Мы махуэхэм
2020-06-06
- Мэкъуауэгъуэм и 6,
- щэбэт
- Гуэлхэр, псыхэр гъэкъэбзэным и дунейпсо махуэщ
- Урысыбзэм и махуэщ. Ар ООН-м Жылагъуэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ и департаментым и жэрдэмкIэ ягъэуващ 2010 гъэм, УФ-м щагъэлъапIэ 2011 гъэм къыщыщIэдзауэ. Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм нэхъ къигъэсэбэп бзихым ящыщщ урысыбзэр, инджылызыбзэм, хьэрыпыбзэм, испаныбзэм, китаибзэм, франджыбзэм яхуэдэ дыдэу.
- Пушкиным и махуэр Урысейм щагъэлъапIэ. 1799 гъэм къалъхуащ урыс усакIуэ, тхакIуэ щэджащэ Пушкин Александр.
- Украинэм журналистым и махуэр щагъэлъапIэ
- Къэзахъстаным и Финанс полицэм и махуэщ
- Швецием и Ныпым и махуэщ
- Швейцарием лъагъуныгъэм и махуэр щагъэлъапIэ
- 1882 гъэм США-м щыщ Сили Генри электрокъарукIэ лажьэ ету къызэригупсысам щыхьэт техъуэ тхылъ иратащ.
- 1922 гъэм цIыхубэ комиссархэм я советым и унафэкIэ къызэрагъэпэщауэ щытащ литературэмрэ тхылъ къыдэзыгъэкI IуэхущIапIэхэмрэ я управленэ нэхъыщхьэр (Главлит). Къэралым 1990 гъэхэм щекIуэкIа зэхъуэкIыныгъэхэм я зэманым зэбграутIыпщыкIыжауэ щытащ.
- 1922 гъэм къыдэкIыу щIидзащ «Крестьянка» литературэ-художественнэ журналыр.
- 1944 гъэм етIуанэ фронтыр къызэIуахащ.
- 1945 гъэм «1941 — 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм и къару емыблэжу зэрылэжьам папщIэ» медалыр ягъэуващ.
- 1957 гъэм къэралым щыяпэу Москва «Детский мир» тыкуэныр къыщызэIуахащ. Сабий хьэпшыпхэр щащэ апхуэдэ тыкуэнхэр къыкIэлъыкIуэ илъэсхэм щылажьэ хъуащ СССР-м и адрей къалэшхуэхэми.
- 1992 гъэм Урысейм и Президент Ельцин Борис Iэ щIидзащ Москва къалэм и Iэтащхьэу Лужков Юрий зэригъэувым теухуа унафэм.
- Нэмыцэ тхакIуэ цIэрыIуэ, Нобель и саугъэтыр 1929 гъэм зрата Манн Томас къызэралъхурэ илъэси 145-рэ ирокъу.
- «Спартак», «Гаянэ» балет цIэрыIуэхэр, нэгъуэщI куэди зытха ермэлы композитор, СССР-м и цIыхубэ артист, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, Совет Союзым и Къэрал саугъэтыр зрата Хачатурян Арам къызэралъхурэ илъэси 117-рэ ирокъу.
- Совет актрисэ цIэрыIуэ, СССР-м и цIыхубэ артисткэ, Сталиным и цIэр зэрихьэу яту щыта саугъэтыр 1951 гъэм зыхуагъэфэща Пельтцер Татьянэ къызэралъхурэ илъэси 116-рэ ирокъу.
- ТхакIуэ, егъэджакIуэ, СССР-м егъэджэныгъэмкIэ и лэжьакIуэ пажэ Апажэ Ахьмэд къызэралъхурэ илъэс 80 ирокъу.
- Физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик, ГъуазджэхэмкIэ Петровскэ академием и академик, УФ-м метеорологиемкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къалэ Хьэжбарэ и ныбжьыр илъэс 77-рэ ирокъу.
- Медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик Абыдэ Мусэ и ныбжьыр илъэс 68-рэ ирокъу.
- Дунейм и щытыкIэнур
- «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 25 — 26-рэ, жэщым градус 14 — 16 щыхъунущ.
