ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Ислъамым и нур

2019-03-26

  • Уаз
  • Нэхъ телъыджэ дыдэу къэхъуар
  • Дызэрыт илъэсым мэлыжьыхьым и 3-м тохуэ муслъымэн псоми ди зэхуэдэ жэщ лъапIэу Мухьэмэд бегъымбарыр (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуар) Меккэм ирашу Иерусалим щашар, уафэм щыдрашеяр.

  • А жэщым и лъапIагъыр КъурIэнми хьэдисхэми къыщыкIуащ икIи а жэщым Алыхьым и арэзыныгъэр къэлэжьыным нэхъыбэрэ телэжьапхъэщ. Алыхьым и IэмыркIэ, а жэщ закъуэм къэхъуа телъыджэхэр икъукIэ гъэщIэгъуэнщ икIи кIыхьщ, ауэ дэ нэхъ гъэкIэщIауэ фигу къэдгъэкIыжынщ.
  • Жэщым нэмэз ищIри, ЛIыкIуэ лъапIэр (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуар) Меккэм щыщхьэукъуауэ, ДжэбрэIил мелыIычыр къыхуехащ. Бегъымбарыр (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуар) къигъэушри, бегъымбархэр къызэрырашэкI псэущхьэ дахэм тригъэтIысхьащ. Хьэдисым къызэрыщыкIуамкIэ, псэущхьэр дахэ дыдэт, дамэшхуитI тетт, и цIэр «Буракъ»-т. Ар апхуэдизкIэ псынщIэу кIуэрти, нэр здынэплъысым, и лъэр нэсырт.
  • ИерусалимкIэ яунэтIауэ здэкIуэм, ахэр IущIащ телъыджэ куэдым. Абыхэм ящыщщ Мусэ бегъымбарыр Алыхьым щепсалъэу щыта бгыщхьэр, Хьисэ бегъымбарыр къыщалъхуа щIыпIэр, нэгъуэщIхэри. Апхуэдэ щIыпIэхэм деж Бегъымбарым (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) нэмэз щищIурэ, Иерусалим дэт «Аль Акъсэ» мэжджытым нэсахэщ. Абы щIыхьа нэужь, япэ дыдэу зыIущIар Ибрэхьим бегъымбарыращ. ЛIыкIуэ лъапIэм жиIэжауэ хьэдисым къызэрыщыкIуамкIэ, Ибрэхьим и теплъэкIэ ещхьт езы Мухьэмэд бегъымбарым (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам). ИужькIэ IущIащ Мусэ бегъымбарым, ЛIыкIуэм и хьэдисым къызэрыщыкIуамкIэ, Мусэ лIы лъагэт, къамылыфэт, лъагъугъуафIэт, щхьэц баринэ тетт. ИужькIэ ахэр яхуэзащ Хьисэ бегъымбарым. Хьэдисым къызэрыщыкIуамкIэ, Хьисэ щIалэ цIыкIутэкъым, ауэ икIи лъагэтэкъым, ику итт, щхьэц щабэ телът.
  • Мухьэмэд бегъымбарыр я Iимаму лIыкIуэхэм «Аль Акъсэ» мэжджытым нэмэз щащIащ. ИужькIэ ДжэбрэIил бегъымбарым (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) къыхуишиящ стэканитI: зым шэ, адрейм шагъыр ярыту. ЛIыкIуэр (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуар) Iэбэри, шэ зэрыт стэканыр къыхихащ. ДжэбрэIил жиIащ: «Уэ къабзагъэр къыхэпхащ». ИужькIэ ЛIыкIуэр (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуар) драшеящ уафэм и япэ къатым. МелыIычым къеупщIахэщ: «Ухэт уэ?» «сы-ДжэбрэIилщ». — «Уи гъусэр хэт?» «Мухьэмэдщ». — «Ар ЛIыкIуэ?» «ЛIыкIуэщ». Уафэм и бжэр щыхузэIуахым, ахэр IущIащ Iэдэм бегъымбарым. ЕтIуанэ къатым абыхэм къаIущIащ ЛIыкIуэхэу Хьисэрэ Яхьярэ, ещанэ къатым абыхэм щалъэгъуащ Алыхьым дахагъэу къигъэщIам и зэхуэдитIымкIэ зыхуэупса Юсуф бегъымбарыр, еплIанэм Идрис, етхуанэм Хьэрун, еханэм Мусэ, ебланэм Ибрэхьим ЛIыкIуэ лъапIэхэм щаIущIахэщ.
