Уафэбгыкъу и нэлат
2020-06-04
- МэшбащIэ Исхьэкъ
- Тхыдэ роман
- (КIэлъыкIуэр. ПэщIэдзэр №№37 — 39, 41 — 48, 50 — 51, 54 — 57, 62, 64-хэм итщ).
- — Мыдэ, Ашабэ Миншакъ и жыIауэ, иджыри къэс кърым хъаным и щыб-лэм дыщыфIэпсэуакIэ, адэкIэ гъуэгъуэнухэм зыгуэру дакъелынщ. Къеблагъэ, Iэта-Ильяс. Уэрщи, Нэкъар, дяпэкIэ усакъмэ нэхъыфIщ: зэжетIам урищыхьэтщ, щыхьэтым и Iыхьэми уэ езыр ущыгъуазэу къыщIэкIынщ, — мэгушыIэ кIэмыргуеипщыр.
- — Сэ схуэдарэт сакъын хуейхэр, — погушыIэж абы абрэджыр, — адыгэ хьэщIэ быдапIэрысщ. Сэрщи — сохьэщIэ! АдыгэлI хашэрэт-тIэ?!
- — Дэнэ кIуэнт кIэмыргуейхэр? УзихьэщIэщ нобэм щегъэжьауэ, — мэгушыIэ аргуэру Бэлэтокъуэр: — Зы чэнджэщ иджыри фэстынти: мысэр зэи къэвмылъыхъуэ. Апхуэдэ лъыхъуэм фIы къигъуэтыркъым.
- КIэмыргуеипщыр гушыIэрт, уэршэрырт, арщхьэкIэ зы дакъикъи теплъэкъукIыртэкъым бгыщхьэм къытет и малъхъэ шум. Бэлэрыгъыр зи хамэу къекIуэкIа жаней абрэджми, уэршэр-рэ пэт, илъагъур а зы шу закъуэрт. Даур бейгуэлищыр пежьат. Мыдрей къэнахэм — бгыщхьэрт я гупсысэр здэщыIэр, ауэ псоми яхуэмыдэжу сакъыр Iэта-Ильяст.
- Жыжьэжтэкъым кIэмыргуеипщым и хьэблэр, итIани, Бэлэтокъуэ игурэ и щхьэрэ зэтемылъу зиплъыхьырт. Пщыр щIэпIейтейр бгыщхьэм тет шум и закъуэтэкъым. Абы дзыхь яхуищIыртэкъым кIуэрыкIуэм тету гъусэ къыхуэхъуа мыдрей шууитIми.
- «Дыгъуасэщ щыри зэщIыгъуу щызэхэзекIуар. Нобэщ ерыскъы зэдагуэшу зы мафIэм щыпэрысар. НтIэ, иджы пIалъэкIэ зэрызэпикIуэтам, е а щIызэпикIуэтам и щхьэусыгъуэми сыщымыгъуазэу, дауэ мы тIур си фIэщ сщIынт? Пэжщ, жаней абэрэджыр хуиту си нэ къыщIоплъэ, жьэнахуэуи игу илъ къысхуеIуатэ. Мес, Iэлигъуэт-пэщэм ехьэлIауэ зыри трилъэфакъым, итIани… Езы тIур дыгъужьым ещхьу зэрызэхущIэплъыр-щэ?! Сыту пIэрэ Сарайхьэлъкъ дэс кърым лIыкIуэм и цIэри Мамсырым мыбдеж имыкурэ имыбгыу къыщIыхиIуар? Ди жагъуэ- ди щIасэми, Кърымым дызэрыхуэжыIэщIэр къыдиудэкIыжу арщ. Дэнэ щыIэу пIэрэ адыгэхэм я къэкIуэну пщэдейм тегузэвыхь а лъэпкъылIхэр? Я щхьэ Iуэхум дэтхэнэри къыдэхуэртэкъым. Япхъу къэжэпхъамэ, хэт мыхъуми, зы пащтыхь е зы сулътIан, хьэмэрэ хъан гуэрым хурагъашэрэ пIалъэкIэ благъагъэ убзапIэ иувэмэ, я къалэныр ягъэзэщIа къафIэщIыжу-рэ, адыгэщIыр чэрэчэм хуашащ! Кърымхэми яхуэмыгъуэтыр дэ тхуэдэу фызабэ бжыхь зэпэгъуаниблщ. Хэту пIэрэт, мыкърымми, дэ тхуэдэ фей-дэм и Iэмалыр зыIэщIэзыгъэкIынур? Нэгъуейхэращи, къытщыгуфIыкIыжурэ, я сэ къуаншэр ди блэгъукIэ лъабжьэм, дакъэм еIэу, къытхухагъэтIысхьэ.
- Мес кърымхэмрэ жанейхэмрэ я бжьыхьэкIапэ зэтам хуэдэу зэбгъэ-дэсщ. Зы хыдэжщ я гъунапкъэр. ИтIани, жаней абрэджым зы псалъэ гъуэщауэ къыIэпыхуакъым апхуэдэ гъунэгъугъэм езыр зэрыхущытым теухуауэ».
- … Жаней абрэджым, дауи, езым и Iуэху еплъыкIэ иIэжт. Иджыпсту ар щыгугъырт кIэмыргуеипщым епсэлъылIа хъуным.
