ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

КIэртIоф пIастэ

2020-06-06

  • ШыуанкIэ тхъу ягъэплъ, абы халъхьэ тыкъыр цIы­кIуурэ упщIэта бжьыныщхьэ, зэIащIэурэ шыбжий ­хаудэри, мафIэ щабэм тету хьэзыр хъуху ягъэлыбжьэ. Абы кIэртIоф укъэбзар халъхьэ, псывэ щIакIэ, шыгъу тIэкIу хадзэри шыуаныщхьэр тепIауэ хьэзыр ­хъуху ягъавэ. Шыуаныр пэшхьэкум къытрамыхыу мафIэр ягъэункIыфIри, кIэртIофыр пщтыр щIыкIэ, къыркуэ хэмылъу яуб.

  • МафIэр щIагъэнэжри, кIэртIоф пIастэм зэIащIэурэ, шэ щIэмыху гъэпщта хакIэ. Шы­уаныр пэшхьэкум къытрахыж. Iэнэм щытрагъэувэнум и деж кIэртIоф пIастэр пщтыру тепщэчым иралъхьэ, абы и щIыIум шатэкIэ щIа бжьыныху шыпс, джэдгын хэлъу тракIэж. ПIастэ, щIакхъуэ, лэкъум дашх.
  • Халъхьэхэр (цIыхуитху Iыхьэ): кIэртIоф укъэбзауэ — г 1000, зэрагъэвэну псыуэ — г 400,тхъууэ — г 60, шэ гъэпщтауэ — г 150, шатэу — г 300, бжьыныщхьэ укъэбзауэ — г 80, бжьыныху укъэбзауэ — г 30, шыгъуу, шыбжийуэ, джэдгыну — узыхуейм хуэдиз.
  • Адыгэ лы гъэжьэкIэ
  • ЛыпцIэр зэпаупщI г 35-40 хъууэ. Адыгэ бжьын плъыжь цIыкIур яукъэбз, лыри бжьынри псы щIыIэкIэ ятхьэщIри, дзэху тепщэчым иралъхьэ, шыгъу, шыбжий сыр хаудэри, фIыуэ зэIащIэж. И щхьэр тепIауэ щIыIапIэм деж щагъэт дакъикъэ 15-20-кIэ. ИтIанэ лы тыкъыр цIыкIухэри бжьынри хъыдан гъущэкIэ ялъэщI. Щагъэжьэнум и деж япэщIыкIэ дзасэм лы тыкъыр фIалъхьэ, итIанэ бжьын псо, апхуэдэурэ дзасэм фIэз ящI. И кIэ дыдэм фIэлъын хуейр лы тыкъырщ. Пхъэ мафIэ дэпкIэ, дзасэр ягъэкIэрахъуэурэ, ягъажьэ, лыр хьэзыр, тхъуэплъ дахэ хъухукIэ. Дзасэм къыфIалъэфри, пщтыру тепщэчым иралъхьэ. Дашх пIастэ, мырамысэ, чыржын, хьэлIамэ, щIакхъуэ. Шэ хуабэ трафыхьыж. Сэбэпышхуэ яхуохъу псчэрейхэм, Iупс бзаджэ зиIэхэм, щIыIэ зыхыхьахэм.
  • Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ): мэлылу — г 250, адыгэ бжьын плъыжь цIыкIуу — г 150, шыгъуу, шыбжийуэ — узыхуейм хуэдиз.
  • «Адыгэ шхыныгъуэхэр»
  • тхылъым къитхыжащ.