  • ИужькIэ ахэр Алыхьым къигъэщIауэ зыри (мелыIычхэм деж щегъэжьауэ) зэмыбэкъуа щIыпIэм щынэсым, ДжэбрэIил жиIащ: «Мыбдежым нэсщ сэ сыздэкIуэну сызыхуитыр. Уа, ЛIыкIуэ лъапIэу, Алыхьым фIыуэ илъэгъуа, адэкIэ зы лъэбакъуэ счыжмэ, Тхьэм и нурым силыпщIынущ».
  • ЛIыкIуэм (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) изакъуэу адэкIэ щыкIуэм, абы къыхузэIуахащ нэгъуэщI зыми къыхузэIуамыха Iупхъуэр. Абдежым Мухьэмэд бегъымбарым (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) илъэгъуащ Алыхьым и теплъэ телъыджэу зыми ямылъэгъуар, зыхуэдэ щымыIэр. Абы щыгъуэм Алыхьымрэ ЛIыкIуэмрэ зэпсэлъахэщ я зэхуаку зыри дэмыту. А жэщ лъапIэм теухуауэ хьэдисым мыпхуэдэу къыщыкIуащ: «Мухьэмэд бегъымбарым (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) жиIащ: «А жэщым Алыхьым къалэн къытщищIащ жэщ-махуэм къриубыдэу нэмэз щэ ныкъуэ тщIын хуейуэ. Иужьым, сыкъыщехыжым, Мусэ ЛIыкIуэр къызэупщIащ: «Сыт уи Iумэтым къалэн ящищIар?» — «Нэмэз щэныкъуэ», — щыжысIэм, Мусэ чэнджэщ къызитащ: «Тхьэ лъапIэм деж гъэзэжи, елъэIу нэмэзым и бжыгъэр фхуигъэмэщIэну, уи Iумэтым яхузэфIэкIынукъым апхуэдизыр. Ар сэ згъэунэхуащ, IисраIил и бынми яхузэфIэкIакъым». Алыхьым деж згъэзэжри, селъэIуащ: «Си Тхьэ лъапIэ, нэмэзым и бжыгъэр нэхъ мащIэ яхуэщI си Iумэтым». Алыхьым а бжыгъэр тхукIэ нэхъ мащIэ ищIащ. ИужькIэ аргуэру Мусэ къызжиIащ: «Ари куэдщ, гъэзэжи, Алыхь лъапIэм елъэIу нэхъ мащIэ ищIыну», — щыжиIэм, аргуэру згъэзэжри, селъэIуащ, мис апхуэдэурэ, селъэIуху, нэмэзым и бжыгъэр тхукIэ нэхъ мащIэ ищIурэ, Алыхьым къыттрилъхьа нэмэз щэ ныкъуэм и бжыгъэр тхум нэсащ. ИужькIэ, Алыхьым къызжиIащ: «Шэч хэлъкъым къалэн фщысщIа нэмэзитхур зыщIым нэмэз щэ ныкъуэр ищIауэ зэрыстхынум (зы нэмэз фщIыху, нэмэзипщI фщIауэ стхынущ). ФIы илэжьыну гухэлъ зыщIам, и гухэлъыр имыгъэзэщIами, абы хуэстхынущ зы псапэ, ауэ и гухэлъыр игъэзэщIамэ, хуэстхынущ псапипщI. Iей илэжьыну гухэлъ зыщIу ар зымылэжьам хуэстхынукъым гуэныхь, ауэ ар зылэжьам хуэстхынур зы гуэныхьщ».
