НапщIэ хэлъэтыгъуэ
2020-06-06
-
Жамбей Бэбызэ ипхъу Мафрузэ илъэс 90-кIэ къэзыхъума адыгэбзэр
- «Дыщэм хэс нэхърэ – нэхъыжь зыбгъэдэс» жызыIа Iущым игъэунэхуагъэнт а зэригъапщэхэм яку щызеуэ жьызэпихур. Укъызыхуэтыншэми, узеиншэ зэпэхъурейщ, жьэгум уифI щыгуфIыкIын дэмысрэ, унэм — уи дагъуэ уIузгъэплъэжын щыпхуэмыплъырмэ…
- Налшык къалэ и зы хьэблэ цIыкIу иджыпсту къыщоблэ Жамбейхэ Мафрузэ и щхьэгъубжэ нэхухэр. Бзылъхугъэ хьэлэмэтыр нэхъыбэIуэм къызэращIэр – Мафрузэ Бэбизовнэ цIэ зэрыIыгъырщ. Гъэ 90 зи жыжьагъ гъуэгуанэм и щIэлъэныкъуэр егъэджакIуэу къихьащ абы. Мафрузэ сепсэлъылIэну си нэ къыщIикIым щхьэусыгъуитI иIэщ. Япэр — лIэщIыгъуитI хэпсэуа цIыхухэм махуэ къэс даIущIэркъым. ЕтIуанэрщи, илъэс 50 хъуауэ «Адыгэ псалъэм» и щIэджыкIакIуэщ ар.
- Жамбейхэ япхъуу Жыращхэ я нысэр и ныбжь хуэмыфащэу зэрыжаным IуэрыIуэтэжу дыщыгъуазэт. ЖаIэрт тхылъыфI и нэку-напIэу, гукIэ усэ куэд ищIэу. НтIэ, си нэкIэ слъэгъуаращи, Мафрузэ щIалафэ дыдэщ, лъэжанщ, нэхъ гъэщIэгъуэныжыр — зэрыб «хьэпIацIэщыгъэм» нэгъуджэншэуи щIоджыкI. Езыр нэгу зэлъыIухауэ нэфIэгуфIэщ, «фызыжь дахэ» жысIэнут, ауэ… фызыжькъым ар. Жьыгъэ зэIар сыхьэт ныкъуэкIэ тхылъымпIэншэу усэ къыпхуеджэфрэ? Хэту пIэрэ «Къамботрэ Лацэрэ» къыщымыуэу гукIэ зыщIэр? Мафрузэ къыщыуэркъым.
- Иджыри къэс зи гугъу тщIар къаплъэр зыщыгъуазэщ. АрщхьэкIэ «Къаплъэ нэхърэ къиплъ» щIыжаIэжырщи, аддэ блэкIа лIэщIыгъуэм и уэрам зэхэкIыпIэхэм гупсысэр къарыплъмэ, хэт хъуну а бзылъхугъэр? Дэтхэнэ лъагъуэхэмкIэ кърикIуа а илъэс 90-р зи гъуджэ укIытэхым къытемыщ Жамбей Мафрузэ? Зызумысыжынщи, си гугъат упщIэ гуэрхэр къезгъэзэгъыурэ сыхукъуэплъыну, арщхьэкIэ себыркъ-сешыркъри зыщIэслъэфыжащ. Адыгэ интервьюр сысейкъым; Мафрузэщи — зырыегъэджакIуэр имыгъэгъуащэу, къызэплъщ – схупыгуфIыкIыжри, и Iэгу бгъузэ дахэр стIолыщхьэм триупIэпIащ:
- — Догуэт! Сызэпумыуди, жысIэнщ… СыгъэIуатэ зэрыщытар.
