ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«Iуащхьэмахуэ» журналым фыкъыщеджэ

2020-06-06

  • «Iуащхьэмахуэ» литературэ-художественнэ, жылагъуэ-политикэ жур­налым и къыкIэлъыкIуэ къы­дэ­кIыгъуэр — 2020 гъэм и етIуанэ ­номерыр — дунейм къытехьащ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, иджыпсту ды­зэрыт щытыкIэ гугъум къыхэкIыу, Iэ щIэзыдза псоми ар яIэрыхьакъым. Абы еджэну зэкIэ Iэмал зиIэр пощткIэ къызыхуахьхэрщ, редакцэм къыщызыщтэжхэмрэ зыхуа­шэж IуэхущIапIэхэмрэ иджыри лъагъэIэсыжыфакъым.
  • Журналым и жьантIэр хуэфащэ дыдэу лъысащ тхакIуэ цIэрыIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ — ар къызэралъ­хурэ мы гъэм илъэс 90 ирикъуащ. «Адыгэ литературэм и классик» фIэ­щыгъэм щIэт, тхакIуэм и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ теухуа тхыгъэ купщIафIэр и къалэмыпэ къыщIэкIащ Исхьэкъ фIыуэ зыцIыху, абы и творчествэм ­дихьэх, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист НэщIэпыджэ Замирэ. Абы къыкIэлъокIуэ МэшбащIэм и ныбжьэгъухэу БакIуу Хъанджэрий, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Елгъэр Кашиф сымэ тхакIуэм хуагъэза я тхыгъэхэр, нэгъуэщIхэми абы хужаIахэм щыщ пычыгъуэхэр. Журналым и напэкIуэцI тIощIым щIигъур езы Исхьэкъ и IэдакъэщIэкIхэм лъысащ — «Хэхэсхэр» роман цIэрыIуэм къыхэха пычыгъуэ­хэмрэ и гукъэкIыжхэм ящыщу Кастрэ Фидель зэрыхуэзамрэ.

  • Фырэ-Къаныкъуэ Анфисэ и «Мэуэтхэр» тхыдэ романращ прозэ рубри­-кэр къызэIузыхыр. Абы и пэщIэдзэр япэ номерым тетащ, пызыщэ Iыхьэр мы къыдэкIыгъуэм дыкъыщоджэ.
  • Журналым и щIэджыкIакIуэхэм зэрафIэгъэщIэгъуэнынум шэч хэлъкъым Мэлей ФатIимэ и Iуэтэж кIэщI­хэр. Абыхэм гъащIэм дызыщрихьэлIэ Iуэхухэр гукъинэжу къызэрыщыIэтам и мызакъуэу, КъБР-м и цIыхубэ уса­кIуэ Бещтокъуэ Хьэбас тхакIуэ бзылъ­ху­гъэм и творчествэм псалъэ гуапэ зэрыхужиIам къегъэлъагъуэ гулъытэ зыхуэпщI хъун хуэдэу ФатIимэ и творчествэр зэрыщытыр.
  • Усыгъэм и лъахэм дыхешэ зи псэр ма­къамэмрэ усэмрэ зэхуэдэу игъэу­шэ композитор ХьэIупэ ДжэбрэIил. И IэдакъэщIэкIхэр дунейм къыте­хьэ­ным, газетхэмрэ журналхэмрэ къытрадзэным, тхылъ щхьэхуэу къыдэгъэкIыным ар зэрыхущытыр зыщIэ­хэм къагурыIуэнущ и усэу щэщIым нэблагъэ зытригъэдза «Iуащхьэмахуэм» абы пщIэ зэрыхуищIыр.
  • «Литературэ щIэныгъэ. Критикэ» рубрикэр нэхъыбэу зыфIэгъэщIэгъуэну къысщыхъур щIэныгъэлIхэрщ е ­литературэм фIыуэ хэзыщIыкI, абы и къэхъугъэхэм щыгъуазэ цIыхухэрщ. Журналым а и Iыхьэм итщ филологие щIэныгъэхэм я кандидат Хьэвжокъуэ Людмилэ «Лъэпкъ литературэм и ­лъагапIэщIэ» зыфIища, Бещтокъуэ Хьэбас и «МэзылIымрэ мацIэмрэ» ­роман-арабескэм теухуар.
  • АдэкIэ даIуощIэ адыгэ Олимп лIыхъужьхэм. КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист Жыласэ Заурбэч щIэджы­кIа­кIуэхэм ярегъэцIыху ди лъэпкъым къыхэкIауэ зэман зэмылIэужьыгъуэхэм Олимпиадэхэм текIуэныгъэ къыщызыхьахэр. Апхуэдэхэщ Догу (ГъукIэ) Яшар, Къаплъэн (Ущхъуэ) Хьэмид, Аталай (Нагъуэ) Мэхьмуд, Чыржын Мухьэрбий, Шыхъуэ Борис, Ахэмын Еленэ, Къардэн Мурат, Хъущт Аслъэнбэч, Мудрэн Беслъэн сымэ. А тхыгъэм къыкIэлъокIуэ «Адыгэбзэр хъумэным теухуа Iуэху щхьэпэ» фIищауэ методист Нанэ Любэ къытхуитха тхыгъэр.
  • «IуэрыIуатэ» Iыхьэм мызыгъуэгукIэ, дыкъыщоджэ Гуэргуэныжь хасэм зэрыкIуам.
  • ГъащIэм хуэнабдзэгубдзаплъэ, абы и нэгу щыщIэкIхэр дахэу гъэщIэрэ­щIауэ усэбзэкIэ ди пащхьэм къи­зылъхьэ Нэгъуей Радимэ и Iэдакъэ­щIэкIхэр къыщыхьащ къыкIэлъыкIуэ напэкIуэцIхэм.
  • Журналыр зэхуещIыж куэд дэзы­хьэх икIи зыпэплъэ псалъэзэблэ­дзым. 
  • ИСТЭПАН  Залинэ,
  • «Iуащхьэмахуэ» журналым
  •  жэуап зыхь и секретарь.