- ХуиIуэтэнщ ХьэтIохъущокъуэм зэрыIущIамрэ зэжраIэмрэ. АдэкIэ нэхъ щхьэтечу Бэлэтокъуэм къыпихынщ зы жэуап IупщI гъэзапIэншэ: сыт пщым и мурадыр? Зэкъуэувэхэрэ? Пщым и псалъэр зэхыумыхауэ езы кIэмыргуейхэм унагъуэщхьэрыкIыу уахыхьэныр, дауи, къезэгъыркъым. Абрэдж-ми и нэхъуейр щхьэщыкIауэ, Даур дежкIэ мыувыIэжу мэпIастхъэ. ГъэщIэгъуэнракъэ, щIалэр пщылIыпIэм итыху Iэгуэ-лъагуэ зищIри зэ закъуи зигъэхъеякъым. Иджы, нэгъуэщIхэм а пщылIыпIэр Даур щхьэщаха нэужь зыкъищIэжауэ тэч-тау ещI. Къуэ зэриIэр Мырзэбэч къыщигубзыгъыжар нобэ хуэдэщ.
- Бэлэтокъуэпщыр аргуэру бгыщхьэмкIэ маплъэри погуфIыкI:
- — Бзэхыжаи-тIэ «мырзэ» Абрэджыр…
- — Къытхуэныкъуэу къыщIэкIынкъым, — и напIэ зэвхэр нэхъ зэвыжу зэхуишэурэ Iэта-Ильяси мэдыхьэшх, иджыпсту зыбгъурыту кIуэхэм я гъусэ дыдэу зыкъызэрилъытэжар «дэ» жыхуиIэмкIэ хикъузэу.
- — Дэ дрихэтт абы? Уэращ и шу гъу-сэр. Уэращ и мурадхэм нэхъ щыгъуазэри. Пщыгъупщэжа хуэдэ? — къопсалъэ иджы Нэкъар.
- — Сыт щхьэкIэ, уэ езым пщыгъупщэжа, уэри сэри дызэщIыгъуу, Абрэдж Мырзэбэч ерыскъы зэрыдэдгуэшар?
- — Сэ сызыдэшха псом фэеплъ щIыхуэ сыт щыгъуи яхузесхьэну си къалэнт-тIэ?
- — Ерыскъы зэдыхэIэбэхэм, Iэлъхьэмдулилыхь» зэдыжаIэжу хабзэщ…
- Мамсырыр къыщитхъыпэри, шыр къыжьэдикъуэурэ:
- — Плъэгъуа абы къызихъуэныжыну зяужь итыр?! «Адыгэр зэхъуэзэщэ- щи, нэгъуейр зэщэзэблэкIщ» жызы-Iар щыуатэкъым… Сыт, нэгъуей, Абрэджым и лыгъур хьэжыгъэр къы- хузжьэдэбгъэпкIыжыну укъызиутIыпщауэ ара?
- — Зыри уэсхъуэныжыркъым, — Iэта-Ильяс, «укъызиутIыпща» псалъэр и тхьэкIумэм блегъэцIэфтри, абы къикIыр къызыфIимыгъэIуэху хуэдэу: — А псом нэхърэ нэхъыфIщ зиусхьэным деж Мырзэбэч и лIыкIуэу сыкъызэрыхуэмыгъэкIуар къэIуэтэжи.
- — Зи гугъу пщIыр Дауру щытмэ, уи закъуэкъым Мырзэбэч а Iуэхум хухэмыпщар. УвыIэжи нэхъыфIщ: бейгуэлхэр щIалэм пежьакIэщ. Хьэуэ, си щхьэм къысхуимыгъэтIасэр фэ тIур зэуэзэпсэу зырыз фыщIэхъужарщ!
- Жаней абрэджым щыгъупщатэкъым Мырзэбэч и хьэгъэщагъэхэр щыщIиIуэнтIапэм деж, нэгъуейр, Iэмал зэриIэкIэ, адыгэхэм я лъэны- къуэу зэрецIэнтхъуэкIыжыр. ИтIани, Нэкъар и гур бгъэдимыгъэхьэу, Iэта-Ильяс зы гурымыхь гуэр къыщхьэщихырт: Мамсырым нэгъуейр лIыуэ къилъытэртэкъым…
- Iэта-Ильяс и пэм жьы къримыхужу зигъэгусат. «Фэр папщIэ гугъу зезыгъэхь сэ схуэфащэт-тIэ ар? ФIыщIэ къысхуэфщIу сыкъызыхэфшэным и пIэкIэ, дзыхьыншэу упщIэ гуемыкIу гуэрхэр къыспывогъэтIылъ.
- Нэкъар фIэкIа зыри ухуейкъым… Еплъ абы иджы къызжиIэхэм! Абы зэрынэхьэсмэ, сыщхьэхуитщ сэ. Сызыхуейм сыщIыгъущ. Мес, сыхуеижтэкъыми, къэзгъанэри сыкъежьэжащ. Сыхуитщ!» — игукIэ зыжриIэжурэ нэгъуейм и жьэкIэ:
- — БжесIэнщ. Жыг къудамэрэ пэт, гъууэрэ гуэщIыкIыж хабзэщ. УрихьэлIакъэ зэи апхуэдэ?