- … Къугъуэлъкъуей сыщалъхуат 1930 гъэм. Си адэ Жамбей Бэбызэ колхоз клэдэвшыкт, щIэныгъэ зыбгъэдэлъ лIыт а зэманым и мардэхэмкIэ: бзэхэм хуэшэрыуэу, и есэпыр гурыхуэу. Си анэр Къэжэр Мэжид ефэнды- шхуэм ипхъущ. Анэш дадэр еджагъэшхуэти, мыдрысэм щIэблэр щIэныгъэм щыхуиузэщIырт. А лъэхъэнэм нэгъуэщI еджапIэ мыбы щыIакъым-тIэ. Къэжэр Мэжид и сурэтышхуэр зы зэман фIэлъу щытащ мо «ХьэтIохъущокъуэ и хадэ» ихьэпIэм. ПщIэрэ фIэлIыкIрэ зиIэ щIэныгъэлIу, дин лэжьакIуэ щыпкъэу къэгъуэгурыкIуащ си анэш дадэр.
- Жамбейхэщи, си адэ Бэбызэ щIэныгъэпсэт. Ар зыщIэджыкIар Iэмал зэриIэкIэ (жьэрыIуатэу нэхъ мыхъуми) быным къытхилъхьэжырт. Шыпхъуищрэ зы дэлъхурэ сиIэти, тхуми ди щIэныгъэ лъабжьэхэр къыщежьар Къугъуэлъкъуей еджапIэрщ.
- Мафрузэ щIалафэ дыдэщ, лъэжанщ, нэхъ гъэщIэгъуэныжыр – зэрыб «хьэпIацIэщыгъэм» нэгъуджэншэуи щIоджыкI. Езыр нэгу зэлъыIухауэ нэфIэгуфIэщ, «фызыжь дахэ» жысIэнут, ауэ… фызыжькъым ар. Жьыгъэ зэIар сыхьэт ныкъуэкIэ тхылъымпIэншэу усэ къыпхуеджэфрэ? Хэту пIэрэ «Къамботрэ Лацэрэ» къыщымыуэу гукIэ зыщIэр? Мафрузэ къыщыуэркъым.
- Хэку зауэшхуэм ипэIуэкIэ ди колхозыр гъавэрэ пхъэщхьэмыщхьэ-хадэхэкIкIэ къулеящ. Къугъуэлъкъуейдэсхэм IупэкIэ тхъур щаза лъэхъэнэт ар! Слъагъу хуэдэщ, лъагэу дэщIея гучохэм къащхьэдэукIуриехыу ди адэ-анэм я трудоденыр гуищ-гуиплIкIэ пщIантIэм къызэрытхудашэжыр … Изт ди фоужь кхъуэщынхэр, зэпэубыдатэкъым ди фоущIэр. Дыщэплъ Iуву яет ди сэхуран дагъэр. Пхъэщхьэмыщхьэ гъэгъуарэ хадэхэкI фIэIугъэкIэ гуныкъуэгъуэ диIэтэкъым. Трудоденыр пщIэнтIэпс хьэлэлым и къабзэти, кIэухыншэу къэуатт. Апхуэдизу бэвылъэу зи мэкъумэш зэщIэзылъхьэ къэралышхуэм хамэ нэфыгъуэ къызэреIари бгъэщIагъуэ хъунукъым. Дунейр зэриухуэрэ къыдэкIэрахъуэ хабзэжьщ ар, таурыхъхэри абыкIэ щыхьэтщ: мэшыбэ зыщIэм жагъуэгъунэ и бэщ… А сабиигъуэ лъапэнэхум иджыпстуи къысхухоплъ ди пщIантIэшхуэм и удзыпцIэ псыIэр, щIым дыубгъу арджэнхэм я тхыпхъэхэр.
- ПщыхьэщхьэкIэрэ (унэ — хадэ — Iэщ Iуэхухэм дакъызэрыдэхуэу) удзыпцIэм дыкIуэрт, Бэбызэ мыгъуэр къытхэтIысхьэжырти, таурыхъ Iущрэ хъыбар пэжрэ ущIэдэIунумэ, къеблагъэ! Ди адэр псысэм пIащIэрытхъытхъыу ирижэртэкъым. Гъэхуат абы и гупсысэр, купщIафIэт и жыIэгъуэ кIэщIхэр. Бэбызэ сыт къимыIуэтэжми, а зи гугъу ищIым и купсэ- кумылэр гъэнщIыгъуэу иукъэбзурэ, къызэрыдгурыIуар къипщытэрт. Аддэ пасэу, иджыри дысабийуэ къытIухуащ фIым и къару куцIыр; гуащIэдэкIым и гупсэ дагъэр.