  • Мис апхуэдиз гущIэгъу къытхуещI ди Тхьэ лъапIэм.
  • А жэщым ЛIыкIуэ лъапIэм (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) илъэгъуащ нэгъуэщI телъыджэ куэди: жэнэтри, жыхьэнмэри, абыхэм щыIэхэри.
  • Алыхьым и къарур инщ, а жэщым ДжэбрэIил Мухьэмэд бегъымбарыр къигъэушауэ, «Буракъ» псэущхьэм щытригъэтIысхьам, псы зэрыт джырафинэ ягъэджэлам ит псыр къимыж щIыкIэ, апхуэдиз гъуэгуанэр зэпрагъэчри, здэщыса щIыпIэм деж къашэжат ЛIыкIуэ лъапIэр (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуар).
  • А жэщым и щыхьэту КъурIэн лъапIэм къыщыкIуащ «Аль — IисраI» сурэр.
  • Алыхьым и арэзыщIыныгъэм телажьэхэр
  • Дзэлыкъуэ щIыналъэм хиубыдэ Дзэлыкъуэкъуажэ жылэм дэс, адыгэ хабзэр щытепщэ унагъуэм къыщалъхуащ Куэт Лизэ.
  • Абы и адэ Нащхъуэрэ и анэ Нурэрэ быних зэдагъуэтащ — щIалитхурэ зы хъыджэбзрэ. Хъыджэбз закъуэр, дауи, анэм сыт и лъэныкъуэкIи щIэгъэкъуэн нэс хуэхъурти, ар унагъуэ Iуэху псоми хуэIэижьу къэхъуащ, къищынэмыщIауэ, фIы дыдэу еджэрти, школри медалкIэ къиухащ. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щIэтIысхьэри, химиемрэ биологиемкIэ факультетыр 1974 гъэм ехъулIэныгъэкIэ къиухащ, а илъэс дыдэми унагъуэ ихьащ. Лизэ егъэджакIуэуи лэжьащ, заводхэм, ресторанхэм я лабораториехэми IэнатIэ. Ауэ сыт хуэдэ лэжьыгъэ пэрымытами, сыт хуэдэ къулыкъу зэримыхьами, Алыхьым и арэзыщIыныгъэм япэ зыри иригъэщакъым.
  • Ар Алыхьым и арэзыщIыныгъэм телажьэ зэпытщ, и хэхъуэм щыщ Iыхьэ зыхуэфащэхэм яхухихыу. Лизэ хьэжыщIи щыIащ, и нэмэ-зи, и нэщIи блигъэкIыркъым.
  • — Уи быным яшхын, ящIэн ягъуэтмэ, уи унагъуэ къихьэ цIыхур зэрыбгъэгуфIэн уиIэмэ, благъэхэм, Iыхьлыхэм, ныбжьэгъухэм гулъытэ яхуэпщIыфмэ, абы нэхърэ нэхъыбэ мылъку ухуейкъым. Абы и щхьэкIэ къакIуэ псори Алыхьым и арэзыщIыныгъэм тегъэкIуэдэн хуейуэ аращ, — жеIэ Лизэ.
  • Абы щхьэгъусэ хуэхъуащ Куба къуажэм къыщалъхуа Къанкъул Лиуан. Псапэ щIэнкIэ Лиуан хуэдэ дыдэу щыIэр зырызщ. Абы еджапIэ нэхъыщхьэ зыбжанэ къиухащ, экономикэ щIэныгъэхэм я кандидатщ, къэралзэхуаку псапащIэ фондым и лIыкIуэщ.
