ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Март, 2019

Москва лэжьыгъэ IуэхукIэ щызэхуэзащ Урысейм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Мутко Виталийрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбекрэ

2019-03-16

  • Ахэр тепсэлъыхьащ ди щIыналъэм зегъэужьынымкIэ мыхьэнэ хэха зиIэ социально-экономикэ Iуэхухэм, лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэным, «Псы къабзэ» федеральнэ программэм ипкъ иткIэ ­КъБР-м и жылагъуэхэр зэблэу къы­хэ­мыкIыу псыкIэ къызэгъэпэщыным, Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ Балъкъэр къэрал драмэ ­театрым и унэр егъэ­фIэкIуэныр нагъэ­сы­жын папщIэ зыхуе­ину ахъшэр къэгъуэтыным, Прох­ладнэ къалэм и район сымаджэщым хирургиемкIэ и къудамэм и унэр хьэзыр щIыным.
  • Щхьэхуэу хэплъащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрызэрагъэпэщ­рэ илъэси 100 зэрырикъум зыхуэгъэхьэ­зыры­нымрэ ар гъэлъэпIэнымрэ.
  • КIуэкIуэ Казбек Мутко Виталий фIыщIэ хуищIащ ди республикэм и нэIэ къы­зэ­рытригъэтым икIи къызэрыдэIэпыкъум папщIэ.
  • КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
  • Правительствэмрэ я
  • пресс-IуэхущIапIэ.

Зыхыхьэхэр: Хэха

Щыуагъэншэу тхэфу пIэрэ?

2019-03-16

  • Бахъсэн щIыналъэри жы­джэру хэтащ гъатхэ­пэм и 14-м екIуэкIа Iуэху щхьэпэм — адыгэбзэкIэ дик­тант тхыным. Дунейпсо Адыгэ Хасэм къы­хилъ­хьа жэрдэмыр мы­-бы щыдаIыгъащ цIыхуи 180-м.

  • ЩIыналъэм и курыт еджапIэхэм я 1 — 11-нэ классхэм щIэсхэм я за­къуэтэкъым щыуагъэншэу тхэфмэ зэхэзыгъэкIыну му­рад зыщIар.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Кърым Республикэм и Жылагъуэ палатэм Урысей Федерацэм и Жылагъуэ палатэм, УФ-м и субъектхэм я жылагъуэ палатэхэм зэрызахуигъазэр

2019-03-16

  • Ди лэжьэгъу лъапIэхэ!
  • Илъэситху япэкIэ «Кърымым и гъатхэ» псалъэхэр Урысей Федерацэм и иджырей тхыдэм и мызакъуэу, зэрыщыту дуней псом ­папщIи лъэхъэнэщIэм и къежьапIэм и дамыгъэ хъуащ. Кърымым щыпсэухэм я процент 97-м щIигъум 2014 гъэм гъатхэпэм и 16-м екIуэкIа референдумым Iэ щаIэтащ мы дыгъафIэ щIыналъэр Урысейм хэгъэхьэжыным и телъ­хьэу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Мы махуэхэм

2019-03-16

  • Гъатхэпэм и 16,
  •  щэбэт
  • Урысейм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министерствэм экономикэ ­шынагъуэншагъэмкIэ и IэнатIэхэр къы­щызэрагъэпэща махуэщ. ­СССР-м и НКВД-м хыхьэу 1937 гъэм щытащ.
  • Къэзахъстаным и республикэ гвардием и махуэщ
  • 1870 гъэм Урысейм щыяпэу Новгород Ищхъэрэ къалэм хыхьэ Сормовэ районым щаутIыпщащ гъущI щагъавэ хьэку.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Зэхьэзэхуэм щIидзэжыным и пэ къихуэу

2019-03-16

  • Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым 2018 — 2019 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэм нобэ щIедзэж. Абы и пэ къихуэу Нартсанэ (Кисловодск) къалэм зыщызыгъэхьэзыра «Спартак-Налшыкымрэ» Печанокопскэм и «Чайка»-мрэ зэныбжьэгъугъэ зэ­IущIэм щызэпэщIэуващ.
  • ЕтIуанэ дивизионым и «Ипщэ» гупым пашэныгъэр щызыIыгъ «Чайка»-р нэхъ лъэщу къыщIэкIащ. «Спартак-Налшыкым» и гъуэм абы топищ къыдигъэкIащ, ди щIалэхэр къызэрыхэжаныкIыфар нэхъ мащIэрэщ. Арати, зэныбжьэгъугъэ зэ­IущIэр 3:2-уэ иухащ. Налшыкдэсхэм я топитIри дэзыгъэкIар Мэшыкъуэ ­Ислъамщ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

Фэеплъ псалъэ

2019-03-16

  • ФIыуэ плъагъу адэр, адэшхуэр, щхьэгъусэр пхэщIыныр Iуэхуш­хуэщ. Ар нэхъри хьэлъэмэхъу, ныбжьышхуэ имыIамэ.

