ДжэдыгущIэм и уасэр
2020-06-04
- ЩIалэр и къэшэным и адэм йопсалъэ:
- — Уи пхъур иджыпсту арэзы хъуащ къыздэкIуэну.
- — Пхуэфащэщ! Пщыхьэщхьэ къэс емынэм укъихурэт-тIэ мыбы?!
- * * *
- Дохутырыр къэгубжьауэ сымаджэм йошхыдэ:
- — Уи фэр щIагъуэкъым! БжесIатэкъэ: махуэм тутынипщIщ узэфэн хуейр!
- — Сэ фIы дыдэу сощIэж ар. Ауэ, емыкIу сыкъыумыщI, тутын зэи емыфам и дежкIэ ари мащIэкъым!
- * * *
- — Си псэм хуэдэ, уи ахъшэ гъэтIылъыгъэр къэзгъуэтри, си ныбжьэгъу цIыхубзхэм я гъусэу рестораным щизгъэсыкIащ, — цIыхубзым зыхуегъафIэ и щхьэгъусэм.
- — Ягъэ кIынкъым, си дуней нэху, ар джэдыгущIэ къыпхуэсщэхуну зэхуэсхьэсу арат…
- * * *
- — Гъур зэрызащI шей къэсщэхуащ, — зы цIыхубзым адрейм зыхуегъэщIагъуэ.
- — НтIэ, дауэ къыпщыхъурэ? — къоупщI мыдрейр.
- — Тортым и гъусэмэ, ари гурыхьщ…
- * * *
- И секретаршэр зэрыIуигъэкIыр жримыIэфу зыкъомрэ зрилъэфыхьащ унафэщIым. ИкIэм-икIэжым, мыр жриIэну къигупсысащ:
- — Уэ уи къалэнхэр апхуэдизкIэ дагъуэншэу уогъэзащIэри, удимыIамэ тщIэнур тщIэртэкъым. Апхуэдэу щытми, блыщхьэ къакIуэ къыщыщIэдзауэ уэрыншэу дызэрыхъум деплъын хуей хъунущ.