  • Лизэрэ Лиуанрэ я пщIэнтIэпскIэ къамылэжьыжа яIэкъым. Унагъуэ хъууэ, псэун щыщIадзам, ахэр япэщIыкIэ фэтэр щIэсащ, ауэ абы щыгъуэми зэпыуакъым я псапэ щIэныр. Мухьэмэд бегъымбарым (Тхьэм и нэфIыр зыщыхуам) жиIауэ хьэдисым къыщыкIуащ: «ТIу къудейщ сызэфыгъуэу («сызэхъуапсэу» жиIэу аращ «сызэфыгъуэм» и мыхьэнэуэ тэфсирым къыщыкIуар) дунейм тетыр: ислъам дин щIэныгъэ зыбгъэдэлъу, а зи щIэныгъэмкIэ адрейхэм ядэгуашэмрэ мылъку зиIэу ар Алыхьым и арэзыщIыныгъэм тезыгъэкIуадэмрэщ».
  • Лиуанрэ Лизэрэ я IуэхуфIхэм, дауи, езыхэр тепсэлъыхьыркъым, ауэ ар цIыхухэм ялъагъу, уеблэмэ, Лиуан щIыпIэ куэдым цIэрыIуэ щыхъуащ псапэ лэжьынымкIэ.
  • Къэрал куэд зэгухьэри къыдагъэкIащ «Лъэпкъым и дыщэ тхылъ», «Дунейм и мелыIыч гумащIэхэр» тхылъхэр. Абы щызэхуэхьэсащ иужьрей илъэсищэм къриубыдэу дуней псом псапэ нэхъыбэ дыдэ щызылэжьа цIыхуищэм я цIэхэр. КърабжэкIахэм яхэтщ Къанкъул Лиуани.
  • Яблочков П. Н. и цIэр зэрихьэу Мэзкуу щыIэ, уэздыгъэ щащI заводым и унафэщIу илъэс куэдкIэ лэжьащ Лиуан. Сымаджэщхэм, сабий садхэм, еджапIэхэм, мэжджытхэм, вокзалхэм и сэбэпынагъ куэд яригъэкIащ абы.
  • Нобэр къыздэсми зэщхьэгъуситIым я къалэн нэхъыщхьэр Тхьэм хуэлэжьэныращ, ауэ щыхъукIи, Алыхьым папщIэ ящIэр яфIэмащIэщ.
  • Лиуанрэ Лизэрэ быниплI зэдагъуэтат — хъыджэбзищрэ зы щIалэри, хъыджэбзхэми школыр медалкIэ къаухри, щIэныгъэ нэхъыщхьи зыIэрагъэхьащ, щIалэ закъуэми епщIанэ, епщыкIузанэ классхэр зы илъэсым къриубыдэу къиухри, Мэзкуу еджапIэ нэхъыщхьэ къыщиухыжащ. Псори унагъуэ хъужахэщ, щIэблэ цIыкIухэри ягъуэтыжащ. Дауи, адэ-анэм я щапхъэм бынри зэрытетым зы шэчи хэлъкъым.
  • Пенсэ ныбжьым нэса зэщхьэгъусэхэу Лиуанрэ Лизэрэ адэкIи гъащIэ дахэ къызэдагъэщIэну, быным гу щахуэну Тхьэм жиIэ!
  • Дахагъэу къигъэщIам и зэхуэдитIымкIэ зыхуэупса лIыкIуэр
  • Алыхьым дахагъэу къигъэщIам и зэхуэдитIымкIэ хуэупсат Екъуб и къуэ Юсуф. Абы теухуауэ КъурIэн лъапIэм къыщыкIуащ «Юсуф» сурэр. Фигу къэдгъэкIыжынщи, Екъуби, абы и къуэ Юсуфи лIыкIуэу щытахэщ.
  • ЗэрытщIэщи, лIыкIуэхэр псори хуабжьу гугъу ехьахэщ. Дэтхэнэ зыри Алыхьым игъэунэхуащ къызэрыгуэкI цIыхухэм я фэм дэмыхуэн куэдкIэ. Юсуфи Алыхьыр хуэупсащ дахагъэу къигъэщIам и зэхуэдитIымкIэ. Алыхьым фIыуэ илъэгъуа зэадэзэкъуэхэу Екъубрэ Юсуфрэ Алыхьым зэригъэунэхуа щIыкIэм и япэ Iыхьэм щыгъуазэ фытщIынщ нобэ.