- Бэбызэ дигъэIущырт: «Сыт хуэдэ гугъусыгъу гъащIэм къыфпимыгъэтIылъами, фыбгъунлъэу фимыщолэхъу фымышэс. Узыхуемыджар — IэщIагъэкъым. Сом фейдэр щIэныгъэншэм и нэщыпхъуэщ. ЩIэныгъэншэр хьэсэпэ кIэщIщ, гуващIэхами зэгуэр къыщIэхуэнущ. ГъащIэр, гъадэм елъытауэ, напщIэ хэлъэтыгъуэщ, напэрщи — текIыгъуэ закъуэщ. Феджэ. ЩIэныгъэр лъэщщ…»
- Ди адэм и псалъэр тхуми гъуазэу тIыгъащ. ДыцIэнтхъуакъым сомым и хьэтыркIэ. Пэжым зэманри фIолIыкI. Бэбызэ къыджиIар пэжт.
- Нобэ хуэдэу къызощIэж Хэку зауэшхуэр къыщыхъеяр. Бэбызэ щэнейрэ военкомым елъэIуат фронтым ягъэкIуэну. АрщхьэкIэ ди адэр… узыншэтэкъым, дзэм ираджэнуи хабзэм къезэгъыртэкъыми, колхоз IэнатIэм къыпэрынащ. 1942 гъэм и шыщхьэуIу мазэу хъыбар къэIуащ: нэмыцэм Хьэтуейр иубыдащ. Бэбызэ колхоз гъавэщхэр зэIуихыпэри, щIэти-щIэлъи жылэдэсхэм ятриугуэшащ: «Сыкъэфлъэгъуакъым — фыслъагъужакъым. Зэбгрыфхи, лъэныкъуэ евгъэз. Бийм къытпигъаплъэр зыщIэр Алыхьырщ».
- ЕтIуанэ махуэм Къугъуэлъкъуей уафэм гъуагъуэу къиуващ «кIэдыкъуакъуэжьыр». Дышынэ пэтми, зэрытфIэгъэщIэгъуэныр нэхъ текIуэри, жылэр дызэхуэжэсащи уафэгум доплъыхь. Кхъухьлъатэми зыкъигъэлъахъшэурэ фIыцIагъэ цIыкIу гуэрхэр къызыкIэрегъэщэщ… ЗищIысыр къызыгурыIуахэр щхьэрыхьу зэбгырыжащ! ЗылI къытхэтт пхъэлъакъуэу… Зи лъэ Iузмыхыфа а насыпыншэм и кIэтIий кIапсэхэр, си нэр тедияуэ, хьэуам хеупцIэри зэбгырепхъыж! А махуэм нэпскIэ къэзгъауэ щытар иджыпстуи къызоIэ сыкъигъаскIэу.
- Куэд дэмыкIыу Къугъуэлъкъуей къыдыхьащ нэмыцэр. Къыдыхьэ къудей мыхъуу, я пщэфIапIэшхуэр ди пщIантIэм щагъэувщ, езыхэр ди унэм щитIысыкIыжри, зы пэшым унагъуэр зыщIэдгъэзэгъэн хуей хъуащ. Сыт тщIэнт? ДыщIэсщ, ди псэр дзапэкIэ тIыгъыу. Ди пщIантIэшхуэрщи – нэмыцэ лъэгущ. Езыхэми я къэси, я къэумыси зыуэ, Бэбызэ япхъуатэри фоч пащIэр и блэгъукIэм егъэкъуауэ ирахужьащ: «Колхоз гъавэщым щIэлъар щыбгъэпщкIу щIыпIэм дешалIэ!» Жылэдэсхэм зы псэ къахэкIатэкъым Бэбызэ и Iэужьым бзэгу тезыхьэн! Мыдрейми заригъэумысакъым: «ЦIыхур мэжалIэмэ, пхуэубыдын? БжэIулъэхэр Iуаудри… куэд мащIэ зэрашхыжрэ!» АрщхьэкIэ Бэбызэр унагъуэщхьэрыкIыу кърахуэкIырт… Ди унэр тIысыпIэ зыщIа нэмыцэхэм зы тэрмэш щIалэ яхэтт ГеоргкIэ еджэу. Урыст ар. ЛIэщIыгъуэ кIуам къэралым икIыжа унагъуэм Германым къыщалъхуауэ, урысыбзэ ищIэрт абы. НтIэ, а Георг и жыIэм нэмыцэхэр щIэдэIут, дзыхь хуащI къыщIэкIынт… Ди адэр фочыпэм пыту зезыхуэхэм ябгъэдохьэри яжреIэ:
- — Уа, мыбы и псэр иужэгъуауэ къыфщыхъурэ? ИщIэу щытамэ, къывжиIэнут. ИщIэркъым! Сыт къыпыфхынур иджыри?