  • Гъатхэпэм и 5-м дунейм ехыжащ Тхьэмокъуэ Хьэсэн ХьэцутI и къуэр. КъигъэщIа илъэс 68-м абы зы махуи къыхуихуакъым щыIуэхунша. Къыщалъхуа Шэ­джэм Езанэ къуажэм и курытеджапIэр фIы дыдэу къиухщ, дзэм къулыкъу щищIэри, абы еджэным пищащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

1 КъБР «Мир» канал

2019-03-16

  • Блыщхьэ, гъатхэпэм и 18
  • 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъы­бархэр» (16+)
  • 6.30 «Жылагъуэ Iуэху» (адыгэбзэкIэ) (12+)
  • 6.50 «Адэжь щIэин» (адыгэбзэкIэ) (12+)
  • 7.15 «Iущхэмрэ Iущыцэхэмрэ» (12+)
  • 7.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+)
  • 8.20 «Насып». Лэжьыгъэм и ветеран Куч-мезов Адильбий (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
  • 8.50 «Щыхьэт сытохъуэ». Чабдаровэ Хьэуа (12+)
  • 17.00 Мультфильм (0+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

«Къэбэрдей-Балъкъэр» ГТРК-м и ТВ

2019-03-16

  • Блыщхьэ, гъатхэпэм и 18
  • 7.07, 7.35, 8.07, 8.35 ЩIыпIэ зэман. «Пщэдджыжь». КъБР-м щыхъыбархэр
  • 11.25 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр (адыгэбзэкIэ, балъкъэ­ры­бзэкIэ)
  • 14.25, 17.00, 20.45 ЩIыпIэ зэман. КъБР-м щыхъыбархэр
  • 17.25 Республикэм и пщащэ нэхъ тхьэ­Iухудыр къыщыхах зэпеуэм и кIэухыр (адыгэбзэкIэ) (12+)
  • 18.15 «ГъащIэм и алыфбей». Урысей ­Федерацэм ЮстицэмкIэ и министерствэм и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщI Кужонов Ж. (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

КъБР-м и РАДИО

2019-03-16

  • Блыщхьэ, гъатхэпэм и 18
  • «ХъыбарыщIэхэр»: 7.00, 10.00, 13.00, 16.00, 19.00
  • «Жангылыкъла»: 7.05, 11.00, 14.00, 17.00, 20.00
  • «Новости»: 7.10, 12.00, 15.00, 18.00, 21.00
  • 7.15 — «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (адыгэбзэкIэ) (16+)
  • 7.45 — «Жаншэрхъ» (адыгэбзэкIэ) (12+)
  • 8.00 — «Мени Къабарты-Малкъарым» (балъкъэрыбзэкIэ) (16+)
  • 8.20 — «Билимни дуниясы» (балъкъэрыбзэкIэ) (6+)
  • 8.40 — « Псалъэмакъ щхьэпэ » (адыгэбзэкIэ) (16+)
  • 9.00 — «Си Къэбэрдей-Балъкъэр» (урысыбзэкIэ) (16+)
  • 9.25 — «Кавказым и макъхэр» (урысыбзэкIэ)
  • 10.05 — «ХьэщIэщ» (адыгэбзэкIэ) (16+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

«Къэбэрдей-Балкъэр» ГТРК-м и радио

2019-03-16

  • Блыщхьэ, гъатхэпэм и 18
  • «ХъыбарыщIэхэр» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ):
  • 11.30, 13.10, 15.10, 18.10
  • 7.10 — 8.00 «Пщэдджыжьым жьыуэ» (адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, ­урысыбзэкIэ)
  • 8.10 — 8.35 КхъуэIуфэ Хьэчим. «Iуащхьэжь» Iуэтэжыр (адыгэбзэкIэ)
  • 8.35 — 8.50 Созаев Ахъмэт. «МахуэщIэм къыздихь гуфIэгъуэр» ­(балъкъэрыбзэкIэ)
  • 8.50 — 9.00 «Бгырысхэм я махуэгъэпс». Шахмурзаев Сэхьид. (балъкъэ­рыбзэкIэ)
  • 11.45 — 12.00 ЦIыхуитIым зэдыжаIэ уэрэдхэр (адыгэбзэкIэ)
  • 13.25 — 14.00 «Шэджагъуэ хуабэ»
  • 15.25 — 15.50 «Театрым и илъэсым».

