Нобэрэ пщэдейрэ
2019-03-26
- Гъатхэпэм и 26, гъубж
- Къэмэх узыфэр зыпкърытхэм я дунейпсо махуэщ
- 1872 гъэм Урысейм япэ пощт карточкэр къыщыдэкIащ.
- 1903 гъэм Iэщэ щащIу Златоуст дэт заводым и рабочэ зыкъэзыIэтахэр пащтыхьыдзэм зэтриукIат.
- 1941 гъэм Сталиным и цIэр зезыхьэ саугъэтыр ягъэуващ. ИужькIэ абы Къэрал саугъэткIэ еджэ хъуащ.
- 1944 гъэм ЕтIуанэ дунейпсо зауэм и зэманым советыдзэхэр, Хэкур хуит къащIыжурэ, СССР-м и къэрал гъунапкъэм, Прут псым деж хуэзэм, нэсащ.
- 1956 гъэм Москва областым хыхьэ Дубнэ къалэм Iэ щытрадзащ ядернэ къэхутэныгъэхэмкIэ институт зэгуэт къызэгъэпэщыным теухуа зэгурыIуэныгъэм. А зэгухьэныгъэм хыхьат къэрал 18.
- 1989 гъэм СССР-м щыяпэу къэралым щекIуэкIащ зы депутат мандатым цIыху зыбжанэ щыщIэбэна хэхыныгъэхэр.
- 1995 гъэм Шенген зэгурыIуэныгъэм къару игъуэтащ. Абы ипкъ иткIэ паспорт, таможеннэ кIэлъыплъыныгъэхэм хэмыту зэкIэлъыкIуэну хуит хъуащ Бельгием, Германием, Франджым, Люксембургым, Нидерландхэм, Испанием, Португалием щыпсэухэр.
- 1996 гъэм Дунейпсо валютэ фондым Урысейм къритащ доллар меларди 6,9-рэ хъу щIыхуэр. МВФ-м и тхыдэм къриубыдэу ята ахъшэ щIыхуэ нэхъыбэ дыдэу къалъытэр аращ.
- 2000 гъэм, Ельцин Борис и къулыкъум зэрытекIам къыхэкIыу, Урысей Федерацэм щекIуэкIащ зи мычэзу президент хэхыныгъэхэр. Абы щытекIуауэ щытащ Путин Владимир.
- 2003 гъэм Марсым тенджыз щта къыщагъуэтащ.
- 2006 гъэм «Зэклассэгъухэр» социальнэ сетым лэжьэн щIидзащ.
- Кавказыбзэхэр зыджа щIэныгъэлI, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, Куржым щIэныгъэхэмкIэ и академием и академикыу щыта, Абхъазым, КъБР-м, Шэшэн, Ингуш, Дагъыстан республикэхэм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, Куржым и къэрал саугъэтым и лауреат Чикобавэ Арнольд къызэралъхурэ илъэси 121-рэ ирокъу.
- США-м щыщ тхакIуэ, драматург цIэрыIуэ Теннеси Уильям къызэралъхурэ илъэси 105-рэ ирокъу.
- Палестинэ къэралыгъуэм и унафэщI Аббас Мэхьмуд и ныбжьыр илъэс 84-рэ ирокъу.
- Урысей актёр, РСФСР-м и цIыхубэ артист, УФ-м и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща Петренкэ Алексей къызэралъхурэ илъэс 81-рэ ирокъу.
- Композитор, уэрэджыIакIуэ, «Самоцветы» гуп цIэрыIуэм хэта, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Пресняков Владимир и ныбжьыр илъэс 73-рэ ирокъу.
- Совет гимнаст, Олимп Джэгухэм тIэунейрэ я чемпион Воронин Михаил къызэралъхурэ илъэс 74-рэ ирокъу.
- Урысей актёр, УФ-м и цIыхубэ артист Булдаков Алексей и ныбжьыр илъэс 68-рэ ирокъу.
- Дунейм и щытыкIэнур
- «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 11 — 12, жэщым градуси 2 щыхъунущ.
- Гъатхэпэм и 27, бэрэжьей
- Театрым и дунейпсо махуэщ
- Урысейм и МВД-м и къэрал кIуэцI дзэхэм я махуэщ
- 1945 гъэм Бирмэм и лъэпкъ армэм зыкъиIэтащ икIи я къэралыр япон зэрыпхъуакIуэхэм къаIэщIигъэкIыжащ.
- 1968 гъэм, зэрыса кхъухьлъатэр Владимир областым къыщехуэхри, иукIащ дунейм и япэ космонавт, Совет Союзым и ЛIыхъужь Гагарин Юрий.
- 2011 гъэм Урысейр гъэмахуэ зэманым техьащ — УФ-м и Президенту а зэманым щыта Медведев Дмитрий Iэ щIидзащ щIымахуэ, гъэмахуэ зэман жаIэу сыхьэтхэр ирамыгъэкIуэтэкIыным теухуа унафэм.
- Нэмыцэ физик цIэрыIуэ, Нобель и саугъэтым и япэ лауреат Рентген Вильгельм Конрад къызэралъхурэ илъэси 174-рэ ирокъу.
- Революционер, къэрал лэжьакIуэ Киров (Костриков) Сергей къызэралъхурэ илъэси 133-рэ ирокъу. Кировыр 1934 гъэм яукIауэ щытащ.
- Совет пианист, виолончелист, дирижёр, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ, СССР-м и цIыхубэ артист, УФ-м и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща, «Грэмми» саугъэтыр тхуэнейрэ зрата Ростропович Мстислав къызэралъхурэ илъэс 92-рэ ирокъу.
- КъБР-м и цIыхубэ уса-кIуэ Балъкъэр Фоусэт къызэралъхурэ илъэс 87-рэ ирокъу.
- 1990 — 1996 гъэхэм Урысейм нэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ и министру, УФ-м и Къэрал Думэм и япэ, етIуанэ хэхыгъуэхэм я депутату щыта Козырев Андрей и ныбжьыр илъэс 68-рэ ирокъу.
- Америкэм щыщ кинорежиссёр, актёр цIэрыIуэ Тарантинэ Квентин и ныбжьыр илъэс 56-рэ ирокъу.
- Дунейм и щытыкIэнур
- «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 12 — 13, жэщым градуси 5 — 6 щыхъунущ.