- Апхуэдэу къаутIыпщыжауэ щытащ ди адэр. И фэр шэхуу пыкIауэ Бэбызэ пщIантIэм къыщыдыхьэжар сыпсэуху сщыгъупщэнукъым. Си адэм и лъакъуэхэм IэплIэ есшэкIауэ нобэр къыздэсым лъэгуажьэмыщхьэу сызэщоджэ… Е-ей, Бэбызэ, Бэбызэ, зэ уэгъуэу фронтым зыкъыщригъэукIынти, а махуэм зэ закъуэ дыхимыгъэплъэн папщIэ!
- Къугъуэлъкъуей коммунисту дэсар партизану Къурт и мэзым щIыхьэжат. Абыхэм ящыщу Бэрсэдж Мыхьэмэт и лъэужьым фашистхэр техьэри, яукIат гуузу. Партизанхэм яхэтащ Уэркъуасэ Хьэзиз, Блий Шэдин сымэ. А зэманым яуса уэрэдым и едзыгъуэ уезгъэдэIуэнщ, ухуеймэ:
- Блий Шэдинмэ и пыIэ гъуабжэрэ
- пабжьэм щолъейтэрэ, уей!
- Партизан шухэр Арщыдан мэзымэ
- щагъэлъеятэкIэ, уей!
- НтIэ, шыщхьэуIум щегъэжьауэ дыгъэгъазэм и 31-нэ жэщ пщIондэ нэмыцэр Къугъуэлъкъуей дэсащ. Иджы согупсысэжри, адрей щIыналъэхэм щызэрахьа лейм елъытауэ къытхуэдыджатэкъым дэ нэмыцэхэр, залымыгъэ еру дагъэшэчатэкъым; уеблэмэ, тшхын къыщыдатахэри мащIэкъым. Мыри гъэщIэгъуэнщ: нэмыцэхэм ящIыгъуащ румынхэр. Ахэр зыкIи зэщхьтэкъым, нэмыцэхэр Iэтащхьэ-унафэщIт, румынхэр хьэIуху-бжэхуэщI дэкIуашэт. Румынхэм Урыху псы къыдахт, пхъэ якъутэрти, нэмыцхэм къахуипщэфIыкIырт. Шхэгъуэр къэсмэ, нэмыцэ зауэлIхэм я шыуанжьейм Iуву лы хьэжар хураублэракIэрти, тхьэмбыл-тхьэмщIыгъу, лъэсыгъуей хуэдэхэр, хьэм ещхьу, румынхэм хуадзырт. Модрейхэми къалъыса тIэкIур хадэмкIэ яхьырти, къудамэ къутахуэ, къэрэкъурэ къащыпурэ зэщIагъэста мафIэмкIэ пщэфIэжхэрт. Румын къэс и мафIащхьэ цIыкIу иIэжу щхьэхуэт, щхьэзакъуэу шхэжырт.
