«Iуащхьэмахуэ» журналым и къыдэкIыгъуэщIэр
2019-03-26
- Иджыблагъэ дунейм къытехьащ «Iуащхьэмахуэ» литературэ-художественнэ, жылагъуэ-политикэ журналым и къыкIэлъыкIуэ къыдэкIыгъуэр — 2019 гъэм и япэ номерыр.
- Ар къызэIуех ПащIэ Бэчмырзэ и гуащIэм нэхъ куууэ тетхыхьахэм ящыщ зы Къэрмокъуэ Хьэмид и IэдакъэщIэкI «УсакIуэ уахътыншэ» тхыгъэм. Авторым «Зи творчествэм адыгэ IуэрыIуатэмрэ тхыбзэмрэ лъэмыж пэлъытэу зэпищIа — IуэрыIуатэр и лъабжьэу, тхыбзэ литературэ зэхэзыубла» зыхужиIэ Бэчмырзэ къызэралъхурэ мы гъэм илъэси 165-рэ ирокъу. Пасэрей адыгэ усэм и шыфэлIыфэр, и хабзэхэр, и щапхъэ гъуэзэджэхэр ди деж къэзыхьэса, адыгэбзэм и IэфIыпIэмрэ и къарумрэ къыщIэзыгъэлъэф, абы хэлъ шэрыуагъэмрэ гуащIэмрэ телъыджэу зыгъабзэ усакIуэщ ПащIэ Бэчмырзэ. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIа дэтхэнэ усэри гъэнщIащ гъуэгуанэ кIыхь зэпызыча, гъащIэм и гугъуи, и IэфIи зыхэзыщIа, художественнэ псалъэм и къарур зи гуащIэм зыпхидза цIыхум и акъылрэ и гупсысэкIэ. Ар наIуэ тщащI журналым адэкIэ дыкъызыщеджэ «Пщы», «Ижьым щыгъуэ», «Уэсят», «Псалъэ пэжхэр», «Псэлъэрейр Iуэхуншэщ», «Хъуэхъу» усэхэм, нэгъуэщIхэми.
- ПащIэ Бэчмырзэ къыкIэлъыIуэу, номерым и жьантIэр къылъысащ зи ныбжьыр илъэс 70 ири-къуа, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и артист Балъкъыз Валерэ. Илъэс зэхуэмыдэхэм къалэн зэмылIэужьыгъуэхэр и пщэ къыдэхуами, Валерэ гукIи псэкIи зыхуэпэжыр театрырщ, абы и утыкурщ. Спектаклу 70-м хэта, телевизионнэ постановкэу 18-м, телефильму 5-м, художественнэ фильму 7-м щыджэгуа Балъкъызым и гъащIэм, и творчествэм, и зэфIэкIхэм теухуащ, и гупсысэхэмкIи щIэгъэбыдэжащ «Зи ролхэр гукъинэж» тхыгъэр. Абы къыкIэлъокIуэ артистым и дуней тетыкIэмрэ и цIыху хэтыкIэмрэ уи нэгу къыщIэзыгъэхьэ сурэтхэмрэ Валерэ хужаIахэм щыщ пычыгъуэхэмрэ .
- Фырэ-Къаныкъуэ Анфисэ и «Хьэтхэр» тхыдэ романыр ди лъэпкъ литературэм и къэхъугъэ гъэщIэгъуэну зэрыщытыр куэдым жаIащ, «Адыгэ псалъэ» газетми тетащ, еджахэм къазэрыщыхъуар къыщыIуэта тхыгъэхэри дунейм къытехьащ. Абы гулъытэ хэха хуимыщIу къэнакъым «Iуащхьэмахуэ» журналми. 2018 гъэм и еханэ номерым романым и япэ Iыхьэр тетащ, етIуанэ Iыхьэм мы къыдэкIыгъуэм дыкъыщоджэ.
- «Прозэ» рубрикэм щIэтщ зи тхыгъэхэр щIэх-щIэхыурэ журналым къытехуэ Щоджэн Риммэ и «ИлъэсыщIэ жэщ» Iуэтэжыр. ГъащIэм хуэнабдзэгубдзаплъэ, абы и изми и ныкъуэми щыгъуазэ тхакIуэ цIыхубзым и IэдакъэщIэкIхэм лъабжьэ яхуищI Iуэхугъуэхэр гъэщIэгъуэнщ, ар бзэ къабзэкIэ, шэрыуэкIэ итхынри фIы дыдэу къохъулIэ.