- Бэлэтокъуэпщыр а псалъэмакъ-зэдауэм здыщIэдэIум гупсысэрт: «Уоу, Алыхьышхуэ! Сыт цIыху лIэужьыгъуэт мы нобэ сызыхуэпшахэр! Мы тIум зэжраIэхэр… ИтIани, хабзэкIэ къезгъэблэгъащи, мыбыхэм сыт къызыкъуамыхами, си хьэщIэху, хьэщIагъэ есхыпхъэщ. Дысакъын хуеящ. Iэлигъуэт-пэщэм и дэщIакIуэ Батыр ефэндыр жаней абрэджым Iуплъэмэ, зэрызищIынур слъагъу хуэдэщ! Мамсырыращи, Батыр ефэндыр мы дунейм трилъагъуэ хъуркъым. Си малъхъэу щыта Мырзэбэч и ныбжьэгъу купсэ а ефэндыр…»
- Нэкъар нэгъуейм псалъэзэдауэ ирищIэкI пэтми, и нэ чы техуауэ Бэлэтокъуэпщым кIэлъыплъырт. Пщым иджыпсту зэригъэзахуэр жа-ней абрэджым зэхихам хуэдэу зыхищIэрт. «Тыншкъым, дауи, Бэлэтокъуэр зэрыува щытыкIэр: шууитI иригъэблэгъамэ, зыр абрэдж хьэхэбасэрэ адрейр кърымхэм я хьэIухубжэхуэщI нэгъуейуэ… Дязыхэзми дзыхь къытхуищIыркъым, итIани, адыгэ хабзэм зрегъэхьри, и хьэщIэщым дыщIешэ». Нэкъар кIэмыргуеипщым и гурыщхъуэхэр щхьэщи-хыну хэтт зэрыхузэфIэкIкIэ, арщхьэ- кIэ езыр абрэджти, хуэжьакIуэтэ- къым а зыпэрыхьа Iуэхум. Мамсырыр щыму Бэлэтокъуэм хущIэплъырт…
- КIэмыргуеипщри кIуэрт уанэгум пкъыкIэ хэщIыхьа хуэдэ, уардэу зиIыгъыу. ЛIы дахэт ар езыр: лъагэрэ плIабгъуэ екIуу, и бгы псыгъуэр дыжьын бгырыпхкIэ лантIэу зэщIэпхъуэтарэ, дыжьынхэкI Iэщэфащэр зэгущу кIэрылъыжу. Пщым и плIэм дохъутейр илъщ, дыжьын бгырыпхым сэшхуэрэ дыжьын сампIэ къамэрэ гуэлъыжщ. И цеищхъуэр хьэзыр дыжьын Iупэщ, щIопщыр и Iэдэжщ. Зи уанэгу ис пцIэгъуэплъыр и шу гъусэ-хэр зытесым IупщIу къахобелджылыкI.
- Нэкъар игу ирихьыртэкъым пщыр зэрыгъэщIэрэщIар: «нысашэ ежьа нэхъей…». Арыххэуи а зэгупсысам хущIегъуэжырти: «Си Iуэху хэлът пщым и шыфэлIыфэм? Зэрыхуейуэ зрырещI! Сыт зыкIэримылъхьэми и хьэлэлщ, лъэпкъым и Iуэху тхудих закъуэмэ, адыгэм лей къытримыгъэхьэмэ… Мес, Абрэджри мырзэ ящIыну мэхъуапсэри, Кърымым и унэIуту дэтщ. Пщыну е пщыхэм задищIыну мэпIэцIеиж! Ар Iуэхутэкъым. Мыдэ, жаIэр пэжмэ, кIэмыргуеип- щыр Батыр ефэндым и IэмыщIэм исщ, зэрызэхэсхамкIэ, игъэпIэтIауэркъым. Арауэ щытмэ, сытым и мыхьэ-нэ мыбы иджы сепсэлъылIэжкIэ? Пщыжьым (Болэт и адэм) и адыгагъэр, и лIыгъэр цIыхухэм ящымыгъупщауэ ноби яIуатэ. И къуэращи, мис, Батыр ефэндым и хьэр псафэ хуишэну хьэзырщ. Пэжу пIэрэ ар? Пэжу щытмэ, ипэрауэ — и адэм и щIыхьым Болэт йопцIыж, етIуанэу — кIэмыргуей лIакъуэр кIуэдыжыпIэ ирешэ… ПцIымэ-щэ? Зыгуэр зыхужамыIэ пщы мы дунейм тетт-тIэ?»
- Щхьэж и гупсысэ и псэдауэу кIуэрт шухэр. Дэтхэнэми щIэгуэуэщхьэуэн и гъунэжт. Щым хъуа а гупым Iэта-Ильяс къахопсалъэри:
- — Мо дыгъэр здынэсар флъагъуркъэ, шэрджэсхэ? Ичындыр къэблэгъащ.
- Шухэр япэщIыкIэ дыгъэ тIысыжам хущIоплъри, итIанэ Бэлэтокъуэпщым хуоплъэкIыж.