- Ущысабийм деж куэдым гу лъыботэ. Абы щыгъуэ сфIэгуэныхьт а румын IуэхутхьэбзащIэхэр; хэбгъэзыхьмэ, сигу ящIэгъут зи щхьэ хуимытыж залымзехьэу кърахужьа а нэмыцэ зауэлIхэми. Сигу яхупихт абыхэм къапэплъэ анэхэм, къахуэзэш бынхэм. Е-ей, зауэ, зауэ… Хэт зыщIэр уи шапэIудзхэм ягу щыжьэр?
- Бжьыхьэр икIри, уаеу къэсащ щIымахуэр. Нэмыцэхэри Къугъуэлъкъуей а зэрыдэсщ. ЩIымахуэ жэщ кIыхьым (уи унэри зэрыпхъуакIуэ тIысыпIэу) уигу фIы щыщIэн? Пасэу догъуэлъыж, кIасэу дожеиж. ИлъэсыщIэр къыщихьэну жэщыр фIыуэ щыхэкIуатэм, зэхэуэ макъышхуэ къэIуащ. Шэкъэуэж пIэнкIым къыхэзэрыхьащ топышэ зэблэлъэтхэм я гъуахъуэр. Зэхэуэр щIэхуэбжьэху, унэ лъэгум зыхэтIубэурэ, додаIуэ. Нэхъыбэху — нэхъеижщ. ЩIыр гурымурэ зэгуэхуу, ди унэр дэщэтам хуэдэщи, дунейр зджызджыжу щIеупскIэ. Щымыхъужыххэм, ди адэм и пыIэр щхьэритIагъэри щIэкIащ. Бэбызэ тэрмэш Георг къегъуэтри, къэхъуамкIэ щеупщIым, модрейм пэжыр къыщебзыщI: «ИлъэсыщIэр Германым къызэрыщидгъэхьэр апхуэдэущ. Псори тэмэмщ!» — къыжреIэ. Бэбызэти, а «илъэсыщIэ лагъымхэм» ехьэлIауэ гурыщхъуэ гуэрхэр иIэт…
- Си гъащIэр зи бгъуагъ–кIыхьагъ гугъу сехьауэ щытмэ, зауэмрэ зауэ нэужь лъэхъэнэмрэ сщызыгъэгъупщэн натIэ Iыхьэ къысхуихуакъым. Гъаблэр. Мэз хьэщхьэтеуэм кIуэцIнэщIкIэ декIэнтIырауэу къыхэтлъэф гъэсыныпхъэ щтырыгъур. ЩIышылэ хъуэтым дзакъэурэ щIихулыкI щIыфэ щыгъыныджэр. Гъэ дытехьэрти, жэм уэдыкъуа мыгъуэжьыр щIэукIуриикIрэ, сабий лъэкIэн гъурыр – пхъэIэщэжьу, дывакIуэт.
- Нэхулъэ къищIырт. Ди пщIантIэм иджы щынэрылъагъут Къугъуэлъкъуей жылэм нэмыцэ шырыкъу зэрыщыземыкIуэр. ПIащIэгъуэкIэ щтапIэ илъэдэжахэм я гъуэмылэ гъэтIылъыгъэр къызыхуэна сабийхэм ди дуней IутIыжт иджы!
- 1942 гъэм щIэгъуагъуэу здырилъэфащ а илъэсыщIэ жэщыр, арщхьэкIэ иджыри егъэлеяуэ задэт зауэкIэр. ДяпэкIэт гугъум и Iэтыгъуейр къыщытпэплъэр: зауэр зыпхыкIа лъахэм и хьэзабыр, ибэу къэна сабийхэм я мэжэлIэнэр. Иджыри щIытI яжьалъэт фызабэ Iэпщэмрэ сабий кIэнтIыIумрэ къащыгугъ вагъэщIапIэхэр.
- Си гъащIэр зи бгъуагъ-кIыхьагъ гугъу сехьауэ щытмэ, зауэмрэ зауэ нэужь лъэхъэнэмрэ сщызыгъэгъупщэн натIэ Iыхьэ къысхуихуакъым. Гъаблэр. Мэз хьэщхьэтеуэм кIуэцIнэщIкIэ декIэнтIырауэу къыхэтлъэф гъэсыныпхъэ щтырыгъур. ЩIышылэ хъуэтым дзакъэурэ щIихулыкI щIыфэ щыгъыныджэр. Гъэ дытехьэрти, жэм уэдыкъуа мыгъуэжьыр щIэукIуриикIрэ, сабий лъэкIэн гъурыр — пхъэIэщэжьу, дывакIуэт.
