Сабиигъуэр зауэм зыIэщIихахэр
2020-06-06
- Лукьяновэ (ШэджыхьэщIэ) Татьянэ и гукъэкIыжхэр
- Хэку зауэшхуэр гъэунэхуныгъэ ин дыдэу щытащ СССР къэралыгъуэмрэ совет цIыхухэмрэ я дежкIэ. Ар зэриухынум елъытат Хэкум и къэкIуэнури цIыхум яIэну псэукIэри. А псор фIыуэ къызыгурыIуэ совет цIыхухэр зауэм хэтащ я гуащIи я гъащIи щымысхьыжу. ТекIуэныгъэм мылъкурэ цIыху гъащIэу халъхьари, жыпIэ пэтми, пхуэмыIуэтэжыным хуэдиз мэхъу.
- Зауэ гущIэгъуншэм цIыхубэм къыщихьа ТекIуэныгъэм и гугъу щыпщIкIэ плъэкIкъым зи сабиигъуэ, зи къэжэпхъыгъуэ а зэман бзаджэм хиубыдахэм я гукъэкIыжхэр гулъытэншэу къэбгъэнэн. НыбжьыщIэ мелуанхэм я сабиигъуэ дахэр къызэпиудащ, куэд зеиншэу, унагъуэ насыпыр зыхэзыщIэну хунэмыса цIыхубз щIалэхэр фызабэу къигъэнащ.
- Апхуэдэ тхьэмыщкIагъэ къызылъыса унагъуэт Ленинград блокадэм къыхашу щхьэегъэзыпIэ къызыхуагъуэта Лукьяновхэ. А зэманым гугъу емыхь щIагъуэ щыIэтэкъым, къыздрашам хуэмыдэ дыдэми, къыщыщIидзами тхьэмыщкIагъэр щымащIэтэкъым. Ауэ абыхэм зэралъэкIкIэ зыщIагъэкъуащ ди цIыхухэм.
- Гузэвэгъуэм узэрызэхуишэр и тегъэщIапIэу куэд игу къегъэкIыж Лукьяновэ (ШэджыхьэщIэ) Татьянэ.
- — Хэку зауэшхуэр екIуэкIырт. 1942 гъэм гъатхэпэм и 24-м Ленинград блокадэм дыкъыхашащ. Илъэсибл сыхъуу арат сэ абы щыгъуэ. АфIэкIа ныбжь симыIэу зыхэсщIащ шынагъэр, мэжэщIэлIагъэр, псэ зэпылъхьэпIэр. ГъащIэм щIэх балигъ дищIат, хъунри-мыхъунри къыдгурыIуэу, къытлъысым фIэкIа адэ-анэм япэдмыубыдэу, гъы-бжэкIэ дымыгъэгузавэу. Япэубыди пэт — ямыIэр дэнэ кърахынт! — жеIэ Татьянэ. — Пасэу десащ зыр адрейм дыдэIэпыкъуу, дыкъыщхьэщыжу, фIыуэ дызэрылъагъуу. А хьэлхэр нобэми къэтхьэсащ.
- 1942 гъэм дыкъыздашар Къэбэрдей-Балъкъэрым и Тэрч щIыналъэм щыщ Абей къуажэрщ. Сыту сыхуейт абы щыгъуэм жылэр зэрыщытар иджыпсту слъэгъужыну! ГъащIэм зехъуэж, абы и гъусэу цIыхухэми захъуэж, илъэсхэм Iэджи тщагъэгъупщэ, ауэ абы дэса цIыхухэр къызэрытIущIауэ щытар нобэми си гум IэфIу илъщ. Иджыпсту хуэдэу си нэгум щIэтщ: уэрам тетIысхьэпIэм дыздытесым, гъунэгъу дызыхуэхъуахэр къакIуэрэ къытщIэупщIэу, я сабийхэр къыддэджэгуу зэрыщытахэр. Ди бзэр зэтемыхуэми, хуэм-хуэмуру дызэгурыIуэ хъури, ныбжьэгъуи дызэхуэхъуат. ИужькIэ бзэри къэтщIащ, дрипсалъэни щIэддзащ. Дыкъызыхыхьа лъэпкъым дащымыщу, дыхамэу зэи къытщагъэхъуакъым, фIыгъуэр Тхьэм къахуищIэ! Сыт хуэдэ лъэныкъуэкIи зыкъызэрытщIагъэкъуэным пылъахэщ, ди гур фIы къащIыным хущIэкъу зэпыту дыкъэпсэуащ.