- — Уэ нэгъуейм уи тхьэкIумэр хуабжьу жанщ. Дауэрэ зэхэпхат азэным и джэ макъыр? — жеIэ Нэкъар, къэмыIуа азэнымкIэ гупсысэр ишэщIыну хэту.
- — Сэ жысIар мо дыгъэм дызэригъэгъуазэрщ, армыхъумэ, кIэмыргуей ефэндым и азэным и Iуэху зесхуэххакъым.
- Iэта-Ильяс къриIуэкIар игъэзэщIэн мурад иIэтэкъым кIэмыргуеипщым. Бейгуэлхэм яшхэр хэплъыхьауэ шыфIт, езым ейрати, нэхъыфIыжт. Зэ я фIэщу ягъэлъэхъумэ, жылэм дыхьэжынут… Абы хэту азэн джэ ма- къыр гъунэгъу дыдэу къоIури, шухэм къэуIэбжьауэ заплъыхь: бгыщхьэм къытеувэжауэ Мырзэбэч азэн джэуэ арт.
- Бэлэтокъуэм хьисэпыр псынщIэу зэригъэзэхуащ:
- «Ичындыр иджыпсту дымыщIмэ, мо Абрэджым Батыр ефэндым бзэгу хуихьыжынущ, адрейми гуфIэу Iэлигъуэт-пэщэм Iуридзэжынущ. Ауэ щыхъукIи, жылэм дынэсыжыпащ, сыт мы нэгъуейм и жыIэщIэу зыдэзгъэ-шын щIыхуейр?!»
- Бэлэтокъуэм шыр лъэхъу-хьэмкIэу щыщIигъэIэм, бейгуэл шухэри хьэмкIэу пщым и ужь иуващ.
- Iэта-Ильяс бгыщхьэм къытет Мырзэбэч дежкIэ плъэри:
- — ФысхуIуплъэт, кхъыIэ, мо Iиманыншэм! Дапхуэдизрэ гъуэгу сыдытемыхьамэ нобэр къыздэсым къызгурыIуакъым: щыхуейм деж ефэнды мэхъу, щыфIэсыфIыжым мырзэщ, тIэум щыгъуи — и IэфракIитIым нэс лъыкъуалэщ.
- Бэлэтокъуэм и нэмэз уахътыр сыт щыгъуи и унэ щищIырт. Иджыпстуи пщыр епсыхыжщ, андезымрэ нэмэзымрэ зэфIигъэкIри, хьэщIэщымкIэ иунэтIат, арщхьэкIэ куэбжэмкIэ къиIукIа зэрызехьэ макъым къыдызэтеувыIэри, бжыхьым хуиIуэнтIэжащ. КIэмыргуеипщым и псэр занщIэу здэ- жар и пхъурылъху Даур дежкIэт: «ЩIалэм зыгуэр къыщымыщIарэт!»
- Куэбжэпэм шу гуп щызэрызехьэрт. Бейгуэлхэр абыхэм япэуват. Шу гупым я пашэр зэры-Мырзэбэчыр пшапэ кIыфIым къыхилъагъукIри, пщым:
- — Жылэр къыфщIэплъу мыбдеж фыщIыщызэрыгъэкIийр сыт?
- — Зиусхьэн! Мы гупыр ди хьэщIэхэм къакIэлъыкIуауэ арщ, — жеIэ Андемыркъан бейгуэлым.
- — Сыт я мураду? — щIоупщIэ пщыр, Абрэджым ищIынкIэ хъуну мурад лIэужьыгъуэхэр имыщIэщыгъуэж пэтми.
- — СымыщIэ зэрыжысIэнури… Мыбыхэм къызэраIуатэмкIэ, ди хьэщIэхэр хьэщIэу ирагъэблэгъэн я гугъэщ.
- — Адыгэ хьэщIэм бысымхъуэж зэримыщIым Мырзэбэч щыгъуазэтэкъэ?
- Абы хэту Абрэджыр къащхьэщокIие зи щIыбагъ къыдэт шухэм:
- — Бэлэтокъуэ, а уэ иджыпсту къебгъэущэкI псом сэ срипщIантIэркъым. Уэ уи пщыж кърымхэм я лIыкIуэ Iэлигъуэт-пэщэм и унафэкIэ мыбы сыкъэкIуащ!
- — Зиусхьэн, шу гупыр къызыкIэлъыкIуар дэрауэ щытмэ, дадэкIуэнщ, — къопсалъэ нэгъуейри зиужь иту хьэщIэщым къыщIэкIа Мамсырыр, — дыкIуэнщи, дызэпсэлъэнщ.
- — Мамсыр абрэдж! Хэт уи гугъэ уэ къыпхуэныкъуэр?! — къокIуатэ Мырзэбэч. — Си цIыхухэм уэрыншэуи Iуа-шыфынущ мо къэбгъапцIэу гъусэ пщIа нэгъуейр.
- — Зэгуэр сыкъэпцIауэ щытмэ, сы- къэзыгъэпцIар уэращ, Абрэдж и къуэ! НэгъуэщIкъым. — Iэта-Ильяс мамыру попсэлъэж къэзыгъэпудыну хэт Мырзэбэч.