- ИтIани деджащ. ЩыIащ егъэджакIуэ нэсхэр. ЩыIащ щIэныгъэлI Iущхэр. Курыт еджапIэм дыщезыгъэджахэм яхузэфIэкIат щIэныгъэр дилъ къыщагъэплъын. Илъэсхэри кIуащ. Тхуми (къэрал стипендие къэтхьурэ) зэдгъэгъуэтащ щIэныгъэ ищхьэ. ИпэIуэкIэ къэзухат егъэджакIуэхэм я илъэситI курсхэр, адэкIэ щыпысщат пединститутым. А зэманым (жыIэзыфIэщыгъэкъым ар) дэтхэнэ щIэныгъэ къудамэми сыхуэгъэзат сэ. НтIэ, псэрыгъуазэкIэ зисшиикIри, къыхэсхащ адыгэбзэр. Бэбызэ и гъащIэ дерсхэмкIэ си псэр ецырхъат а бзэм и лъабжьэ щIэлъ IуэнтIагъэ лъэщым. ПасэреибзэкIэ умыджэгу: ДыкъэзыгъэщIыр закъуэтIакъуэхэм зэрахуэупсэ щэху телъыджэщ ар! Адыгэр гъуэбжэгъуэщ нэрымылъагъуу къэзыхъумэр а IукIэ зэрихьэ — а лъапIэр зыкIэрыщIа уафэ къуэпсхэрщ. АбыкIэ шэсыпIэ соувэ. Си хьэкъщ ар.
- КъесхьэлIа гъэхэм сызыхуеплъэкIыж яхэтамэ, ар — стипендие къысхуагъэфащэурэ къэзджа илъэсхэрщ. ЩIалэгъуэм, е сэ сщIэрэ, къару къызэщIэрыуэгъуэм и закъуэтэкъым ар. Псалъэ сызыхущысхьыж Iэджэ щотIыгъуэ а иджы згъэфIэж зэманым. ЕгъэджакIуэу сиIахэм ещхь щIэныгъэлIхэр махуэ къэс къалъхуртэкъым. Срагъэджащ АбытIэ Мухьэбрэ Урыс Хьэтэлийрэ. Апхуэдэхэм я лекцэ щIэдэIун къудейр сытым схухуэгъэдэн! Абыхэм уахуэфэщэжу улэжьэныр-щэ? Нэхъ иужьыIуэкIэ срагъэджащ Нало Заур (ар иджыри щIалэ дыдэт), Сокъур Мусэрбий сымэ. Сокъурыр литератор лъэщт. Мусэрбий и лекцэхэр иджыри си гуимыхужщ. Псом нэхъ IэфIу сигу къинар экзаменхэр щытт мазэхэрщ. Iуэтэжыгъуэщ ар: уигу-уи щхьэр зэтелърэ укъимыкIуэту, къэбджамкIэ жэуап пхьыныр; уи щIэныгъэ гушхуауэ утыку ипхьэныр!
- 1954 гъэм, пединститутыр къыщызухым, Прохладнэ щIыналъэм щыIа Джэдыкъуэ курыт еджапIэм сагъэкIуащ. Унагъуэ сихьэри, дыкъэIэпхъуэжащ Ерокъуэ. ХъыджэбзиплI здэщыспIа Жыращхэ пщIэрэ фIыщIэрэ къыскIэлъызэрахьэ.
- ФIыуэ плъагъу IэщIагъэр къыщыппэплъэм деж, лъхуэн-пIэнри унагъуэ зехьэнри жьыхуу хьэлэмэтщ. Зи IэщIагъэр псэм дэщIауэ къыхэзыхым и лъэр псынщIэщ. ЩIэныгъэмрэ IэщIагъэмрэ лъэтхьэмпитIу зэгуэгъумэ, лъэр — дамэщи, лъагэщ щхьэр.