  • Екъуб къуэ пщыкIутI иIащ. Абыхэм ящыщу Юсуф Тхьэм лIыкIуэ зэрищIынум ипкъ иткIэ, дауи, ар адрей и къуэшхэм ещхьтэкъым и хьэлкIи, и щэнкIи. Сабий дыдэ щхьэкIэ, гъэсэныгъэшхуэ бгъэдэлът, хьэл-щэн дахэ хэлът, Алыхьым и цIыху цIыкIут. Апхуэдэу зэрыщытым къыхэкIыу, адэр Юсуф нэхъ хуэгумащIэт, нэхъ тегужьеикIат, уеблэмэ, щIигъэкIыу щигъэджэгури мащIэ дыдэрэт. Юсуф нэхърэ нэхъыщIэжу зэкъуэшхэм зы яхэтт, БониаминкIэ еджэу, а зым къищынэмыщIа, адрей зэкъуэшипщIыр Юсуф ефыгъуэхэрт, ди адэм ар нэхъыфIу елъагъу, жаIэрти.
  • Зэгуэрым Юсуф илъэгъуа пщIыхьэпIэр и адэм хуиIуэтэжащ:
  • — Си адэ, ныжэбэ пщIыхьу слъэгъуащ, уафэм ис вагъуэхэм ящыщу пщIым, дыгъэмрэ мазэмри абыхэм ящIыгъужу, сэ щхьэщэ къысхуащIу.
  • Екъуби лIыкIуэу зэрыщытым ипкъ иткIэ, занщIэу къыгурыIуащ пщIыхьэпIэр Алыхьым и деж къызэрикIар, абы жиIа псалъэхэр КъурIэным мыпхуэдэу къыщыкIуащ: «Уа, си щIалэ, уи къуэшхэм яхуумыIуатэ уи пщIыхьэпIэр. Шэч хэмылъу, шейтIаныр цIыхум и бий наIуэщ».
  • Пэжщ, шейтIаным и къалэныр егъэзащIэ — зэкъуэшхэм я гум фыгъуэр ирилъхьат, Iиманыншэ ищIахэт. Быным я нэхъыщIэ Бониамин сыт щыгъуи Юсуф и телъхьэ зэрыхъум щхьэкIэ, ари фIыуэ ялъагъуртэкъым адрейхэм.
  • Зы пщыхьэщхьэ гуэрым зэкъуэшхэр зэхэтIысхьащ, Юсуф зэраукIын щхьэусыгъуэ къагупсысын мурад яIэу.
  • Ящыщ зым къыхилъхьащ: «Юсуф тфIэгуэныхь мэхъу, ди гъусэу джэгуакIуэ зэи нызэрумыгъакIуэм щхьэкIэ», — жытIэнщи, ди адэр къэдгъэпцIэнщ, ди гъусэу ныдигъэкIмэ, итIанэ дукIынщ», — жери.
  • Абы псори арэзы техъуащ, быным я нэхъыжьым къищынэмыщIа. ЩIалэ нэхъыжьым жиIащ: «Хьэуэ, дывмыгъэукI, абы нэхърэ нэхъыфIщ псыкъуийм иддзэнщи, езыр-езырурэ абы илIыхьынщ». АбыкIи зэгурыIуащ.
  • Нэху зэрыщу, щIалэхэр я адэм деж щIыхьахэщ, мурад фIейр я щхьэм илъу. Абыхэм жаIащ: «Уа, ди адэ, дэ Юсуф фIыуэ долъагъу, тфIэгуэныхьи мэхъу ди гъусэу джэгуакIуэ нызэрумыгъакIуэм щхьэкIэ. ДынолъэIу, нобэ ди гъусэу ныдэгъэкI», — жаIэу адэм щелъэIум, Екъуб жиIащ: «Хьэуэ, губгъуэм дыгъужьхэр щыкуэдщ, Юсуф иджыри цIыкIу дыдэщ, фытеджэгукIынщи, сабийм зыгуэр къыщыщIынщ. Абы зыгуэр къыщыщIмэ, сэри абы сихьыжынщ».
  • АрщхьэкIэ, щIалэхэм Тхьэ яIуащ Юсуф кIэлъыплъыну, хуэсакъыну. Езы Юсуфи щылъаIуэм, адэм хуит ищIри, ар дигъэкIащ и къуэшхэм я гъусэу. Ауэ щыхъукIи, КъурIэным къызэрыщыкIуамкIэ, Екъуб лIыкIуэти, къыгурыIуэрт адрейхэм зыхамыщIыкI куэд. Мы Iуэхум теухуауи, Екъуб къыгурыIуэрт Iей гуэр къызэрыхъунури, и щIалэ цIыкIум щхьэкIэ и псэр гузавэт, и гур къиузыкIырт (ауэ псори Алыхь Iэмырт, Тхьэм ищIэр Езым ещIэж).
  • — Нобэ къэбухащ, Юсуф, уэ уи адэм и деж щыбгъуэт увыпIэр, — жаIащ зэкъуэшхэм.
  • — Сыт къэхъуар? — жиIэу Юсуф щыщIэупщIэм, жэуап ирамыту, еIунщIхэри, псыкъуийм ирадзащ. Алыхьым Юсуф зэригъэунэхуа щIыкIэхэм я пэщIэдзэ хъуар мис абдежыращ.
  • Псым хэмыхуэу, и хъуреягъым къегъэтIылъэкIа мывэхэм техуащ сабийр. Псыкъуийр икъукIэ куут, кIыфIт, щIыIэт. Сабийм гузэвэгъуэр телът, арщхьэкIэ, Алыхьым ар лIыкIуэ ищIынути, сабийм и псэм къригъэщIащ, зэман дэкIмэ, Юсуф и къуэшхэм зэрахьа лейр щажриIэжын махуэ къызэрыкIуэнур. Абы теухуауэ КъурIэным къыщыкIуащ мы псалъэхэр: «Уэ (Юсуфщ зи гугъу ищIыр) ар ягу къыщыбгъэкIыжын махуэ къэсынущ, шэч хэмылъу, а махуэм уэ абыхэм укъацIыхужынуъым».
  • Ауэрэ, махуэ зыбжанэ дэкIащ, махуэ къэс зы илъэсым хуэдэт, апхуэдизкIэ хьэлъэт ар а сабийм и дежкIи.
  • Зы махуэ гуэрым махъшэм тесу абыкIэ зы гуп блэкIыу, псыкъуийр къыщалъагъум, чырэм хэтхэм ящыщ зыр псы къригъэхъуэну абы щхьэщыхьащ. КIапсэм фIэлъ пэгуныр щридзыхым, Юсуф и Iэ цIыкIухэмкIэ быдэу ар иубыдащ. ЛIым къыдрихьея сабийр щилъагъум, щтэIэщтаблэу кIиящ: «Мыдэ фыкъакIуэ псори, феплъ мы телъыджэм!». Гупыр хуабжьу гуфIащ. Сабийр пщылIу зыгуэрым иращэн мурад яIэу, адэкIи я гъуэгуанэм пащащ (гупыр Палестинэм къикIауэ, сату ящIэну Мысырым кIуэуэ арат).
  • Мысырым нэса нэужь, Юсуф пуду ящащ. Ар къэзыщэхуар лIы губзыгъэт, икъукIи бейт. ИгъэпщылIыну къищэхуа сабийр апхуэдизкIэ губзыгъэт, гъэсати, Юсуф и быным хуэдэу фIыуэ илъэгъуащ лIым.
  • Зэманыр кIуатэри, Юсуф щIалэшхуэ хъуащ. КъурIэным къызэрыщыкIуащи, Алыхьым дахагъэу къигъэщIам и зэхуэдитIыр Юсуф иритат. И нэкIукIи, и IэпкълъэпкъкIи апхуэдиз дахагъэкIэ Алыхьыр зыхуэупса ЛIыкIуэ лъапIэм ар и дахагъэмкIи игъэунэхужащ.
  • АдэкIи Юсуф и гъащIэм кърикIуахэр нэхъ телъыджэжщ, ар етIуанэ Iыхьэу къыкIэлъыкIуэнущ.
  • ПхъащIэмрэ лы зыщэмрэ
  • Ижь зэманым псэуащ пхъащIэ гъуэзэджэ. Абы и Iэдакъэ къыщIэкI телъыджэхэр хуабжьу ягу ирихьу ящэхурт. ПхъащIэм и лъэщапIэм пэмыжыжьэу нэгъуэщI зы лIы гуэрым лы щищэрт.
  • Зэгуэрым пхъащIэм и деж зы тхьэмыщкIэ гуэр къыщIыхьауэ жиIащ: «Уэ пхъэщIэным укъыхуигъэщIам хуэдэщ, уи Iэдакъэ къыщIэкI хьэпшыпхэр ящэху, арщхьэкIэ, уи мылъкум зы псапэ гуэри хэптыкIыркъым, сытым и мыхьэнэ уэ уи сатур?! Мес, лыкIэ сату зыщI мо лIым сыту удэмыплъейрэ, абы къыхэхъуэр уэ къэблэжьым нэхърэ куэдкIэ нэхъ мащIэщ, ауэ щыхъукIи, зы махуэ къэмынэу тхьэмыщкIэхэм лы яхуегуэшыф». ПхъащIэм и жьэр зэщIихыу зы псалъэ пидзыжакъым тхьэмыщкIэм, шыIэныгъэ хэлъу едэIуа мыхъумэ.
  • Куэд дэмыкIыу къуажэ псом дэз хъуащ пхъащIэр нэпсейуэ, и мылъкум псапэ зэи химытыкIыу. Зэманыр кIуэри, пхъащIэр дунейм ехыжащ. ЛыкIэ сату зыщI лIыми и псапэ щIэныр абдеж щиухащ. ИужькIэ абы еупщIахэщ: «Япэм зы махуэ къэмынэу тхьэмыщкIэхэм лы яхуэбгуэшу щытащ, иджы яхуэбгуэшыжыркъым, сыт абы и щхьэусыгъуэр?» — жаIэри.
  • — ПхъащIэр щыпсэум щыгъуэ, зы махуэ къэмынэу си деж лы куэду къыщищэхурти, къысхутринэрт, тхьэмыщкIэхэм яхуэзгуэшын папщIэ. Иджы пхъащIэр дунейм ехыжащ, сэ езым апхуэдэ Iэмал сиIэкъым, — жэуап итащ лы зыщэ лIым.
  • Аращи, дызыщымыгъуазэмдытевмыгъэпсэлъыхь.
  • ЮНЕСКО-м и щIэинхэм хагъэхьэ
  • Муслъымэнхэм я кхъэ «Уади ас-Сэлам»-кIэ зэджэр, дуней псом щынэхъ ин дыдэр, Иракым и Нэджаф къалэм (Багдад километри 160-кIэ пэжыжьэщ) щыIэщ.
  • Нобэр къыздэсым муслъымэнхэр зыщIалъхьэ кхъэм и ныбжьыр илъэс 1400-рэ мэхъу. Ар зытет щIыр гектар 600-м щIегъу. Абы щIэлъщ ЛIыкIуэхэм ящыщи, ислъам дин щIэныгъэлIхэм ящыщи, къызэрыгуэкI цIыхухэри — нэгъуэщIу жыпIэмэ, нобэкIэ а кхъэм щыщIалъхьам и бжыгъэр мелуанитхум щIегъу. «Уади ас-Сэлам» муслъымэ-ныкхъэр 2010 гъэм ЮНЕСКО-м и щIэинхэм хагъэхьащ.
