Хабзэ Нэхъыщхьэм зэхъуэкIыныгъэ хуей?
2020-06-06
- 2020 гъэм и пэщIэдзэм Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир къыхилъхьащ УФ-м и Конституцэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн хуейуэ. Абы щытепсэлъыхьащ къэралым и хэгъэгу псоми, къэрал къулыкъущIэхэри, жылагъуэ лэжьакIуэхэри яхэту. Арыншауи хъунутэкъым, ар тхыдэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэшхуэщ.
- Ягъэхьэзыра зэхъуэкIыныгъэхэм къыщалъытащ цIыхубэм я еплъыкIэхэмрэ гупсысэхэмрэ. Абыхэм къыхалъхьахэр гу зылъытапхъэ защIэщ: сабийхэмрэ зи ныбжь хэкIуэтахэмрэ яхуэсакъын, псоми я зэхуэдэ, фIагъ лъагэ зиIэ медицинэ Iуэхутхьэбзэ, пщIэ зиIэ лэжьыгъэ IэнатIэ, къэралыгъуэ лъэщ, псэукIэ зэгъэпэща къызэгъэпэщын, нэгъуэщIхэри.
- Конституцэм теухуа IэIэтым зыхуэгъэхьэзырыныр къызэтрагъэувыIакъым пандемием дызэригъэува щытыкIэ гугъуми, сыт хуэдизу лъэпощхьэпо ину дэркIэ щытами. Псом я дежкIи гурыIуэгъуэщ Хабзэ Нэхъыщхьэм халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэр цIыхубэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэу зэрыщытыр. Нобэрей гъащIэм и шэсыпIэу плъытэ хъунущ ахэр.
- Дэ къыдгуроIуэ, дызэрыхуа кризисым и лъэужьыр псынщIэ дыдэу зэримыухынур, гугъуехь куэд адэкIи къызэрытпэщылъыр. Ауэ пIалъэ кIэщIым къриубыдэу дэ, псалъэкIэ мыхъуу, IуэхукIэ зыр адрейм дыдэIэпыкъужыфу, ди бийм дызэкъуэту дыпэщIэувэу зедгъэсащ. Иджыпсту псори зэлъытар дэращ, ди зэкъуэтыныгъэрщ.
- — Сэ хьэкъыу си фIэщ мэхъу жылагъуэ зэщIэхъееныгъэхэмрэ коммерцэ Iуэхум емыпха зэгухьэныгъэхэмрэ къыхуагупсыса IэмалыщIэхэмрэ хэкIыпIэхэмрэ ятеухуауэ Конституцэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэр хуабжьу сэбэп зэрыхъунур, — жеIэ СССР-м и цIыхубэ артист Темыркъан Юрий. — Сыт граждан жылагъуэр зищIысыр? Ар дэращ, Урысейм щыпсэу цIыхубэрщ. Къэралым къыщыхъу-къыщыщIэхэр къызыфIэIуэху, абы и зыужьыныгъэм хуэпабгъэ, ефIэкIуэныгъэм зи гуащIэрэ къарурэ хэзылъхьэ дэращ жылагъуэ хъужыр.
- Граждан жылагъуэр — Урысейм щыщыIэ гъащIэр езыгъэфIэкIуэну жэрдэм зиIэ, абы и цIыхухэм ядэIэпыкъуну сыт щыгъуи хьэзыр, псэукIэр нэхъ тынш ящIыну лажьэ цIыху гупыр зэщIэзыгъэуIуэ, мылъку къегъэщIыным емыпха зэгухьэныгъэхэрщ.
- Си щхьэкIэ, мыхьэнэшхуэ изот, ди гъащIэм щынэхъыщхьэ а зэгухьэныгъэхэр къэрал политикэр ухуэным хэлэжьыхьыну Iэмал яIэ зэрыхъунум. Иджы къэралым ипщэ къыдохуэ коммерцэм емыпха а зэгухьэныгъэхэм къэрал политикэр щаубзыхукIэ хэтыныр къахузэригъэпэщыныр. А зэгухьэныгъэхэм хэт цIыху гумызагъэхэрщ цIыхубэм я гугъуехьхэр зыщIэри, къэзыгъэнэIуэфри, хэкIыпIэхэр къэзыгъуэтыфри, ар къэрал къулыкъущIэхэм я деж нэзыхьэсыфри.
- Къэбарт Мирэ.