- Зэдауэ гупитIыр куэбжэпэм IумыкI-рэ пэт, уэрам къэгъэшыпIэмкIэ нэгъуэщI шууитI къыкъуокI. Абрэдж Мырзэбэч абыкIэ маплъэри:
- — Уэра ар, Даур? А къэзмыцIыхуар?
- — ГъэщIэгъуэнкъым иджы сыкъыумыцIыхунуи… — ауан щIэлъу подыхьэшхыкI Даур.
- — ЗыкъэщIэжыт, щIалэ! Узэпсалъэр уи адэщ!
- — Сыщыгъуазэщ хэт и пащхьэ иджыпсту ситми … — къикIуэтыркъым Даури.
- Бэлэтокъуэр пIейтеяуэ и пхъурылъхум хуоплъэкIри:
- — ШыIэныгъэ, Даур…. ШыIэныгъэ!
- АрщхьэкIэ щIалэр анэ дэлъхуми попсалъэри:
- — Зиусхьэн, хабзэкIэ зысшыIэу щытми, икIагъэ къызэзыха мыбы хуэфащэ жэуапыр естыжыну емыкIукъым.
- — Абрэдж Даур! Уэра ар? Укъэзылъхуам упэувын хуэдэу?.. — мэгие Болэт.
- ЧийбжыхьымкIэ щабэрыкIуэу къыкъуэкIа Батыр ефэндым и нэгум къищырт псалъэмакъым и пэм щегъэжьауэ къызэрыщIэдэIуар. Даур и псалъэр нримыгъэгъэсу, ефэндым и IитIыр зэпсалъэхэмкIэ ишийри:
- — Муслъымэнхэ! Алыхьу дунеишхуэр къэзыгъэщIамкIэ фыплъи, псалъэ дыджкIэ зым адрейр фымыуIэ. Алыхьым псори елъагъу. Сэри сызэрыфIуплъэр абы и нэкIэщ. Мырзэбэч, уэр нэхъ цIыхуфI Алыхьым къигъэщIатэкъым, уи шу гъусэхэр игъэкIуэтыж! Уэри, Даур, тIэкIу дэчыхи, Алыхьым гъуэгу къуитынщ. УщIалэщ, дяпэкIэщ уи насып къэкIуэгъуэр. Сыт хуэдэ щхьэусыгъуэкIэ фызэпэ-щIэмыувами, муслъымэнхэ, шейтIанхэм фагъэщхьэрыуэу арщ. ПщIыхь Iейм хуэдэу мы псори зыщывгъэгъупщи, фи псэхэм нэхъыфIыр щывгъэуш.
- Батыр ефэндым и псалъэр Iэзэу пхыкIри, Мырзэбэч и гупыр IукIыжащ. ХьэщIэхэри мамыру хьэщIэщым щызэхэтIысхьащи мэуэршэр. Мамсырым иджы Iэджэ зэпелъытыж: «Мы нэгъуейм шэч къытесхьэурэ си щхьэ езмыпэсарэ пэт, псоми ди пащхьэ иту Мырзэбэч хуэфащэ жэуап иритыфащ. ЛIыгъэщ ар!» Апхуэдэурэ здэгупсысэм аргуэру гурыщхъуэхэр къыщхьэщыхьэрти: «Хьэуэ… Сыщымыуэу пIэрэ? ЗэгурыIуэу зэрыгъэIущауэ дыкъагъапцIэмэ-щэ?.. Емынэм зэхигъэкIынкъым мы гупым фейдэм и хьэтыркIэ къызыкъуахынум и гъу-нэр! Уи щхьэр хозэрыхь мыбыхэм я хьэгъэщагъэхэм… Догуэ, сыт нэгъуейм фейдэуэ иIэнур, Iэлигъуэт-пэщэмрэ Мырзэбэчрэ бзэгузехьэу яхуIуткIэ?!»
- ХьэщIэхэм я гъуэлъыжыгъуэти, Нэкъар и хьэщIэгъум ещхьыркъабзэу, къамэр и пIэщхьагъ щIилъхьащ. Жейм пэплъэурэ Мамсырым и Iэр къамэ IэпщэмкIэ фIэкIуэрт. «Сыт сщIэ хьэдэгъуэдахэр!» — жиIэрти, укIытауэ къэувыIэжырт. Апхуэдэурэ тэлай дэкIри:
- — Нэгъуей, ужейрэ?
- — Сыпырхъыу жумыIэ иджы…
- — Хьэуэ. Ужейрэ умыжейрэ зэзгъэщIэну аркъудейщ.
- — Ужеин Мырзэбэч а зэхишахэм иужькIэ?..
- — Пыхуу ужеинщ! СригуфIащ Абрэджым хуэфащэр зэхебгъэхауэ зэры- IукIыжам. КъызгурымыIуэр Батыр ефэндыр абдеж уащхъуэдэмыщ- хъуэу къызэрыщыхутарщ.
- — Къыщыхутауи? Къыщытпэплъауэ къысфIощI, нэхъ тэмэму жыпIэмэ… ПщIэркъэ, Мырзэбэчрэ абырэ яку псы дэткIуркъым. МащIэ щIа зэрыдэ- мыткIурэ… — мэдыхьэшхыпэ иджы Iэта-Ильяс.
- — Япэ дыдэ ущыслъэгъуа лъандэ- рэ, Iэта-Ильяс, сигу усхудэмыхьэу Iумпэм усщIырт. Иджы хьэкъ сщохъу уи гум фIей зэримылъыр. Хэбгъэзыхьмэ, дзыхь пхуэфащэу къызолъытэ. Сыхуейт Iуэхур апхуэдэу къыщIэкIыну… ГъэщIэгъуэнращи, къабзэу адыгэбзэ щызэбгъэщIари дапщэщ? Мырзэбэч ущригъусахэм щыгъуэ?
- — ЗыкIи Мырзэбэч абы къыщыщкъым. Адыгэбзэ сэзыгъэщIар сызыдэпсэуа шэрджэсхэрщ. Си анэшхуэр хуабжьу цIыху Iущт. Абы диущийрт: «Фызыхэс лъэпкъым и бзэр хуиту зэвгъащIэмэ, фи псэукIэри нэхъ хуит хъунущ». Дапщэрэ сихуа си анэшхуэм фIыщIэ лей щыхуэсщIыжа щытыкIэхэм! Адыгэбзэр сощIэ. Си гугъэщ фи пащхьэ емыкIу къыщызмыхьын хуэдэу сыпсалъэу. Мыдрейуэ, Чынгыз и шуудзэм дуней псор игъэгулэзу щытат-тIэ зэгуэр. Дэ дыкъызэрыфщыхъур абыхэм я кIэрыхубжьэрыхуущ! Пэжщ ар, Чынгыз дрижылэщ дэ. Фэри зыщывмыгъэгъупщэ: дыкъызыхэкIари дощIэж, ди лъы къаруи зэи кIуэщIакъым. Дэри зэгуэр диIэ-гъат Орда лъэщ…
- Iэта-Ильяс и лIакъуэм и хъыбарыр иIуатэрт дихьэхауэ. Мазэгъуэ нэхури хьэщIэщым къыщIэкIуатэурэ блын алэрыбгъушхуэм телъ Iэщэм щтэIэщтаблэу телыдыкIырт. Нэкъар нэгъуейм и хъыбарым щIэдэIуурэ гупсысэжырт.
- — Пэжщ а жыхуэпIэр, Iэта-Ильяс. Сыхуеякъым сэри уи жагъуэ сщIыну. Ауэ… Чынгыз и нэгъуей щIэблэм кърым хъаныгъуэри зэгуэр и дэIуэгъуу щытауэ жеIи, Абрэдж Мырзэбэч псэуху къыпхуигъэгъункъым.
- — Апхуэдэхэр си щыпэлъагъукъым. Кърымхэм сащIыхэмызэгъари арагъэнщ сэ. Кърым хъаныгъуэращ си щхьи, си унагъуи, си лъэпкъышхуи насыпыншэ зыщIар! ИкIэм-икIэжым, пцIы зэфэзэщкIэ зэщIэшха мо Аб-рэдж Мырзэбэч пэшэгъу схуэхъури, тесшэчэжам и мащIэри схурикъунти… Дапщэрэ сыкъеIа абы сыкъыпыкIыжыну?! Дапхуэдиз лей сэ абы къызипэсар! ИтIани, уэ сыпIумыщIамэ, сытегушхуэнутэкъым, сыту жыпIэмэ, щхьэзакъуэр Iуэху гугъусыгъущ.
- — Иджыри пщIондэ пшэчыххэни хуеятэкъым!
- — Уэ сыпIумыщIатэмэ, адэкIи сшэчыну къыщIэкIынт. Сыбэшэчщ сэ езыр. ШыIэныгъи си мащIэкъым. Закъуэныгъэм сыпэмылъэщу аркъудейщ.
- — Сэра, нэгъуей, ар зыжепIэр?! Закъуэныгъэр зищIысыр сэ схуэдэу зы-ми игъэунэхуакъым. Шы уиIэкъэ уэ? Си шыр си чэнджэщэгъуу сопсэу илъэс зыбжанэ мэхъури.
- — Апхуэди мымащIэу къысхуихуащ. СыкъыщыгурыIуаи щыIэщ си шым, сыщызэхимыхари нэхъыбэжщ.
- — УзэхэзымыщIыкIыр уанэш зэи пхуэхъунукъым.
- Жэщ ешар бгым щхьэдэхыжыну еIэрт. Нэхулъэр къэхъуапсэрт зыкъызэщIихыну, арщхьэкIэ жаней абрэджымрэ нэгъуеймрэ я губампIэ къеблыжам щIэ иIэтэкъыми, псалъэм псалъэр къыпащэрт. Нэкъар и гум щызэрызехьэ хьэкъувыкъухэр Iэта-Ильяс ириIуэтылIэри, и псэр нэхутхьэхуу итхьэщIыжат. Нэгъуейми, Кърымым щилъэгъуахэр абрэджым жриIэжурэ и гужьгъэжь кIэкъинэр тIысырт. Нэгъуейм фIыуэ хищIыкIырт кърымхэр щIызэпэщIэувам: IэщIагъэкIэ лажьэхэмрэ сату зыщIхэмрэ къыIэщIатхъ къуэдымкIэ мырзэхэм зэи загъэнщIыртэкъым. Къэрал мылъкуми къэрал Iуэхухэми едыгъуэжурэ зи бохъшэр зыкъуа а гуп цIыкIум я зэфIэкIыр инт, зыIэрагъэ-хьа мылъкури нэхъ иныжт. Апхуэдэхэр, дауи, зауэ хуейтэкъым, сыту жыпIэмэ, зэхуалъэфэсар а зауэм хэкIуэсэ-жынут. Хъанрати, Iэмалыншэу зауэ хуэныкъуэт: япэрауэ, тырку сулътIаным иукъуэдияр зауэт, етIуанэрауэ, щIэмычэу кIуэщI хъан мылъкур Iэмал гуэркIэ иригъэкъужын хуейт. ДэнэкIи къыщызэпэплъыхьи, зауэ къезыхьэжьэнухэм я щхьэусыгъуэ фIэкIыпIэншэр фейдэщIэхым екIуэлIэжырт. Адыгэхэр нэгъуэщIт: мыбыхэм хабзи цIыхугъи зэрахьэ, ауэ щыхъукIи, тIасхъапIэшхуэу якъуэлъщ езыхэр зэрызэкъуэмытыр. Щхьэж и щхьэ и пщыжщи, абы токIуадэ зэрылъэпкъыу. Иджы хъаным зауэ къарищIэкIрэ адыгэхэр псори зэкъуэмыувэмэ, нэгъуейхэм хуэдэу, «ди блэкIар щэджащэт» жаIэххэурэ зэкъуэча зырызу тхыдэм хэкIуэдэжынущ.
- — ЗауэфI щыIэкъым, — мэщатэ Нэкъар. Иджы гурыIуэгъуэщ Кърымыр зауэм щIыщIэхъуэпсыр.
- — ИтIанэ… зауэм зэхэгъэж ищIыркъым. Абы зэхуэдэу хокIуадэ лIыхъужьри, къэрабгъэри, цIыху пэжри, пцIыупсри, — къыпедзыж нэгъуейм.
- — Сыт атIэ текIуэныгъэкIэ дызэджэр?
- — ТекIуэныгъэри? Ар гуащIэщ. Лъэпкъыпсэр мычэму зыхуэныкъуэ къару лъэщщ. Абы елъытащ лъэпкъым и пщэдейр.
- Мамсырым игъэщIагъуэрт Iэта-Ильяс и гупсысэ Iущыр: «Мыбы и губзыгъагъэм еплъыт! Дыгъуасэ Мырзэбэч ауан ищIу къыздришэкIа нэгъуейм и Iущагъыр иджы хьэкъ сщохъу. Мы лIыр къыпщIодэIуф, узэхещIыкI, къочэнджэщэф! И насыпыншагъэхэм я къежьапIэр Кърым хъаныгъуэрауэ жиIэри, адэкIэ зыри къыпищэну хуеякъым. Сыту пIэрэт зытепсэлъыхьыну а зыхуэмейр?
- Мис сэ… СыбзыщIыркъым кърым тэтэрхэм я зэранкIэ абрэдж сызэрыхъуар. СыбзыщIыркъым си Сурэт Кърым щIыбым дадзэжа нэужь, зэ закъуи дуней нэху зэрызмылъэгъуар. Зэт мыдэ… Абрэджыр Iэта-Ильяс ехъурджауэу зэгуэрым зэхэсхат: «Уэ уздэщыIэн хуеяр ущIаугущхъуа хьэрэмырщ, мыбдежкъым…» Ярэби, пэжу пIэрэ-тIэ ар?! А фIэщщIыгъуей икIагъэр мы нэгъуейм къращIар пэ- жу щытмэ, гурыIуэгъуэщ кърымхэм мыбы яхуигъэш лъагъумыхъуны-гъэр… Нэгъуейр мыбдеж щызагъэркъым, ауан къащIыным зыщехъумэ-ри. Кърымхэми ядэпсэуфыркъым, къращIари гъэвыгъуейщи! Апхуэдэ икIагъэр зи къару илъыгъуэ цIыхухъум епщIэныр гуэныхьу щыIэм я гуэныхь лейщ…»
- Жаней абрэджым и гур нэгъуейм апхуэдизкIэ щIэузырти, адэкIэ уэршэрыну хуэмеижу, жейбащхъуэ макъ зещIри:
- — НэхулъэфI укъикI, Iэта-Ильяс.
- — Уэри нэхулъэфI укъикI, — къыпедзыж нэгъуейм.
- Пщэдджыжьышхэ нэужьым Мамсырымрэ нэгъуеймрэ гъуэгу техьэжыну я шы-уанэ зэщIалъхьащ. Махуэм дахэу зиукъэбзырт, уафэри мамырти, гъуэгуанэ зэгъкIэ иджы гугъэ уигъэщIырт. ЛIитIым Жанейм кIуэну я мурадти, дуней уэфIым игъэгушхуа-хэу езыхэри еужьэрэкIырт. ШыфIэдзапIэм деж хьэщIэхэр щыIэбэлъабэрэ пэт, Бэлэтокъуэпщым и куэбжэм шу гуп зыщIыгъу гулэгъунэр къыIухьащ. Хуабжьу яхуэсакъыу гулэгъунэм бзылъхугъитI кърашри, Бэлэтокъуэ гуащэр здэщыIэ унэ щIэлъэныкъуэмкIэ хьэщIэхэм ягъэзащ. Iэта-Ильяс и гъусэ абрэджым щыIуплъам, ар къимыцIыхужу къэуIэбжьат! Зи нитIыр бзылъхугъэхэм ятедиеу зэфIэжыхьа Мамсырым и цIэри зэхихыжтэкъым. Дауи зэхихынт? Бэлэтокъуэхэ я гуащэм и бжэщхьэIум Сурэт хуэмурэ дэкIуейрт! Iэта-Ильяс Нэ- къар къыщыщIар къыгурыIуати, и нэ зэвитIыр набдзэ цыплъхэм ящIэпщхьэжауэ Мамсырым и насыпым дэгуфIэрт.