  • Iимам Iэбу Хьэнифэ и зэпIэзэрытагъыр
  • Iимам Iэбу Хьэнифэ гъуэгуанэ кIыхь къыпэ-щылът. Ар зы къуажэ гуэрым дыхьауэ (а къуажэм дэсхэм Iэбу Хьэнифэ зыми къацIыхуртэкъым), жэщ къыщытехъуэм, мэжджыт цIыкIу гуэрым щIыхьащ, абы нэху щигъэщын и мураду.
  • Нэмэз рэкхьэтитI ищIауэ, щыгъуэлъым, мэжджытым и хъумакIуэр къеупщIащ: «Сыт пщIэнур?» — жери. «ТIэкIу сыжеинущ», — жэуап итащ Iэбу Хьэнифэ. «Мыр щыжей щIыпIэкъым, мыбдежым ущыжейуэ ядэнукъым, щIэкI», — жери, къыщIихужащ. ИужькIэ, Iэбу Хьэнифэ мэжджыт пщIантIэм щыжеину зыщигъэхьэзырым, аргуэру къеупщIащ хъумакIуэр: «Сыт пщIэнур?» «ТIэкIу сыжеинущ», — щыжиIэм, хъумакIуэр губжьри, Iэбу Хьэнифэ пщэпкъкIэ къиубыдри, мэжджыт пщIантIэм къыдидзащ.
  • Пэмыжыжьэу щыт щIакхъуэгъажьэм ар щилъагъум, къыбгъэдэлъадэри, дэIэпыкъуурэ, Iэбу Хьэнифэ къигъэтэджыжащ, и щыгъыныр хуиутхыпщIыжри, щабэу жриIащ: «НакIуэ, си деж неблагъэ, сэ сиIэщ зыщыбгъэпсэхун щIыпIэ, гъущэщ икIи къабзэщ, тIэкIуи уедзэкъэнщ, пIэ пхуэсщIынщи, жэщми зыбгъэпсэхунщ». Арати, щIакхъуэгъажьэм и деж ишащ Iэбу Хьэнифэ (ауэ абыи ар ицIыхуртэкъым). Iэбу Хьэнифэ игъэхьэщIэри, щIакхъуэгъажьэр и Iуэху яужь ихьэжащ икIи Тхьэм елъэIуурэ хупцIынэр ипщын иухащ. Иужьым Iэбу Хьэнифэ лIым еупщIащ: «СыкъызэрыщIыхьэрэ Тхьэм уолъэIу, махуэ къэс апхуэдэу пщIэрэ?» «Зы махуэ къэмынэу солъэIу», — жэуап итащ щIакхъуэгъажьэм. «АтIэ, уи лъэIур къыпхуищIэрэ Тхьэм?» — жиIэу, Iэбу Хьэнифэ щыщIэупщIэм, лIым жэуап къитащ: «СыщIелъэIу псори къысхуещIэ си Тхьэшхуэм, зы закъуэм къищынэмыщIа». «Ар сыт хуэдэ лъэIу?» — щIэупщIащ Iэбу Хьэнифэ. «Жэщ-махуэ симыIэу Алыхьым солъэIу Iимам Iэбу Хьэнифэ сигъэлъагъуну», — жэуап къитащ лIым. «Уи лъэIур нобэ къыпхуищIащ ди Тхьэ лъапIэм, Iэбу Хьэнифэр сэращ», — жэуапу зэхихащ щIакхъуэгъажьэм.
  • Iэбу Хьэнифэ зэпIэзэрытти, адрейхэм закъыхимыгъэщхьэхукIын папщIэ, зыми закъригъэцIыхуакъым, щIакхъуэгъажьэм и хъуэпсапIэр зэхихыху.