-03-06

  • Сабийхэр бгъэсэныр, абыхэм я псэр щIэныгъэм хуэбгъэушыныр, къыдэпхьэхыныр икIи школ кIуэгъуэм къызыхуэтыншэу хуэбгъэхьэзырыныр икъукIэ лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнщ, абы къыщинэмыщIауи, гугъущ. А къалэнхэм тэмэму йохъулIэ Нарткъалэ дэт «Налмэс» сабий садым и лэжьакIуэхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Дунейпсо адыгэ диктант

2019-03-06

  • Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ, гъатхэпэм и 14-м адыгэхэр куэду зэрыс республикэхэмрэ къэралхэмрэ щекIуэкIынущ «Адыгэ диктант». ДАХ-м щIыналъэхэмрэ хамэ къэралхэмрэ щиIэ Хасэ къудамэхэм щызэхуэсынущ адыгэбзэкIэ диктант зытхыну гупыж зыщIхэр. Мы IуэхумкIэ дэIэпыкъуэгъу хъунущ ЩIэныгъэмкIэ министерствэхэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ. Адыгэбзэм и пщIэр къэIэтын, лъэпкъым анэдэлъхубзэмкIэ бгъэдэлъ щIэныгъэр егъэфIэкIуэн папщIэ ирагъэкIуэкI «Адыгэ диктантым» хэт хъунущ адыгэу зыкъэзылъытэж, дэнэ щIыпIи щыпсэу, адыгэбзэр мащIэу фIэкI зымыщIэ цIыхури. Ар къыщызэрагъэпэщынущ къалэхэм дэт щэнхабзэмкIэ, егъэджэныгъэмкIэ унэхэм е Хасэ IуэхущIапIэхэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Лъахэр къезыгъэцIыху джэгукIэ

2019-03-06

  • Интернетым хэIущIыIу щыхъуащ Налшык къалэм и курыт еджапIэ №9-м и 4-нэ классым щеджэ Кальнин Давид «Налшык и IункIыбзэIухи 7» зыфIища компьютер джэгур къызэригупсысар. Хьэлэмэтращи, программист ныбжьыщIэм ар и япэ лэжьыгъэкъым, илъэс и пэ абы зэхигъэува «Цифровая школа будущего» проектым текIуэныгъэ къыщихьащ «Первые шаги в науку» зэхьэзэхуэм.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ЩIэ

Жьыубгъу (Джубгэ)

2019-03-06

  • Хы ФIыцIэ Iуфэм дызыщрихьэлIэ щIыпIэцIэхэм яхэтщ ди нобэрей гъащIэм куэдрэ щызэхэтххэр. Апхуэдэхэм ящыщ зыщ Джубгэ (Жьыубгъу) фIэщыгъэри. Абы и къежьэкIэ хъуам ехьэлIауэ Iуэху еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Къремыхъуж апхуэдэ зэи

2019-03-06

  • Жыжьэ-гъунэгъу
  • Нобэхуэдэу псорисощIэж
  • 1944 гъэм, ЦIыхубзхэм я дунейпсо махуэр щагъэлъапIэ гъатхэпэм и 8-м, Сталиным и унафэкIэ балъкъэрхэр КъБАССР-м ирашауэ щытащ. Сэ абы щыгъуэ сыкъалъхуатэкъым, ауэ, ди адэм жиIэжу зэрызэхэсхамкIэ, зэкIэлъхьэужьу къех машинэшхуэхэмкIэ Зеикъуэ сыхьэт бжыгъэм къриубыдэу блашащ Бахъсэн аузым щыпсэу ди гъунэгъухэм я ини я цIыкIуи. Махуэр щIыIэт, цIыхухэр дахэ-дахэу хуэпатэкъым, я хьэпшыпхэм, унэлъащIэхэм ящыщуи IэкIэ къахуэщтэр здрашэжьауэ арат.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Къэшэж Иннэ и пшыхь

2019-03-06

  • ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым иджыблагъэ щагъэлъэпIащ усакIуэ цIэрыIуэ Къэшэж Иннэ къызэралъхурэ илъэс 75-рэ зэрырикъур.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Щэнхабзэ

ФIыуэ тлъагъухэм папщIэ

2019-03-06

  • Музыкэ театрым гъатхэпэм и 1-м «Для милых дам!» концерт гукъинэжыр щитащ УФ-м щIыхь зиIэ и артист, республикэм исхэр зэрыгушхуэ Ташло Алий. Пшыхьыр иригъэкIуэкIащ Музыкэ театрым и уэрэджыIакIуэ Гергокаевэ Хьэлимэт.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Гъуазджэ

2019-03-06

  • Волейбол
  • Урыс Хьэзиз и фэеплъ зэхыхьэ
  • Нартан къуажэм дэт школ-интернат №5-м мы махуэхэм щекIуэкIащ жылэм пщIэшхуэ щызиIэу щыта Урыс Хьэзиз и фэеплъ спорт зэхьэзэхуэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Спорт хъыбархэр

Псори я пIэм йозэгъэж

2019-03-06

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ 2018 — 2019 гъэхэм я щIымахуэ чемпионатыр иухащ. Абы и иужь джэгугъуэращ упщIэ псоми жэуапхэр езытар.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

Япэ каналым и нэтынхэр щагъэхьэзыр

2019-03-06

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым щолажьэ «Япэ канал. Дунейпсо зэпыщIэныгъэ» телекомпанием и лэжьакIуэ гупыр. ЗыплъыхьакIуэ кIуэхэм папщIэ «Поехали за талантами», «Любить вкусно» узэщIыныгъэ программэхэм хыхьэ циклхэр хьэщIэхэм ягъэхьэзыр. Iуащхьэмахуэ районым нэтынхэр щытрахащ. Абы къыхашащ Iуащхьэмахуэ лъапэрэ Тырныауз къалэрэ щыпсэухэр, фрирайдымкIэ, сноубордымкIэ, бгы лыжэмкIэ, альпинизмэмкIэ инструктор цIэрыIуэхэр, МЧС-м и лэжьакIуэхэр, дэрбзэр IэщIагъэм хуэIэпщIэлъапщIэхэр, шхыныгъуэхэр гъэхьэзырыным хуэIэзэ пщафIэхэр, бард уэрэдхэр фIыуэ зыгъэзащIэхэр, «Iуащхьэмахуэ лъапэ» лъэпкъ паркым и лIыкIуэхэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

« Раньше