Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек Театрым и дунейпсо махуэм теухуа и хъуэхъу
2019-03-26
- ПщIэ зыхуэсщI ныбжьэгъухэ!
- Театрым и дунейпсо махуэмкIэ си гуапэу сынывохъуэхъу.
- А махуэшхуэр актёр IэщIагъэм ирилажьэхэм, зи гъащIэ псор театрым пызыщIахэм я мызакъуэу, гъуазджэм дихьэх цIыху куэдми я гуфIэгъуэщ. Ди республикэм театрым ехьэлIа хабзэ хьэлэмэтхэр щыIэщ икIи дэ сценэм зэфIэкIышхуэ яIэу ита цIыху цIэрыIуэхэм дрогушхуэ. Творческэ зэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъ ди театрхэм куэд хащIыхь цIыхухэр фIым, дахагъэм, гурылъ къабзэхэм, фIылъагъуным хуэгъэсэным.
- Дызэрыт гъэр Театрым и илъэсу Урысейм щагъэуващ. Абы Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэ гъащIэр нэхъри зэригъэдэхэнум, сценэм гъэунэхуныгъэщIэхэр къыщызэгъэпэщыным икIи художественнэ къару зэхэлъ спектаклхэр гъэувыным дызэрыхуишэнум шэч къытесхьэркъым.
- Фи IэщIагъэм фызэрыхуэпэжым икIи абы пыщIа гугъуехь псори нэгъэсауэ къызэрызэвнэкIым папщIэ фIыщIэ фхузощI. Узыншагъэбыдэ, ефIэкIуэныгъэ, творческэехъулIэныгъэхэмрэтегушхуэныгъэрэфиIэну си гуапэщ.