ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Домбеякъ лIэщIыгъуэм  и  лъэужь

2020-06-04

  • Бахъсэн щIыналъэм щыIэ «Къубэ-Тэбэ-2» кхъэлъахэм щокIуэкI археологие къэлъыхъуэныгъэхэр. Гупыр щылажьэ щIыпIэм кIуэри, Iуэхур зэрекIуэкIыр зригъэлъэгъуащ Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Артур.

  • Археологхэм я унафэщI, «ОКН-проект» ЗАО-м щIэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и къудамэм и лэжьакIуэ Нидзельницкая Ларисэ щIыналъэм       и тхьэмадэр ящIахэм щигъэгъуэзащ, къагъуэта хьэпшыпхэми я гугъу къыхуищIащ.
  • Зи гугъу тщIы щIыпIэм къыщагъуэтащ унагъуэ хьэпшыпхэр (кумбыгъэхэр, кхъуэщынхэр, бзылъхугъэхэм зэрызагъэдахэ цIуугъэнэхэр). ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, ахэр домбеякъ лIэщIыгъуэмрэ (ди лIэщIыгъуэм ипэкIэ IV-III илъэс минхэм) ди лIэщIыгъуэм ипэкIэ илъэс мини III-I къагъэсэбэ-пащ. КъэхутакIуэхэм я гугъэщ а хьэпшыпхэр лIахэм дыщIалъхьэу щытауэ икIи цIыхур щыпсэум жылагъуэм щиубыду щыта увыпIэр къагъэлъагъуэу.
  • Нидзельницкэми къыхигъэщащ Бахъсэн щIыналъэм и щIыпIэр зэрыгъэщIэгъуэныр, щэху куэд зэрихъумэр, цIыхум и лъэрэ и Iэрэ зыхунэмыса Iэджэ зэриIэр.
  • Балъкъыз Артур гупым жриIащ я лэжьыгъэмкIэ защIигъэкъуэну зэрыхьэзырыр.
  • ИСТЭПАН Залинэ.