УсакIуэ уахътыншэ Пушкин Александр нобэ къыщалъхуа махуэщ
2020-06-06
- Илъэс къэс мэкъуауэгъуэм и 6-м ягъэлъапIэ Пушкиным и урысейпсо махуэр. Абы къэрал мыхьэнэ етыным ехьэлIа унафэр Урысей Федерацэм къыщащтауэ щытащ 1997 гъэм, усакIуэшхуэр къызэралъхурэ илъэс 200 щрикъум ипэ къихуэу. УФ-м и Президентым и жэрдэмкIэ, 2011 гъэм щегъэжьауэ илъэс къэс мэкъуауэгъуэм и 6-м ягъэлъапIэ Урысыбзэм и махуэри.
- Совет зэманым щыгъуэ зэрыхабзэу щытауэ, абы ирихьэлIэу цIыхушхуэ щызэхуос Пушкиныр къыщалъхуа Михайловскэ къуажэм, абы и цIэр зезыхьэ Iуащхьэхэм деж, усакIуэм и IэдакъэщIэкIхэм къызэреджэм едэIуэн папщIэ. Апхуэдэуи дэнэ щIыпIи щокIуэкI усакIуэм и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ, урысыбзэм, урыс литературэм теухуа пшыхьхэр, щэнхабзэ зэIущIэхэр. Абыхэм хэтщ музыкант, актёр цIэрыIуэхэр, усыгъэм дихьэх нэхъыжьхэр, ныбжьыщIэхэр, школакIуэхэр.
- Урыс литературэбзэм и лъабжьэр зыгъэтIылъауэ къалъытэ Пушкин Александр и творчествэр, жыпIэнурамэ, дэтхэнэми къыддогъуэгурыкIуэ. Я ныбжь, зэрыт дин, къызыхэкIа лъэпкъ емылъытауэ псоми къызэдащтэ, ягу ирохь абы и усэхэр, куэдым гукIэ зрагъащIэ. ЗэбдзэкIыну зэрыгугъум емылъытауэ, а Iуэхум зезыпщытхэр дуней псом и дэнэ щIыпIи щыбгъуэтынущ. Бзэ пщIы бжыгъэхэм ирагъэзэгъащ Пушкиным и усэхэм ящыщ куэд, нобэми абыхэм елэжьхэр щыIэщ.
- И таурыхъхэр-щэ?! Дуней хъэрпшэрым ухашрэ псысэм и лъахэм укъыщагъэхутэу, абыхэм щIамыпIыкIа сабий къэгъуэтыгъуейщ. Уеблэмэ, тхылъ емыджэф цIыкIухэри дахьэх, апхуэдизкIэ сабиипсэм пэгъунэгъуу тха хъуащи.
- Пушкин Александр Кавказым тIэунейрэ щыIащ: 1820, 1829 гъэхэм. Япэу къыщыкIуам зэрымыщIэкIэ къыщыхутауэ жыпIэ хъунут, зригъэлъэгъуари Кавказым и Псы хущхъуэхэм я закъуэт. Ди щIыналъэм и дахагъэмрэ и цIыхухэмрэ дахьэхагъэнти, етIуанэу къытригъэзащ, ди щIыналъэмрэ Тырку къэралыгъуэмрэ щызэпыхьэ щIыпIэм нэси къызэхикIухьащ. Пушкиныр къамылъху ипэкIи Кавказыр зэрыщыIэр ящIэрт, шэч хэмылъу, ауэ адрей усакIуэхэм ди щIыпIэ дахэр къахузэIузыхауэ къэплъытэ хъунур аращ. АпхуэдизкIэ дахащэу, узыIэпишэу щIыуэпсри щыпсэу цIыхухэри къигъэлъэгъуати, абы и творчествэм щыгъуазэхэр Кавказым къыхуеIэ хъуащ.
- Ди щIыналъэм къыщызэщIэрыуа и гупсысэхэм къыхэкIыу Пушкиным и Iэдакъэ къыщIэкIащ, псалъэм папщIэ, «Кавказский пленник», «Тазит» поэмэхэр, «Кавказ», «Обвал», «Подражание Корану», «Путешествие в Арзрум», «На холмах Грузии», «Не пой, красавица, при мне…», «Монастырь на Казбеке», нэгъуэщIхэри. КъэралыщIэ, ипэкIэ имыщIа щIыуэпс гъэщIэгъуэн къицIыхуауэ къилъытэрт усакIуэм, Кавказым щыпсэу цIыхухэр адрейхэм къыхэзыгъэщхьэхукI щхьэхуитыныгъэми зыщигъэнщIыртэкъым.
- УсакIуэр псэущ абы и IэдакъэщIэкIхэр цIыхухэм зэIэпахыху, еджэху. АтIэ Пушкиным и усэхэр, ар къызэралъхурэ илъэс 221-рэ ирикъуами, зэи жьы хъуркъым, сыт зэманми пэджэжу, сыт хуэдэ цIыхупсэми лъэIэсу апхуэдэщ.
- ИСТЭПАН Залинэ.