ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Эверест и лъагагъыр къапщыжын мурадкIэ

2020-06-04

  • Китайм щыщ альпинист гуп иджыблагъэ дэкIащ дунейм и къурш нэхъ лъагэ дыдэм — Эверест (Джомолунгмэ).

  • КъызэрыгуэкI зекIуэу аратэкъым ар альпинистийм я дежкIэ, атIэ абы- хэм Iэмэпсымэ хьэлъэхэр бгым дахащ, ахэр щыгум щагъэуву Эверест и лъагагъыр щIэрыщIэу къапщыжын папщIэ.
  • Ахэр метр 8300-м нэсауэ дунейр къызэIыхьащ, борэныр урихьэжьэным хуэ-дэу гуащIэу къащIэпщэу, адэкIэ имыгъэкIуэну къеныкъуэкъуу. Куэдрэ яужь итами, гугъуехьхэм пэлъэщри, гъуэгу техьахэр щыгум нэсащ, геодезие Iэмэпсымэри GNSS-антеннэри абы щагъэуващ.
  • Иужьрей илъэс 45-м къриубыдэу китай IэщIагъэлIхэм иджы япэу ирагъэкIуэкIыу аращ апхуэдэ лэжьыгъэхэр. Иджыри къэс Джомолунгмэ теухуауэ дуней псор зыщыгъуазэр абы и лъагагъыр метр 8848-рэ хъууэщ. Иджы китай IэщIагъэлIхэм я Iэмэпсымэхэм къагъэлъэгъуэнум яфIэгъэщIэгъуну кIэлъоплъ щIыуэпсым ехьэлIа хъыбархэр зыфIэгъэщIэгъуэнхэр. Нэхъ цIыкIу хъуа Джомолунгмэ хьэмэрэ нэхъ лъагэ хъуа? Абы и жэуапым поплъэ цIыху куэд.