«Адыгэ хабзэмрэ иджырей зэманымрэ»
2019-03-26
- «Кабардино-Балкарская правда» газетым и редактор нэхъыщхьэу, «Адыгэ псалъэ» газетым и корреспонденту лэжьа публицист Къудей Владимир и IэдакъэщIэкIщ Налшык дэт «Печатный двор» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIа «Адыгские традиции и современность» лэжьыгъэр.
- «Мы тхылъыр адыгэ хабзэм епха дауэдапщэхэр нобэ зэрызекIуэ щIыкIэр къыщыдгъэлъэгъуэну дызыхэта IэдакъэщIэкIщ», — щетх Къудей Владимир пэуб- лэм. ТхакIуэм гу зэрылъитэщи, зэманыр и пIэ иткъым, лъэпкъым и хъуреягъкIэ щекIуэкI гъащIэм зехъуэж. ЩIыналъэ зэмыщхьхэм щопсэу адыгэхэр нобэ. Щхьэж зэрыс хэгъэгум щызекIуэ зэхэтыкIэм зыдригъэкIуху, хабзэми зэхъуэкIыныгъэ зэхуэмыдэхэр къещтэ.
- Къудейм къызэрилъытэмкIэ, цIыхухэр мамыру зэдэпсэуным, я зэхуаку зэгурыIуэныгъэр щагъэбэгъуэным хуэщIа адыгэ хабзэр зэрытхъумэным псори иужь дитын хуейщ. Зэманым къемызэгъыр езыр-езыру кIэроху, ауэ щIэуэ къежьа псори «хабзэ хъуащ» жыпIэу къыщIупхъуэтэн щыIэ- къым. Аращ Владимир Интернетыр къигъэщхьэпэу, социальнэ зэпыщIапIэхэм щигъэныбжьэгъу цIыху балигъхэм я Iуэху еплъыкIэр утыку къыщIрилъхьэр.
- «Унэишэ», «КIэлъыгъакIуэ», «Щауэишыж», «Гущэхэпхэ», «КхъуейплъыжькIэрыщIэ»… Псалъащхьэхэм къыбгурагъаIуэ Владимир нэхъыбэу зытепсэлъыхьыр. Ауэ дауэдапщэхэм я деж щригъэухыркъым Къудейм хабзэм и къалэныр. Ар зыхуей хуэзэу зепхьэфмэ, зыми и зэран къокIынукъым, уэри гъуэгу захуэм утегъуэщыкIынукъым. Иужьрейм и гугъу щищIкIэ, адыгэ хабзэмрэ ислъам динымрэ цIыхур фIым хуэущиинымкIэ зэрызэтехуэр щыхьэту къегъэув.
- IуэрыIуатэмрэ анэдэлъхубзэмрэ къы- хиха хъыбархэр, хъуэхъухэр, псалъэжьхэр, жыIэгъуэхэр мымащIэу къигъэщхьэпэурэ, тхакIуэм а хъугъуэфIыгъуэ псори зыхъу- ма адыгэбзэри и тхылъым къыщегъэсэ-бэп.
- «УпщIэ щыIэнкIи хъунщ, «Щхьэ тхылъыр адыгэбзэкIэ имытхарэ?» жаIэу», — щызоупщIыж ар пэублэм и кIэм. Жэуап ит- хэм къызэрыхигъэщымкIэ, апхуэдэу щIищIар хамэ лъэпкъхэм ди зэхэтыкIэр зэрыдахэр яригъэлъагъун, анэдэлъхубзэ зыIурымылъ адыгэхэр лъэпкъым пэIэщIэ имыщIын папщIэщ.
- Къудей Владимир и Iуэху еплъыкIэм дыщIыгъужын хуейщ хабзэм анэдэлъхубзэм нэхъ хъумакIуэфI зэримыIэр. Дгъэлъэгъуэну тфIэфIым ифI къыдэкIын папщIэ, бзэмрэ хабзэмрэ зэуIуу зетхьэным Iэмал къыхуэдгъуэтыжмэщ хабзэр Iэпкълъэпкъым и гъунэм къитхыу, гумрэ псэмрэ я хъугъуэфIыгъуэ щытщIыфынур.
- ЧЭРИМ Марианнэ.