- Мэкъуауэгъуэм и 7,
- тхьэмахуэ
- Ерыскъыпхъэхэр цIыхум и узыншагъэм дежкIэ шынагъуэншэу щытыным и дунейпсо махуэщ
- Урысейм и мелиораторым и махуэщ
- Алтай Республикэм и конституцэр къыщащта махуэщ
- Къыргъызым и финанс, экономикэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ
- Испанием щагъэлъапIэ Республикэм и махуэр
- 1340 гъэм Голландием Роттердам къалэм и лъабжьэр щагъэтIылъащ.
- 1498 гъэм Колумб Христофор ежьащ дунейр къызэхикIухьыну, иджы ещанэу.
- 1732 гъэм Санкт-Петербург япэ ЩIымахуэ уардэунэм, пащтыхь гуащэ Иоанн ипхъу Аннэ хуаухуам, и лъабжьэр щагъэтIылъащ.
- 1775 гъэм Колоние Зэгуэтхэм я цIэр Америкэм и Штат Зэгуэтхэр жиIэу зэрахъуэкIащ.
- 1972 гъэм Москва щыщIадзащ шыхэр зыщIэщIа гухэмкIэ цIыхухэр къыщрашэкIыну гъущI гъуэгу ухуэныр.
- 1881 гъэм Пушкин Александр и фэеплъ Москва къыщызэIуахащ.
- 1903 гъэм франджы щIэныгъэлI Кюри Пьер Берлин къалэм хэIущIыIу щищIащ полоний химие пкъыгъуэщIэр къызэрихутар.
- 1919 гъэм Нью-Йорк япэу щекIуэкIащ автомобилыр зегъэкIуэным зэрыхуэхьэзырыр къызэрапщытэ экзаменхэр.
- 1936 гъэм КъБР-м Физкультурэмрэ спортымкIэ и республикэ комитет къызэрагъэпэщащ.
- 1960 гъэм Сауд Хьэрыпым цIыхубзхэр хуит щащIащ щIэныгъэ зрагъэгъуэтыну.
- 2008 гъэм Европэм футболымкIэ и чемпионатым щIидзащ. Ар Австриемрэ Швейцариемрэ щекIуэкIащ мэкъуауэгъуэм и 7-м къыщыщIэдза-уэ мэкъуауэгъуэм и 29 пщIондэ. Абы щытекIуауэ щытащ Испанием и командэ къыхэхар.
- УэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, РСФСР-м и цIыхубэ артист Собинов Леонид къызэралъхурэ илъэси 148-рэ ирокъу.
- Дзэ къулыкъущIэ, Совет Союзым и Маршал, Совет Союзым и ЛIыхъужь Мерецков Кирилл къызэралъхурэ илъэси 123-рэ ирокъу.
- ТхакIуэ, усакIуэ-уэрэдус, драматург, актёр, УФ-м и цIыхубэ артист Арканов (и унэцIэ дыдэр Штейнбокщ) Аркадий къызэралъхурэ илъэс 87-рэ ирокъу.
- Совет актрисэ, Урысей Федерацэм и цIыхубэ артисткэ Лавровэ Татьянэ къызэралъхурэ илъэс 82-рэ ирокъу.
- «Адыгэ макъ» газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэ, драматург, АР-м щIыхь зиIэ и журналист Хъурмэ Хъусен и ныбжьыр илъэс 74-рэ ирокъу.
- Тыркум щыщ адыгэ тхакIуэ, Нобель саугъэтым литературэмкIэ и лауреат 2006 гъэм хъуа Памукъ Орхьэн и ныбжьыр илъэс 68-рэ ирокъу.
- КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Тэтэр Анатолий и къызэралъхурэ илъэс 68-рэ ирокъу.
- Урысей тхакIуэ Донцовэ Дарье и ныбжьыр илъэс 68-рэ ирокъу.
- УэрэджыIакIуэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Маршал Александр (и унэцIэ дыдэр Миньковщ) и ныбжьыр илъэс 63-рэ ирокъу.
- Урысей теннисисткэ, 2016 гъэм Рио-де-Жанейрэ (Бразилие) щекIуэкIа Олимп Джэгухэм щытекIуа Макаровэ Екатеринэ и ныбжьыр илъэс 32-рэ ирокъу.
- Дунейм и щытыкIэнур
- «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 26 — 27-рэ, жэщым градус 15 — 17 щыхъунущ.
