Шэрджэсейм щыIэ епцIыжакIуэ
2020-06-04
- Маркс Карл
- Маркс Карл и IэдакъэщIэкIхэм адыгэхэм ятеухуа лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнхэм уащрохьэлIэ. Зи гугъу тщIыр абы «Шэрджэсей» фIэщыгъэр хэту газетхэм къытрыригъэдза тхыгъэхэрщ. Псалъэм папщIэ, «Шэрджэсейм щыIэ епцIыжакIуэ» («A Traitor in Circassia») фIэщыгъэм щIэту нобэ адыгэбзэкIэ къэдгъэнаIуэ лэжьыгъэр Маркс и IэдакъэщIэкIхэр щызэхуэхьэса 12-нэ томым къыщывгъуэтыфынущ. Редакторым и псалъэ зыбжанэ дэщIыгъуу, ар 1857 гъэм, адыгэ ныпыр езым къигупсысауэ къэзылъытэж инджылыз лIыкIуэ Уркварт Дэвид (Даут-бей) къыдигъэкIыу щыта «The Free Press» газетым и 34-нэ номерым мэлыжьыхьым и 1-м къытехуауэ щытащ.
- «Шэрджэсейм щыIэ штаб-квартирэ,
- ТIуапсы, мазаем и 26.
- Мы тхыгъэр «Кенгуру» инджылыз кхъухьым ныпхуишэнущ. Абы и фIыгъэкIэ Европэм япэ дыдэу щызэхахыну къыщIэкIынщ Шэрджэсейм щыпсэу лъэпкъхэм я къэкIуэнур куэдкIэ зэлъыта Iуэхум и хъыбарыр.
- Уэ ущыгъуазэщ сэ сызыбгъэдэт Мэхьмэд-бей (Бандья), шэрджэс лъэпкъхэм я пашэхэмрэ я лIыкIуэхэмрэ къелъэIуа нэужь, дзэпщ нэхъыщхьэм и къулыкъур и пщэ дилъхьэжыну арэзы зэрыхъуам.
- Блыщхьэм, мазаем и 23-м, ди штаб-квартирэр здэщыIэ ТIуапсы кхъухьым дыщитIысыкIащ. Гъуэгу дыкъытехьэн ипэ, Мэхьмэд-бей зауэлI IэщIагъэ зэмылIэужьыгъуэхэм хуэIэзэ щIалэ щитI зэхуишэсати, ахэращ мыбы дыкъэзышар.
- Иджы Мэхьмэд-бей пщIэшхуэ пылъу шэрджэсыдзэхэм я нэхъыщхьэу ягъэуващ. Пщыхэр, уэркъхэр, лъэпкъым и лIыкIуэхэр зэхуэсри, абы и унафэм щIэтыну тхьэ яIуащ, КъурIэным теIэбэурэ. Нобэрей адыгэ зэхуэсым и лIыкIуэхэм унафэшхуэм и дамыгъэу къалъытэ Бегъымбар лъапIэм и ныпыр къахьащ. Дзэпщ нэхъыщхьэм ныпым хуэпэжыну тхьэ зэриIуэрэ псоми ягу зэрыхэхъуэр уолъагъу. (Езы ныпыр удзыфэщ, и щIыIум маисэ хужь, мазэ ныкъуэрэ вагъуэрэ тетщ). Ихъуреягъыр зэрызохьэ. Шэрджэсхэм щхьэхуитыныгъэ нэс зыIэрагъэхьэну, е а плъапIэм хуэпабгъэу я псэр ятыну мурад ящIащ. Накъыгъэм ирихьэлIэу зауэм къыхэувэфынухэм я бжыгъэр 150 000-м нэсыну щогугъ. «Урысейм куэд дэмыкIыу и нэкIэ илъагъунущ гукъыдэжхэм зэрызихъуэжар», — иджыпсту къызжиIа къудейщ Мэхьмэд-бей. Зауэ блэкIар екIуэкIыху, абы шэрджэсхэм я лъэныкъуэр иIыгъащ.
- Си IэмыщIэ къралъхьа дэфтэрхэм щыгъуазэ зысщIакIэщ. Си гугъэмкIэ, дзэ зэтеухуа имыIэу илъэс щэщIкIэ бийм пэщIэтыфа лъэпкъым зыхуей хуэзауэ зызэригъэпэщмэ, шэч хэмылъу, хуитыныгъэ нэс зыIэригъэхьэжыфынущ.
- Гъатхэр къихьэмэ, мы бгырыс щIыналъэм никIыу мыхьэнэшхуэ зиIэ хъыбарыщIэ куэд нызэрыпIэрыхьэнум пэплъэ. ДызэпызыщIэхэм Iэмал къызэрызату, Iуэхур зыIутым теухуауэ хъыбар уэзгъэщIэнщ».
- Бандья мэжэрхэм (венгрхэм) къахэжаныкIахэм язщ. Ар япэщIыкIэ Кошут, иужькIэ Семер сымэ ябгъэдэ-тащ. 1851 — 1852 гъэхэм Инджылызым иIэпхъукIри, Пруссиемрэ Франджы тетыгъуэмрэ я фейдэкIэ тIасхъэщIэхыу лэжьащ, абы къыхэкIкIэ ахэр зи унафэ щIэтым зэрыдэщIыр гурыIуэгъуэт. Иджы Инджылызыр къызэрыщхьэщыжыр къигъэсэбэпауэ, гукъыдэжыщIэхэр щызекIуэ хуэдэу зыхужаIэ Шэрджэсейм ма- кIуэ.
- Япэм мы щIыналъэм урысхэм япэщIэтын Iуэху фIэ-кIа щызэрахуэртэкъым, иджы Урысейм и Iуэху дэкIыныфэщ — Шэрджэсейм зэи фIэкIуэдауэ щымыта хуитыныгъэр зыIэригъэхьэжын хуей хуэдэу жаIэ, абы ищIыIужкIэ, иджыри зэрагъэпэщын щIамыдза парламентми и гугъу ящI.
- «The Free Press», №34, мэлыжьыхьым и 1, 1857 гъэ.
- Зыгъэхьэзырар ЧЭРИМ Марианнэщ.