- Къуажэдэсым ищIэн хуей лэжьыгъэхэм дэри драгъасэрт, нэхъ тыншу къызэрыдэхъулIэныр дагъэлъагъурт. Пхъэ гъэсын димыIэмэ, къыдату, ерыскъыкIэ къытхуэсакъыу зэрыщытахэр гуапэу си гум илъщ нобэр къыздэсым. Абы я фIыгъэкIэ а псори иужькIэ дэ къэдгъэхьэрычэтыжыф хъуат.
- Псом хуэмыдэу сэ нэхъ сигу изубыдар школым сыщеджа зэманырщ. Зауэм и гуащIэгъуэ дыдэм школыр лэжьакъым, дэ 1946 гъэрщ пэщIэдзэ классым дыщыкIуар. Абы щыгъуэм школым зэдыщIэсахэр апхуэдизкIэ гъунэгъу дызэхуэхъуати, си анэ къилъхуам хуэдэу къэслъытэрт дэтхэнэри. Псалъэм папщIэ, шыпхъум хуэдэу, дызыкIэрымыкIыу дыкъыздэхъуащ Сэхъу Светэрэ сэрэ. Абы сэрэ нэхъ гъунэгъу дыщIызыхуэхъуам щхьэусыгъуэ хэслъагъуэт: тIуми гъащIэ гъуэгуанэ гугъу ди нэгу щIэкIат. И анэм щIыгъуу Светэ илъэсийкIэ хамэ щIыпIэ щыпсэуауэ и нэгум гукъэкIыж хьэлъэ щIэлът, гузэвэгъуэм къригъэжьахэм ящыщ сэри си гукъэкIыжхэр нэхъыфIтэкъым.
- ЕкIуэкIырт гъащIэр! ЗэрыжаIэу, зи бзэ IэфI мэл щынитI щIоф. ДызыдэгъуэгурыкIуэ цIыху гуапэхэм кIуэ пэтми псэкIэ нэхъ гъунэгъу дахуэхъурт. Адыгэбзэм къабзэу дрипсалъэ хъуати, нэгъуэщI лъэпкъым дыкъыхэкIауэ дыбжыжыртэкъым. Гузэвэгъуэшхуэ дыкъезыхужьам ди нэгу къыщIилъхьахэр гум имыхужми, сыкъыщалъхуа щIыпIэм сыпэIэщIэми, Урожайнэ къуажэм си псэр щызгъэтIылъауэ секIуэкIащ. Сэ егъэджакIуэ IэщIагъэ зэзгъэгъуэтри, илъэс куэдкIэ сфIэфIу школым сыщылэжьащ.
- Хэку зауэшхуэм имыгъэгуIарэ ар Iэ щIыIэкIэ зыхэмыIэба унагъуэрэ щIагъуэ щыIакъым. Дэри абы и Iэужь бзаджэу дызэбградзын хуей хъуащ, ауэ дыкъыздагъэкIуа щIыпIэм дызыщыIущIахэм цIыхугъэ, гущIэгъу яхэлъу къыщIэкIащ. Зауэм и бэлыхьыр тлъэкIащ дызэдэIэпыкъужурэ къызэднэкIын. ЩремыIэ афIэкIа зэи зауэ, ди щIэблэм нэщIэбжьэ иремылъагъу!
- ДЖЭДУ Сэкинат.