ШэсыпIэ ирехъу!
2019-03-28
- Ди къуэш, ди шыпхъу лъапIэхэ!
- ПIалъэ гъуэзэджэмкIэ — Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэ махуэмкIэ — Дунейпсо Адыгэ Хасэм и гъэзэщIакIуэ гупым и цIэкIэ сынывохъуэхъу!
- Нобэ КъБР-м и лъэпкъ гуфIэгъуэр — Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэ махуэр егъэлъапIэ. Абы балъкъэрхэр щрагъэкIам яшэча бэлыхьри, адэжь щIыналъэм къызэрагъэзэжам къахуихьа гуфIэгъуэри къызэщIэзыубыдэ мыхьэнэ иIэщ.
- Ижь-ижыжь лъандэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу лъэпкъхэр зэкъуэш унагъуэ зэкъуэту зэдопсэу, гуауэри гузэвэгъуэри зэдагуэшу, зым и ехъулIэныгъэм адрейр щыгуфIыкIыу. ЛIэщIыгъуэкIэрэ зэтеува хабзэхэм тету быдэ хъуа а зэныбжьэгъугъэм дыщалъхуа Къэбэрдей-Балъкъэрым, ди Хэку псом — Урысей Федерацэм япэкIи фIыгъуэ къахурехь!
- Дэтхэнэ унагъуэми илъ насыпымрэ гуфIэгъуэмрэ ди республикэм и зэпIэзэрытыныгъэмрэ ефIэкIуэныгъэмрэ я шэсыпIэ ирехъу!
- Сэхъурокъуэ Хьэутий, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ.