КъБР-м уимыкIыу тенджыз ФIыцIэр плъагъурэ?
2020-06-04
- ФIы дыдэхэм ящымыщми, Идар хуэмыхуу еджэркъым. Псом хуэмыдэу географиемкIэ хэти пеуэфынущ. ЕпщIанэ классым щIэсхэр хьэгъуни къыдигъэплъыркъым. Ауэ зы хьэл гъэщIэгъуэн хэлъщ Идар: зыгуэрхэм баз япихьэну зыпищI щыIэкъым.
- Махуэ гуэрым классым щIэс щIалэ цIыкIухэр уэршэру здэщытым Идар жиIащ:
- — Хэт къызжиIэфын, Къэбэрдей-Балъкъэрым уимыкIыу тенджыз ФIыцIэр къыпхуэлъагъуну?
- ЦIыкIухэр зэплъыжащ: ар дауэ?!
- — КартэкIэ уеплъмэ, плъагъунущ! — «уи пыIэкур къыпхуизуда» жыхуиIэу Инал и Iэр ину иIэтащ.
- — Дауэ ди республикэм уимыкIыу тенджыз ФIыцIэр зэрыплъагъунур? Уэ, Идар, щебгъэлеиIуэ щыIэщ, — къехъурджэуащ Инар.
- — Сэ езгъэлейкъым. Ар къызжезыIэфым мы си жаныр изот.
- Сэр къыщыхыхьэм, Iуэхур нэхъ зэрыхьзэрий хъуащ. Зым къыпхуэлъагъуну жиIэрт, ауэ къызэрыпхуэлъагъуну щIыкIэр ищIэртэкъым. Адрейхэм ар Идар ириныкъуэкъуэн щхьэкIэ къигупсысауэ яукъуэдийрт.
- — Ди республикэм уимыкIыу тенджыз ФIыцIэр зэрыплъагъуну щIыкIэр щывмыщIэкIэ, си жаныр къысхуэнэжащ, — жиIэри Идар ежьэжащ.
- ЕтIуанэ махуэм, географие урокым зэрыщIидзэу, Инал къэтэджри егъэджакIуэм еупщIащ:
- — Данэ Мухамедовнэ, дыгъуасэ Идар баз къытпихьащ ди республикэм уимыкIыу тенджыз ФIыцIэр хуиту плъагъуну жери. Пэж ар?
- ЕгъэджакIуэр мащIэу къыпыгуфIыкIащ:
- — АтIэ, фэ жыфIэр сыт?
- — Иныкъуэхэм плъагъуну жаIэ, ауэ зэрыплъагъуну щIыкIэр ящIэркъым. Адрейхэм зэи умылъагъуну, Идар къигупсысауэ хуагъэфащэ.
- — Пэжщ, цIыкIухэ, Идар жиIэр. Ди Къэбэрдей-Балъкъэрым уимыкIыу тенджыз ФIыцIэр плъагъунущ. Ар зэрыплъагъуну щIыкIэр иджыпсту езы Идар къыджиIэнщ.
- Идар доскам дэкIри, мыпIащIэу къригъэжьащ:
- — Дунейр уэфIу зыри зэран къыпхуэмыхъу нэужь, уяпэ километриплI-тхукIэ щыIэр хуиту уолъагъуф. Нэхъ лъагэу утетыху, нэхъ жыжьэ уоплъэф. Аращ зыплъыхьыпIэ чэщанэхэр Iуащхьэ е щIыпIэ хэIэтыкIахэм тращIыхьу щIыщытар. Дэ ди республикэм димыкIыу тенджыз ФIыцIэр хуиту къытхуэлъагъунущ, Iуащхьэмахуэ дыдэкIрэ дыплъэмэ. Апхуэдэу тлъагъунущ Батум, Сочэ, Поти, ТIуапсы къалэхэри, Тыркум щыIэ Понтий бгыри.
- — Дэгъуэщ, Идар, — жиIащ егъэджакIуэм. — Псори тэмэму жыпIащ. Дэнэ абы укъыщеджар?
- — Профессор Борей Рауф и «Къэбэрдей-Балъкъэрым и географие» тхылъым. Абы гъэщIэгъуэн куэд итщ. Фыхуеймэ, урок къакIуи зыгуэрхэр фхуэзгъэхьэзырынщ.
- ЖУРТ Биберд.