Щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я IэнатIэм щат къэрал стипендиехэр 2019 гъэм зыхухахынухэр яубзыху
2019-03-26
- Республикэм и Правительствэм и зи чэзу зэIущIэр иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ премьер-министр Мусуков Алий. Абы щытепсэлъыхьащ ди щIыналъэм и экономикэ зыужьыныгъэм, егъэджэныгъэмрэ спортымрэ, социальнэ дэIэпыкъуныгъэм, дунейм и щытыкIэм пыщIауэ къыкъуэкI къызэрымыкIуэ щытыкIэхэр къэмыгъэхъуным яхуэгъэза Iуэхухэм.
- Лэскэн районым егъэджэныгъэр щегъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ зэIущIэм къыщащтащ цIыху 96-м ятещIыхьауэ, метр зэбгъузэнатIэ 2671,3-рэ хъууэ Ташлы-Тала къуажэм дэт школымрэ гъуэлъыпIи 160-рэ щIэхуэу икIи метр зэбгъузэнатIэ 2515,2-рэ хъууэ Арщыдан къуажэм дэт сабий садымрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэрал мылъкум къыхагъэкIыу муниципальнэ мылъкум хэгъэхьэным теухуауэ Правительствэм къыдигъэкIыну унафэм и проектыр.
- Апхуэдэу даIыгъащ «Зи пенсэ кIуэгъуэр къэблагъэ цIыхухэр IэщIагъэм хуегъэджэныр къызэгъэпэщынымрэ абы текIуэдэну бюджет ахъшэр хухэхынымрэ я IуэхукIэ» унафэм и проектри. Ар хуэунэтIащ зи пенсэ кIуэгъуэр къэблагъэ цIыхухэр щылажьэ IэнатIэхэр хъумэным, апхуэдэхэр я зэфIэкIымрэ IэщIагъэмрэ нэхъ къызэритIасэм хуэдэу нэгъуэщI IэнатIэхэм ирагъэувэлIэным.
- ЗэIущIэм апхуэдэу къыщащтащ «ЩIыуэпсыр хъумэнымкIэ IуэхущIапIэхэр гъэлэжьэнымрэ ахэр ухуэнымкIэ дирекцэ» къэрал IуэхущIапIэ къызэгъэпэщыным теухуауэ. Абы и полномочиехэм хеубыдэ псы Iуфэхэр зэрагъэбыдэ ухуэныгъэхэм я проектхэр гъэхьэзырыныр, псыхэр къызэриум пыщIауэ къэхъу зэхэкъуэтэныгъэхэр зэгъэпэщыжыныр, экологием пыщIа щIыналъэ проектхэмрэ къэрал программэхэмрэ зэхэлъхьэнымрэ гъэзэщIэнымрэ хэтыныр.
- Правительствэм хэтхэм даIыгъащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и спорт IуэхущIапIэ зыбжанэм я щытыкIэр егъэфIэкIуэнымрэ ахэр зыхуеину псомкIи къызэгъэпэщынымкIэ унафэм и проектыр. Абы ипкъ иткIэ республикэ бюджетым къыхэкIыу субсидиехэр иратынущ узыншагъэр щрагъэфIакIуэ физкультурэ комплексхэр зыщIхэм, апхуэдэу ахъшэ хухахынущ футбол джэгупIэхэр къызэрыращIыкI алэрыбгъухэр къэщэхуным.
- Зэакъылэгъуу къащтащ инвестицэ щытыкIэм и лъэпкъ рейтингыр гъэхьэзырынымрэ ар егъэкIуэкIынымкIэ Правительствэм и комиссэм теухуа Положе-нэр.
- А комиссэм и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ бизнесым и къызэгъэпэщыкIэ нэхъыфIхэр хэIущIыIу щIыныр, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и инвестицэ щытыкIэр егъэфIэкIуэныр.
- Щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я IэнатIэм щат къэрал стипендиехэр 2019 гъэм зыхухаххэм я спискэр къащтащ. Абы цIыху 682-рэ итщ.
- ЗэIущIэм щагъэбелджылащ къэбэр-дей поэзием и лъабжьэр зыгъэтIылъа ПащIэ Бэчмырзэ, балъкъэр литературэм и къежьапIэ Мечиев Кязим, КъБАССР-м и цIыхубэ усакIуэхэу Зумакуловэ Танзилярэ Тхьэгъэзит Зуберрэ я юбилейхэм теухуа гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр 2019 гъэм егъэкIуэкIынымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитетым хэтхэр.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
- Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.