Лэжьыгъэм хуэжыджэр Нартокъуэ СулътIан
2020-06-04
- Нартокъуэ СулътIан Хьэмзэт и къуэр 1955 гъэм мэкъуауэгъуэм 3-м КъШР-м и Адыгэ-Хьэблэ щIыналъэм хыхьэ ВакIуэ-Жылэ къуажэм къыщалъхуащ.
- 1959 гъэм я унагъуэр Псыжь абазэ къуажэм Iэпхъуащ. СулътIан абы курыт еджапIэр къыщиухащ, итIанэ Севастополь дзэм къулыкъу щищIащ. 1983 гъэм КъБКъУ-м и тхыдэ-филологие факультетыр къиухащ, иужькIэ Ростов къэрал университетым журналистикэмкIэ и факультетым щеджащ, апхуэдэуи и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ КПСС-м и Къэрэшей-Шэрджэс обкомым марксизм-ленинизмэмкIэ и университетым.
- СулътIан зригъэгъуэта IэщIагъэм дихьэхырт. Ар газет зыбжанэм корреспонденту щылэжьауэ, 2006 гъэм езым къызэIуихащ «Вестник Карачаево-Черкесии» газетыр. Нобэ а газетым увыпIэ хэха щеубыд Къэрэшей-Шэрджэсым и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм икIи щIэджыкIа-кIуэ мымащIи иIэщ.
- Газетым щIэх-щIэхыурэ къытохуэ къэрал къулыкъущIэхэм, егъэджакIуэ, дохутыр пэрытхэм, щэнхабзэм, щIэныгъэм, гъуазджэм я лэжьакIуэ пашэхэм, тхакIуэ-хэм, усакIуэхэм, депутатхэм, спортсменхэм, ветеранхэм ятеухуа тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэр.
- «Вестник Карачаево-Черкесии» газетыр хьэлэмэт зыщIхэм ящыщщ гъэ къэс «ЦIыху нэхъыфIхэр» фIэщыгъэм щIэту иригъэкIуэкI зэпеуэр. УнэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэ куэдкIэ зэщхьэщыха зэхьэзэхуэм наIуэ къещI IэщIагъэ зэхуэмыдэхэм щыпэрыт цIыхухэр. Ахэр къыхихын папщIэ газетым и редактор нэхъыщхьэ Нартокъуэр егъэджэныгъэ, щэнхабзэ, медицинэ IуэхущIапIэхэм йоблагъэ, абыхэм къыщызэрагъэпэщ Iуэхухэм хэтщ, щылажьэхэм нэIуасэ захуещI.
- «Вестник Карачаево-Черкесии» газетыр УФ-м и хэгъэгу куэдым щызэбгрокI. Ар яIэрохьэ Москва, Санкт-Петербург къалэхэм, Омск, Новороссийск областхэм, Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ щIыналъэхэм, Абхъаз Республикэм щыпсэу цIыхухэм. Тиражыр мини 5 мэхъу.
- 2013 гъэм и гъатхэпэм иджыри зы газет къыдигъэ- кIын щIидзащ Нартокъуэм — «Горянка Кавказа». Ар илъэ- сым къриубыдэу 3-4 дунейм къытохьэ, ауэ дяпэкIэ къыдэкIыгъуипщIым нигъэсынущ. КъищынэмыщIауэ, СулътIан и хъуэпсапIэщ сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ папщIэ газет гуэдзэн игъэхьэзырыну.
- Газет лэжьыгъэм къыщыдэхуэм деж Нартокъуэ СулътIан усэхэр, уэрэдхэр етх. Дзэ-хэкупсэ гъэсэныгъэм, зэхэщIыкIым, лъагъуныгъэм теухуауэ IэдакъэщIэкIыу 60-м щIигъу иIэщ абы. Абы и усэхэм макъамэ щIалъ-хьащ Кавказ Ищхъэрэм щыцIэрыIуэ композиторхэу Ногайлиев Мэджит, Тэмазэ Лидие (КъШР), Тыкъуэ Къаплъэн (АР), Кудайбердиев Яхья (Дагъыстэн) сымэ. И уэрэдхэр ягъэзащIэ Елдар Айдэмыр (АР), Хьэтыхъу Эдуард, Тхьэгъэлэдж Светланэ, Зеущэ Iэуес, Нэхущ Чэрим сымэ, нэгъуэщIхэми.
- Ноби жыджэру матхэ, мэусэ, газет къыдегъэкI СулътIан. Творческэ IэнатIэм щиIэ фIыщIэм папщIэ абы къыхуагъэфэщащ цIэ лъапIэ, щIыхь тхылъ куэд. Зэрылэжьа илъэс 40-м щIигъум КъШР-м и ЦIыхубэ Зэхуэсым, Лъэпкъ IуэхухэмкIэ министерствэм, Печатымрэ цIыхубэ зэпыщIэныгъэхэмкIэ министерствэм, Урысейм щыпсэу адыгэхэм я лъэпкъ-щэнхабзэ автономием, УФ-м цIыхубэ егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и лэжьакIуэхэм я профсоюз зэгухьэныгъэм и республикэ къуда- мэм, нэгъуэщIхэм къабгъэдэкIыу Нартокъуэм къыхуагъэфэщащ дамыгъэ, щытхъу, фIыщIэ тхылъ 500-м щIигъу, абы хохьэ дыщэ медалхэри орденхэри.
- Нобэ и илъэс 65-м СулътIан гъащIэм гукъыдэж хуиIэу, лэжьыгъэм хуэжыджэру ирихьэлIащ. Дохъуэхъу дяпэ- кIи а и жанагъыр мыкIуэщIу, узыншагъэ быдэ иIэрэ игу илъ псори къехъулIэу и творческэ гъуэгуанэм пищэну.
- Къэбарт Мирэ.