- НалшыккIэ дыкъыщыкIуэжым, сыщылэжьащ 17-нэ курыт еджапIэм, нэхъ иужьыIуэкIэ — 27-нэр лэжьапIэ схуэхъури, си гуащIэм къихьыху сабийхэр езгъэджащ. Улахуэнши гулъытэнши зэи сыхъуакъым. НетIэ жыхуэпIауэ, си илъэсхэм тIэкIу саремыщхьмэ… (мэдыхьэшх) къысхуэбгъэгъу хъунущ, сабийрэ щIэныгъэрэщ плъапIэу сиIари, си «IуплъапIэри» абыхэм къатенауэ пIэрэ — тIэ?
- Бын зыгъасэ нысащIэ цIыкIухэм гу лъезгъэтэнут: сабийр ДыкъэзыгъэщIым и Iущ кIуапIэщ. Ар къыпхуэгъэпцIэнукъым псалъэ гунэщIкIэ. ЗыщIишэр — и нэгу щIэкIырщ. ВгъафIэ. ФедэхащIэ. ФIым фIы къешэ. Адэмрэ анэмрэ я IэфIым къапеIэбэкIыу быныр дэзышэхын мы дунейм къытехьакъым. Iэмал зэриIэкIэ, щIэныгъэм хуэвгъэуш сабийр. ЩIэныгъэншэ IэщIагъэншэщи, IэщIагъэншэ IэщIджафэщ.
- Жамбей Мафрузэ и жыIэм хуэдэкъым зыкIэлъыпсэлъэжыр. Сэ къыслъыс щIызгъужыну аркъудейщ… Мафрузэ насыпыфIэщ и гуащIэдэкIкIэ. НасыпыфIэщ и бынкIэ. ПхъуиплI ипIащ, ипэ-ипэу иригъэджащ. Марие Мэкъуауэхэ я нысэщ, Ларисэ ЛъэнкIэпIашэхэ бынунэ щыхъуащ. Джулие — езы Мафрузэ къыбгъэдэсыжщ. Пхъурылъху бынрэ абыхэм я быныжу нанэ дахэм цIыкIуибл егъафIэ. АрщхьэкIэ иIэщ абы анэу щыIэр зыхуэIэмалыншэ гурыгъу уз… ипхъу Светланэ (илъэс 45-м иту) игъеижащ. Бын иIакъым Светэ.
- Мафрузэ и нэхэм къаплъызым щэхуу къыхэпсэлъыкIыурэ:
- — Нэпсым нэпсыр тежабзэу илъэскIэ сыкъугъащ. Жэщ-махуэ симыIэжу сыбжащ. СыгуIащ. Зы нэхущ гуэрым, си псэм мэхъашэ къищтэри, нэмэзлыкъыпэм къыщыслъэIужащ: «Къызэптат, ДыкъэзыгъэщI. СибгъэIат. СIыпхыжат. Къысхуэбгъэфэщар къызощтэ, шыкур пхуэсщIурэ. Иджыри пщIондэ къэзгъар гуэныхь сщумыщI. Псэууэ сиIэхэр къысхуэхъумэ. Гу ящызгъахуэ! Шыкур пхузощI» Ди щхьэщыгу къит къару лъагэм хуэзгъэтIылъащи… сопсэу.
- Мэпсэу! Мафрузэ мэпсэу и хъыджэбз дыгъэхэм ягъафIэу. Зи унагъуэ зиIэжхэри и насып джэшщи, езым къыбгъэдэс Джулиери гулъытэкIэ зыми хуэдэххэкъым. Аддэ щысабийм анэм далъэгъуар иджыпсту зэпеуэу езым ирагъэлъагъуж. Анэри мэдыхьэшх: «СагъафIэурэ сагъэудэфащ мы сипхъухэм!»
