Ирагъэлей. Абыи къыщынэркъым
2019-03-28
- ЦIыхухэм хуащIэ Iуэхутхьэбзэхэр зэхуэдэми, щIат уасэхэр щIыналъэхэм хуабжьу щызэщхьэщокI.
- Хэт зэмыдзакъэр псым, хуабэм, электрокъарум н.къ. я уасэхэр зэрыдэкIуейр? Нэхъыщхьэращи, ахэр зэи я пIэ иткъым. АпхуэдизкIэ абы десэжащи, хэбгъэзыхьмэ, и щхьэусыгъуэм дыщIэупщIэжыркъым. АтIэ зэгуэр кIэ иIэну апхуэдэ щытыкIэ гугъум? Нэхъыщхьэращи, лъабжьэ иIэ?
- Ди насыпщи, абы егупсысыр ди закъуэкъым. Иджыблагъэ Ульяновск областым и властхэм лIыгъэ зэрахьащ: абыхэм къыдагъэкIащ уасэхэр драгъэуеину хуит зымыщI унафэ. Мы гъэм щыщIэдзауэ ядэнукъым хуабэм, элетрокъарум, псым я тарифхэр яхъуэжу. Хэбгъэзыхьмэ, къагъэуващ къыкIэлъыкIуэ илъэсым ахэр ираудыхыну. Бизнес-омбудсмен Титов Борис нэгъуэщI щIыналъэхэм чэнджэщ яритакIэщ а областым дэплъеину. Пэжщ, коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэр къытхуэзыщIэхэр абыкIэ хуабжьу арэзыкъым: жаIэ сом мелард-хэр яфIэкIуэдмэ, IэнатIэр яхуэмыгъэлэжьэну, дэтхэнэ зы сомри зыдэмыкIуапхъэ ямыгъакIуэу. АрщхьэкIэ…
- … «Сэ хуит сщIыркъым илъэс гъу- нэгъухэм электрокъарум и уасэхэр къаIэту икIи ар къытхуэзыутIыпщхэр я гъу- сэу суд пащхьэм сиувэну сыхьэзырщ, — жиIащ Ульяновск областым и губернатор Морозов Сергей. — Абы къыдэкIуэу хуа-бэм пэкIуэр дызыхуэкIуэ илъэситхум кIэлъыплъыныгъэ ткIийм щIагъэувэн хуейщ! Тарифхэм хыдогъэкI Iуэхутхьэбзэ къытхуэзыщIэхэм Iуэхум трамыгъэкIуадэу ягъэкIуэщI мылъкур. «Ульяновск-энерго» компанием и закъуэ а бжыгъэр сом мелуан 783,3-рэ щохъу. «Т Плюс» компанием (ар йолэжь электрокъарууэ хуабэмрэ цIыхухэм яIэрыгъэхьэным) сом мелард 1,3-р здихьыр гурыIуэгъуэкъым».
- Здахьыр къэпщIэну гугъукъым. Псалъэм и хьэтыркIэ, «Комсомольская правда» газетым и лэжьакIуэм къихутащ «Ульяновск-энерго»-м яхтэ дахащэ иIэу. «КIэртIоф кърашэкIыну ара?» — мэгушыIэ абы щыгъуазэ хъуахэр.
- Мониторингымрэ уасэхэр зэрагъэувымкIэ центрым и унафэщI Малоземов Алексей жеIэ:
- — ЕдгъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм къагъэлъэгъуащ тарифхэм я процент 31-р зэрылейр. Ар хагъэкIмэ, уасэхэр къехуэхынущ. Дауи, мы Iуэхум псори зэпэшэчауэ бгъэдыхьэн хуейщ, компаниехэр ямыуфэкъын хуэдэу. Апхуэдэ щытыкIэ щыщыIэщ Урысей псом. Иджыри къэс щызэхамыгъэкIауэ аркъудейщ…
- АрщхьэкIэ Ульяновск областымрэ компаниехэмрэ я зэпэщIэтыныгъэм иджыри кIэ игъуэтакъым: хэт сом мелардитI тыншу къозытынур? — Арати, компаниехэм ящыщ зым Федеральнэ антимонополь-нэ IэнатIэм (ФАС) зыхуигъэзакIэщ. Ауэ абыкIи Iуэхур зэфIэкIынукъым — лъэныкъуэхэр судым нэсыну къыщIэкIынущ.
- ИкIи иужьрейуэ. Мис а ФАС дыдэм и унафэщI Артемьев Игорь, уеблэмэ, нэхъ жыжьэж Iэбащ. Абы жиIащ ЖКХ-м и Iуэхутхьэбзэхэм я уасэхэр хуэдитIкIэ нэхъ лъагэу яIэтауэ. Артемьевым и псалъэхэм ятепщIыхьмэ, ди къэралым и цIыхухэм я нэхъыбэм псэупIэ-коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм я уасэхэр ят проценти 100-кIэ щIигъуу. Апхуэдэ щымыгъэIэн папщIэ тарифхэр зэрызэрагъакIуэ закон къащтэн хуейщ.
- Артемьевыр щыгъуазэ хъуащ ди къэралым и цIыхухэм я Iыхьэ плIанэм фIэ- кIа уасэхэр тэмэму зэрыIамыхым. Адрей псоми егъэлеяуэ ахъшэ трауд. Зэгъу-нэгъу щIыналъитIым ЖКХ-м и пщIэ- хэр хуэдипщIхэмкIэ щызэщхьэщыкIынкIэ мэхъу.
- — Уэ зы псы кубометрым уи гъунэгъу щIыналъэм щиуасэм нэхърэ хуэдэ 5,4-кIэ нэхъыбэ щIэпту щытмэ, ар телъыджэщ, — жиIащ къулыкъущIэм. — Абы и щхьэусыгъуэр зэхэдгъэкIын щIэддзэмэ, а компанием щылажьэу къыщIокI губернаторым е къулыкъушхуэ зыIыгъ нэгъуэщIым и къуэр. Аращ апхуэдэ уасэ егъэлеяр энергетикэ комиссэм щыпхызыгъэкIари.
- Артемьевым пцIы зэфэзэщу къилъытащ урысейхэм компаниехэм уасэхэр ирикъуу ирамыт хуэдэу ягъэIухэр.
- — Дэ куэд щIауэ псори щIигъуу дот. Языныкъуэхэм а ди ахъшэмкIэ ресторан зэмылIэужьыгъуэхэр, зыгъэпсэхупIэхэр, щакIуэ унэхэр яIыгъщ, — жиIащ абы.