- ХьэщIэхэм къэхъуар зэрагъэзэхуэ- ну хунэмыс щIыкIэ, Бэлэтокъуэпщым и шыфIэдзапIэм аргуэру шууитI къыIухьащ:
- — Кърым хъаныгъуэм и лIыкIуэу Шэрджэсым щыIэ Iэлигъуэт-пэщэр кIэмыргуеипщым пщэдей шэджагъуэхуэкIуэу Сарайхьэлъкъ къыщыпоплъэ.
- ХХ
- Бэлэтокъуэпщыр унэм къыщыщIэкIам уафэр иджыри пшэплъым къриIакIэтэкъым. Уэгум хуэмурэ нэхугъэ къихьэрт. Пщэдджыжь пасэм пежьууэ адакъэхэр уэру зэпэIуэжырт. Къурш жыжьэхэр иджыри хэщхьэукъуэрт къундэпсо гъуэзым. Жьыбгъэ щабэми, дахащIэурэ, зэм джэгуу зиIэтырт, зэми сабыру щIыщхьэм зытрилъэфэжт.
- Пщыр шэщым щIыхьэри Iэшхы-лъэм бгъэдэт пцIэгъуэплъым едэхащIэурэ зэпиплъыхьащ. Шхалъэм шыудз Iэгуэ худидзэу хьэкхъуафэм псы тIэкIу хигъэхъуа нэужь, пщыр пцIэгъуэплъым и пщэм, и джабэхэм IэгудыгъуэкIэ теупIапIэурэ нэхъри къызэщигъэупащ. ПцIэгъуэплъым хэпырхъыкIыурэ иджы и пэщхъыныр игъаджэрт. И джабэхэр, хуэш ирижэ нэхъей, пIэжьажьэу игъэтхытхырт.
- Iуэм къикIыжри, Бэлэтокъуэм жыг хадэм щежэх псыIэрышэмкIэ иунэтIащ.
- Псы щIыIэмкIэ хуиту зитхьэщIу унэм щIыхьэжа пщым елIалIэу иджы зэригъэзахуэрт Iэлигъуэт-пэщэр къыщIыхуеинкIэ хъунур. КIэмыргуеипщымрэ Кърымым и лIыкIуэмрэ зыкIи зэмыпэшэгъу цIыхухэт: зэи зэжьэхэуатэкъым, зыщIыпIи къыщызэдэщIатэкъым. Сыт-тIэ иджы къызэщIиуду Iэлигъуэт-пэщэм шу джакIуэ пщым къыхуигъэкIуэныр къызыхэкIар?
- Iэлигъуэт зыдэс жылэр Болэтей пэжыжьэтэкъым, ауэ бгы зэпрыкIыгъуэу щэней къазэрыпэщылъымрэ псыикIыгъуэ зыбжанэр гъуэгур нэхъ кIыхьлIыхь ящIырти, шэджагъуэ пщIондэ унэмысынри зыхуэIуа щыIэ-тэкъым.
- ХьэщIэхэм, пщэдджыжьышхэ ядищIри, гъуэгу техьащ Бэлэтокъуэр. КIэмыргуеипщыр Сарайхьэлъкъ зэрыраджам щыгъуазэ лъэпкъ шу зыбжанэр IэщэкIэ зэщIэузэдауэ я пщым и ужь иуващ. Шухэр мэз лъапэм щынэблагъэм, абыхэм якIэлъысащ нэгъуэщI шу гуп цIыкIуитI. Ашабэ Миншакърэ Мамсыр Нэкъаррэ ящIыгъут а гупитIым.
- КIэмыргуеипщым «къыкIэлъыпхъэрахэр» щилъагъум, ябгъэдыхьэри Iэдэбу:
- — Миншакъ, Нэкъар, фIыщIэ фхузощI си Iуэхур фи Iуэхуу фыкъызэрыскIэлъежьам папщIэ, ауэ флъагъуркъэ, ирагъэблэгъар си закъуэщ. Бысымым е къыгурыIуэнкъым, е сэ сщIэрэ, фIэфI хъункъым, зыпэмыплъахэр хьэщIэ гъусэу зэрыхуэсшар.
- — Зиусхьэн, хьэщIэр дэракъым! — пэроуэ пщым Миншакъ. — Зыпэмыплъа хьэщIэкIэ зэджэр а уезгъэблэгъауэ къыппэплъэрщ, ауэ бысым зыфIэпщарщ.
- (КъыкIэлъыкIуэнущ).