- Мафрузэ Iэмал иIэу блигъэкIыркъым Къэбэрдей драмэ театрым щагъэув спектаклхэр. Апхуэдэу зыхигъэныркъым Абхъаз утым щызэхыхьэ жармыкIэхэм. Ныбжьэгъу иIэщ абы — Къумыкъу Рае. Мафрузэрэ Раерэ зэгъунэгъухэщ. Илъэс 90 зи ныбжь бзылъхугъэм тхьэрыкъуэхэмрэ хьэ хьэулейхэмрэ егъашхэ. Абыхэм къащыдэхуэм, адыгэ литературэм и щIэщыгъуэхэр щIеджыкI. Щыгъупщэх мыхъун папщIэ, гукIэ зэригъащIэри мащIэкъым. Ар гъэщIэгъуэну топсэлъыхь Апажэ Ахьмэд, Гъубжокъуэ Лиуан, Мыкъуэжь Анатолэ, Къаныкъуэ Анфисэ сымэ я IэдакъэщIэкIхэм. И стIолыщхьэм тезщ тхылъ, газет зэмылIэужьыгъуэхэр.
- Лъагэу зызыIэта дыгъэр иджы стIолыщхьэм тредзэ. Пэшым щIэсхэм къытхоплъэ Мафрузэ и пхъурылъху Лаурэ и IэрыщI сурэтыр. Анэшхуэм и теплъэ гуакIуэр (а нэхъ щидахэгъуэ дыдэм и Iуплъэгъуэр) пщащэм хьэлэмэту къипхъуэтат! Ар зытратхыкIам гъэхэри къызэрыщысхьар нэрылъагъущ. СыкъызыщIэкIыж пэшым и блынхэм нэхугъэ гуэру къызэпхопс а куэдым яхудэзмычых Iулыджыр.
- сабийр ДыкъэзыгъэщIым и Iущ кIуапIэщ. Ар къыпхуэгъэпцIэнукъым псалъэ гунэщIкIэ. ЗыщIишэр – и нэгу щIэкIырщ. ВгъафIэ. ФедэхащIэ. ФIым фIы къешэ. Адэмрэ анэмрэ я IэфIым къапеIэбэкIыу быныр дэзышэхын мы дунейм къытехьакъым. Iэмал зэриIэкIэ, щIэныгъэм хуэвгъэуш сабийр. ЩIэныгъэншэ IэщIагъэншэщи, IэщIагъэншэ IэщIджафэщ.
- Ларисэ уэрамыпэм нэс сыкъегъэкIуэтэж. Иджы сощIэ а мамэ дахэ цIыкIур (аращ зэреджэхэр) зэи и бын зэремыщхьэфэуар. Иджы сыщыгъуазэщ Мафрузэ ипхъухэр зыфIигъэлIыкIыу щытам:
- «Пщыхьэщхьэ къэс къеттхыхыну ди къалэнт махуэ кIуам длэжьахэр: япэ къехыгъуэу — фIыр; етIуанэу — мыхъумыщIэр. А тхыгъэхэм мамэ цIыкIу ткIийуэ хэплъэрт. Сытуи Iей дыдэт ар — махуэ къэс уи дагъуэхэмкIэ зыбумысыжурэ аргуэру укъеджэжыну! Апхуэдэ гъуджэм фIырыфIкIэ иплъэнури хэтыт? ИтIани диплъэрт, дыщыукIытэурэ», — погуфIыкI иджы Ларисэ…
- Зы къабзэшхуэ гуэр къысщIихуарэ сыгупсысалэу ди пщIантIэмкIэ щыдэздзыхым, аргуэру сызоплъэкI: Ларисэ кIуэжырт и анэр здэщыпсэу унэмкIэ. Хьэуэ, кIуэртэкъым ар, мэууэ хъыджэбз цIыкIухэм ещхьыпсу щIэлъэтырти, щIым нэса–нэмысауэ, адэкIэ кIуатэрт. А щIэлъэтыр езыри анэшхуэжрэ пэт, анэ къызыпэплъэр, напщIэ хэлъэтыгъуэ нэхъ мыхъу, хъыджэбзыжь цIыкIущ… Ирелъатэрэ -тIэ кIэухыншэу!
- КЪАРМЭ Iэсият.