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Дунейпсо Адыгэбзэ диктанткIэ Адыгэ тхыбзэм и махуэр ягъэлъапIэ

2019-03-16

  • Адыгэу дунейм тетым гъатхэпэм и 14-м ягъэлъэпIащ Адыгэ тхыбзэм и махуэр. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ, адыгэхэр куэду зэрыс республикэхэмрэ къэ­ралхэмрэ а махуэм ще­кIуэкIащ «Адыгэ­бзэ диктант». Адыгэбзэм и пщIэр къэ­Iэтын, лъэпкъым анэ­дэлъхубзэмкIэ бгъэ­дэлъ щIэныгъэм хэгъэхъуэн папщIэ зэхаша Iуэхугъуэр ДАХ-м къыдаIыгъащ КъБР-м ЦIыхухэр егъэ­джэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэ­гъуа­лэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм, Къэ­бэрдей-Балъкъэр къэрал университетым, ДАХ-м хыхьэ Хасэхэм.

 

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Ди зэхуэдэ Iуэхум лъэпкъыр зэкъуегъэувэ

2019-03-16

  • Дунейпсо Адыгэ Хасэм (ДАХ-м) къыхилъхьа жэрдэмым тету, гъатхэпэм и 14-м адыгэхэр куэду зэрыс республикэхэмрэ къэралхэмрэ ди тхыбзэм и махуэр щагъэлъапIэм хы­хьэу, анэдэлъхубзэм и пщIэр къэIэтыным, зэрыт ныбжьми, зыпэрыт IэнатIэми, анэдэлъхубзэмкIэ ябгъэдэлъ щIэныгъэми емылъытауэ, лъэпкъым и цIыхуу зыкъэзылъытэж дэтхэнэми абыкIэ бгъэ­дэлъ щIэныгъэр егъэ­фIэ­кIуэным гулъытэ нэ­хъыбэ хуегъэщIыным хуэгъэпса «Адыгэбзэ ­диктант» ду­нейпсо егъэ­джэныгъэ Iуэху щхьэ­пэр щекIуэкIащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Анэдэлъхубзэр зыIурылъ щIэблэ

2019-03-16

  • Хабзэ хъуауэ, адыгэхэр зэуIуу щыпсэу дэтхэнэ зы щIыналъэми хуэдэу, ди республикэми щекIуэкIащ Адыгэ тхыбзэм и махуэм теухуа зэхыхьэхэр. Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ библиотекэм абы ирихьэлIэу щызэхаша зэIущIэ гуапэр куэдым гукъинэж ящыхъуащ. Ар къызэригъэпэщащ икIи иригъэкIуэкIащ библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм и лэжьакIуэ Безыр Ленэ.

 

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

«Зэ уадыгэну сыт и уасэ!»

2019-03-16

  • Анэдэлъхубзэм, Адыгэ тхыбзэм я махуэхэр ди рес­публикэм Iэтауэ щагъэлъапIэ. Налшык къалэ дэт гим­назие №14-м абы теухуа пшыхь дахэ щрагъэкIуэкIащ, «Зэ уадыгэну сыт и уасэ!» фIэщыгъэм щIэту. Зэхыхьэр къызэригъэпэщащ зи IэщIагъэм хуэ­Iэижь, адыгэбзэм­рэ литературэмрэ илъэс 25-рэ хъуауэ езыгъэдж Хьэмырзэ Заретэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

IэщхьэубыдыпщIэ, Iыхьэтелъхьэ…

2019-03-16

  • Iэужь. Адыгэ мэкъумэшыщIэхэм яхэлъа хабзэщ. ЛIым щхьэгъусэ къыщишэм деж, нысащIэм зы жэм ­тыгъэ ­хуищIырт. А жэмри абы къыщIэхъуэхэри а цIыхубзым ейт, абы и унафэншэу ар зыми итыну, ищэну хуиттэкъым. ­Хабзэр къыщекIуэкIар пщырэ пщылIрэ щыщыIа зэманырщ.
  • IэщэгъэтIылъыж. ЗекIуэм ехьэлIа пасэрей адыгэ хабзэщ. Япэм щыгъуэ цIыхухъухэр зекIуэм хэтыныр лIы­гъэм и щапхъэу ябжырт. IэщэкIэ зэщIэузэда адыгэлIым гъуэгуанэ кIыхь зэпичыфырт, лIыгъэщIапIэ ихуэми, и пщIэр имыгъэкIуэду къикIыжыфырт.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Фэ фщIэрэ

« Раньше