- Мэкъуауэгъуэм и 8,
- блыщхьэ
- Хыхэм я дунейпсо махуэщ
- Урысейм щагъэлъапIэ Социальнэ лэжьакIуэм и махуэр. 1701 гъэм Пётр Езанэм унафэ къыдигъэкIащ хуэмыщIауэ псэухэм, сымаджэхэм, жьы хъуахэм щхьэегъэзыпIэ яхуэхъун унэхэр къызэIухыным теухуауэ. Унафэм къигъэувырт зи щхьэ сэбэп хуэмыхъужыф цIыхуипщI къэс зы якIэлъыплъу а унэхэм щылэжьэн хуейуэ. Абдеж къыщежьащ цIыхухэм социальнэу защIэгъэкъуэным хуэгъэпса IэнатIэр.
- Карелие Республикэм и махуэщ. 1920 гъэм къызэрагъэпэщащ иджырей республикэм лъабжьэ хуэхъуа Карелие лэжьакIуэбэ коммунэр.
- УнэлъащIэ зыщIым и махуэщ
- 1786 гъэм дунейм щыяпэу Нью-Йорк и тыкуэнхэм морожнэ къыщIалъхьащ.
- 1815 гъэм Польшэм и щIыналъэр, къанэ щIагъуэ щымыIэу, Урысей империем къыхагъэхьащ.
- 1824 гъэм Канадэм щыщ Кашинг Ноа зэрыжьыщIэ машинэ къызэригупсысам щыхьэт техъуэ дэфтэр иратащ.
- 1843 гъэм Урысейм и пащтыхь Николай Езанэм и унафэкIэ Урысейм щыщIадзащ Петербургрэ Москварэ зэпызыщIэну гъущI гъуэгур ухуэн. Абы куэдрэ «Николаевскэ гъущI гъуэгу» жаIэу еджащ, иджыпсту Октябрьскэ цIэр зэрехьэ.
- 1869 гъэм США-м щыщ Макгаффи Айвз сабэщып зэрызэпкърилъхьам щыхьэт техъуэ тхылъ иратащ.
- 1934 гъэм Женевэ Iэ щытрадзащ СССР-м, Румынием, Польшэм я къэрал гъунапкъэхэр зэраубзыхуам теухуа зэгурыIуэныгъэм.
- 1940 гъэм хэIущIыIу ящIащ нептуний элементыщIэр къызэрахутар.
- 1943 гъэм налшыкдэс интеллигенцэм фашистхэм я бийуэ пэкIу ирагъэкIуэкIащ.
- 1946 гъэм Журналистхэм я дунейпсо зэгухьэныгъэр къызэрагъэпэщащ.
- 1946 гъэм Инджылызым и къалащхьэ Лондон ТекIуэныгъэм и парад щекIуэкIащ, фашист Германиемрэ Япониемрэ ЕтIуанэ дунейпсо зауэм зэрыщыхагъэщIар ягъэлъапIэу.
- 1958 гъэм СССР-м футболымкIэ и командэ къыхэхар япэу хэтащ дунейпсо чемпионатым.
- 1966 гъэм СССР-м къыщызэрагъэпэщащ Тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ я фэеплъхэр хъумэным хуэгъэпса зэгухьэныгъэр.
- 1988 гъэм къащтащ «СССР-м кооперацэм зыщегъэужьыным теухуа-уэ» законыр. Абы хьэрычэтыщIэхэр я щхьэ хуэлэжьэжыну хуит ищIырт.
- Урыс сурэтыщI Iэзэ, критик Крамской Иван къызэралъхурэ илъэси 183-рэ ирокъу.
- Кхъухьлъатэзехуэ Iэзэ дыдэу щыта, Совет Союзым щэнейрэ и ЛIыхъужь Кожедуб Иван къызэралъхурэ илъэси 100 ирокъу.
- «ЩIэблэщIэ гвардие» щэхурылажьэ щIалэгъуалэ партизан зэгухьэныгъэр Краснодон къыщызэзыгъэпэщахэм яхэта, абы и унафэщIу щыта, Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр (хэкIуэдауэ) зыфIаща Кошевой Олег къызэралъхурэ илъэс 94-рэ ирокъу.
- КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей артиадэм и лауреат, радиожурналист МахуэлI Хъаджэт къыщалъхуа махуэщ.
- Эверест къуршым тIэунейрэ дэкIа адыгэ бзылъхугъэ, КъБР-м физкультурэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Мэз Каринэ къыщалъхуа махуэщ.
- Дунейм и щытыкIэнур
- «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 27 — 28-рэ, жэщым градус 16 — 17 щыхъунущ.
- Зыгъэхьэзырар
- ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.