- Усыгъэм и лъахэм дыхешэ лъэпкъ литературэр фIыуэ зылъагъу тхылъеджэхэр зи гуащIэм щыгъуазэ икIи дэзыхьэх ПщыукI Латмир. Iэджэми ехьэлIа гурыщIэ щэхухэр Латмир къыщитIатэ IэдакъэщIэкIхэр щIэщыгъуэщ, узыгъэгушхуэ-узыгъэлъагэщ, узыгъэгупсысэ-ухэзыгъаплъэщ.
- Абыхэм къапоувэ шэрджэс усакIуэ Къанлокъуэ Исмэхьил хухэха напэкIуэцIхэр. «Си къуажэгъу Къанлокъуэ Исмэхьил и творческэ ехъулIэныгъэ нэхъыщхьэу къэслъытэр ар къыщалъхуа Жьакуэ (пасэм щыгъуэ — Къубатей, итIанэ — Алъэсчырей) къуажэм и тхыдэ гъэщIэгъуэныр, налъэ куэду зэхэдэжар, IуэрыIуатэр и лъабжьэу, усэбзэкIэ ди пащ-хьэм къызэрырилъхьарщ», — щетх усакIуэм и гъащIэмрэ и гуащIэмрэ теухуа и тхыгъэ кIэщIым филологие щIэныгъэхэм я доктор БакIуу Хъанджэрий. Исмэхьил и къалэмыпэм къыщIэкIащ «Къубатей» зыфIища поэмэр, усэбзэкIэ тха «Алъэсчырей» романыр. А тхыгъэшхуэхэм нэмыщI, Хэкур, цIыхугъэр, лIыгъэр, гуапагъэр щигъэлъапIэу Къанлокъуэм итхащ усэ куэд, Абыхэм ящыщ зыбжанэ къыщыхьащ журналым.
- Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и артисткэ, УФ-м и щэнхабзэ къалащхьэ Санкт-Петербург щыцIэрыIуэ оперэ уэрэджыIакIуэ КIыкIэ Софие щIэджыкIакIуэхэм дегъэцIыху Нэ-щIэпыджэ Замирэ. Софие и ехъулIэныгъэхэмрэ зэфIэкIхэмрэ, и лэжьыгъэмрэ мурадхэмрэ, къалащхьэм зэрыщыпсэумрэ Адыгейр къызэрыщыхъуамрэ тригъэпсэлъыхьыну Замирэ Iэмал иIащ уэрэджыIакIуэм и къэкIуэжыгъуэмрэ езым Мейкъуапэ и кIуэгъуэмрэ щызэтехуам.
- «Си ныбжьэгъу «кIуэцIрыкъуэ» — аращ фIищар Пэж Андемыркъан и гукъэкIыжхэм. Гупсэхуу, гъэхуауэ тха, къыхэпхын, щапхъэ пхуэхъун гупсысэ куэдкIэ гъэнщIа тхыгъэ купщIафIэщ ар.
- 2019 гъэр Театрым и илъэсу ягъэуващ. Абы хуэгъэпса тхыгъэхэр гъэм и кIуэцIкIэ журналым иратыну абы и лэжьакIуэхэм ящIа мурадым и гъунэ изылъэщ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, зи джэгукIэр цIыхухэм ягу ирихь КIэхумахуэ ФатIимэ теухуа тхыгъэр, Хьэвжокъуэ Людмилэ и IэдакъэщIэкIыр. А тIум я зэпсэлъэныгъэр щIэщыгъуэ хъуащ, артисткэм и дуней тетыкIэри, и лэжьыгъэри, и гупсысэхэри наIуэу уи нэгу къыщIегъэувэ.
- КъыкIэлъокIуэ «IуэрыIуатэ» Iыхьэр. Абы, мызыгъуэгукIэ, дыкъызыщеджэхэр Лъэпщ и хъыбархэм ящыщхэрщ. КIурашын Алий и жыIэгъуэхэми къыдэкIыгъуэм и зы напэкIуэцI хухэхащ. Журналыр зэхуещIыж куэд дэзыхьэх, зыпэплъэ псалъэзэблэдзым.
- ИСТЭПАН Залинэ.