«Пшэм хэт унэм» сыщохьэщIэ
2020-06-06
- «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ Ацкъан Руслан и тхылъыщIэ, «Пшэм хэт унэ» зыфIищар. Абы щызэхуэхьэсащ усэхэр, поэмэхэр, новеллэхэр.
- Тхылъыр къызэтезмых щIыкIэ абы и жинтым тет сурэтыр куэдрэ зэпэсплъыхьащ. Сыту куэдым уригъэгупсысрэ абы. Щхьэгъубжэ къэпщIэнтIар къислъэщIыкIауэ сыкIуэцIрыплъ къысщыхъуат. Жэщ пшагъуэм къыхэщ щиху уардэхэр, къыхэцIуукI нэху гуэрхэр, бгым тетрэ пшэми щыпэкIу унэр — а псори сыт щыгъуи си нэгу щIэта хуэдэт. Пшэм хэт унэм сыщыхьэщIэу фIэкIа пщIэнтэкъым.
- Мис а гупсысэхэм сыхэту къызэтесхащ тхылъыр икIи занщIэу сыхэхуащ дуней гъэщIэгъуэныщэм. Усэ къэс зы гъащIэ псо хъу хуэдэт — гурыгъури, гурыщIэри, псэр зыгъэнщI гуфIэгъуэри щызэхэтт абы. Пэжыгъэмрэ цIыхугъэмрэ нэхъ IуагъэкIуэт щыхъуа мы зэманым умыгъэщIагъуэу къанэркъым Ацкъан Руслан и тхыгъэхэм хэухуэна гупцIанагъэмрэ къабзагъэмрэ. Ахэр уи гущIэм къонэ, нобэ щыщIэдзауэ гуапагъэ пщIэу упсэуну гукъыдэж къуат. Дахагъэ иджыри зэрыщыIэр уи фIэщ мэхъу.
- Сэ куэд щIауэ фIыуэ солъагъу Ацкъан Руслан и усэхэр, ауэ мы тхылъым ихуа тхыгъэхэр куууэ къэспщытэну, зэпкърысхын схузэфIэкIыну хъункъым, ар зылъэкIынур литературэмкIэ критикхэрщ. Согугъэ гупсысэ нэхукIэ гъэнщIа мы тхылъым ущIызыIэпишэ щхьэусыгъуэр сэри зыхэсщIауэ.
- Зэ IуплъэгъуэкIэ усакIуэ телъыджэм и тхыгъэхэм уатепсэлъыхьыну тыншу къыпфIэщIынущ. Ахэр фэрыщIагъыншэщ, бзэ къызэрыгуэкIкIэ тхащ, абыхэм еджэгъуафIэщ. Ауэ, укъеджа нэужь, хуэмурэ къыппкърыхьэу щIедзэ зи гугъу сщIы тхыгъэхэм я щэхур, абыхэм къебэкI гурыщIэр, къабзагъэр, зэм уигъэпIейтейуэ, зэми уи псэр игъэтыншу. КъыбгурыIуэу щIыбодзэ а тхыгъэхэр хэмыту щытмэ уи гъащIэр нэхъ гурыфIыгъуэншэ зэрыхъунур. Къыбдалъхуам ещхь мэхъухэр.
- Апхуэдэ тхыгъэхэр къэбгъэщIын щхьэкIэ Тхьэшхуэр зэчийкIэ къыпхуэупсакIэ зэфIэкIыркъым. Абы теухуауэ Паскаль псалъэ шэрыуэ къигъэнащ: «Талант уиIэри хъарзынэщ, ауэ уемызэшыжуи улэжьэн хуейщ». А псалъэхэм щIапIыкIа хуэдэщ Ацкъаныр.
- Мы зи гугъу тщIы тхылъым, адрей псори къызогъанэри, сонет гъуэзэджэу щищрэ пщIырэ итщ. Ахэр ди литературэм и нэхъ лъагапIэ дыдэхэм ящыщ зыуэ зэрыщытым мызэ-мытIэу тетхыхьащ ди щIэныгъэлIхэр. Сонетыр литературэм и жанр нэхъ гугъу дыдэхэм ящыщ зыуэ зэрыщытми хэт щымыгъуазэр?! АтIэ апхуэдэ лэжьыгъэшхуэм, зэчийм нэмыщI, гугъуехь куэд пыщIащ. Абыхэм ятекIуэда гугъуехьым уегупсысыркъым, Руслан и сонетхэм укъыщеджэкIэ, ахэр езыр-езыру къэхъуам хуэдэщ, къелъэфэлIауэ зы псалъэ яхэткъым, игъащIэ лъандэрэ лъэпкъым къыдогъуэгурыкIуэ жыпIэнщ. Ацкъаным и прозэри усыгъэ къуэпсу зэхэухуэнащ.
- Мыри дыщIызгъужынущ: Руслан цIыху цIэрыIуэу, зэфIэкIышхуэ зиIэ усакIуэу и щытыкIэмкIэ хуэбгъэфэщэнукъым — Iэдэбщ, теплъэкIэ цIыхум закъыхигъэщыркъым. А щытыкIэм сабиигъуэм къыщежьэ лъабжьэ иIэщ. Нобэ зэфIэкIышхуэ зиIэ усакIуэр псэкIэ зимыхъуэжу къызэрынар, гукъабзагъэр зэрихъумэфарщ абы и тхыгъэхэр ди псэм щыщ зыщIыр.
- «Пшэм хэт унэр» ди лъэпкъ усыгъэм и псэукIэ дахэхэм ящыщ зыуэ къызэрыщIэкIынум сэ шэч лъэпкъ къытесхьэркъым. Абы нэмыс хэлъу еблагъэ дэтхэнэ зыми пщIэрэ гухэхъуэгъуэрэ зэрыщигъуэтынури сощIэ.
- Егъэн Ануар,
- инженер-системотехник.
- Нартан къуажэ