ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Ди республикэмрэ  Москва дэт къэрал университетымрэ зэрызэдэлэжьэнум  теухуа меморандумым Iэ щIадз

2019-03-26

  • Москва щокIуэкI «Университетхэр, жылагъуэ, цIыхухэм я къэкIуэнур» дунейпсо зэхыхьэшхуэ. Абы хэтащ икIи къыщыпсэлъащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэр.

  • КIуэкIуэ Казбекрэ Садовничий Викторрэ Iэ щIадзащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ Ломоносов М. В. и цIэр зэрихьэу Москва дэт къэрал университетымрэ зэрызэдэлэжьэнум теухуа меморандумым. Абы къызэрыщагъэлъэгъуамкIэ, Ректорхэм я Урысей союзым и унафэщIхэм я жэрдэмкIэ къызэрагъэпэща «Вернадский» программэм хиубыдэу егъэджэныгъэ-щIэныгъэ консорциумхэр зэхэшэнущ. Зэдэлэжьэныгъэм и унэтIыныгъэхэм ящыщщ фундаментальнэ, прикладной щIэныгъэ къэхутэныгъэу экономикэ зыужьыныгъэм хуэунэтIахэр зэщIыгъуу егъэкIуэкIыныр, IэнатIэ пыухыкIахэр зыхуэныкъуэхэм ятещIыхьауэ егъэджэныгъэ программэхэр гъэзэщIэныр, зэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъ щIалэгъуалэр къызэрыхах, абыхэм зэрадэIэпыкъу щIыкIэр егъэфIэкIуэныр.
  • КIуэкIуэ Казбек а зэхыхьэшхуэм зэ-рырагъэблэгъам къыхэкIыу ар къызэзыгъэпэщахэм фIыщIэ яхуищIащ. А Iуэхум мыхьэнэшхуэ зэриIэр къыхигъэщащ Урысейм и Президент Путин Владимир и псалъэм.
  • КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэм жиIащ Москва дэт къэрал университетымрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэр республикэм щIэныгъэм и лъэныкъуэкIи иIэ зэфIэкIхэр къаIэтыным, абы и соцально-экономикэ зыужьыныгъэр щIэгъэхуэбжьэным сэбэп зэрыхуэхъунур быдэу и фIэщ зэрыхъур. Программэм Iэмал къитынущ къэралым и университет пашэхэм я инновацэ, щIэныгъэ инфрастрктурэр щIыналъэхэм щыIэ вузхэм къагъэсэбэпынымкIэ, щIэныгъэ лэжьыгъэм къихь сэбэпым хэгъэхъуэнымкIэ.
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым къыдэкIуэу «Вернадский» проектым хэтщ Тюмень, Сахалин, Амур, Кемеровэ областхэр, Хабаров крайр, Осетие Ищхъэрэ — Алание, Кърым республикэхэр, Севастополь къалэр.
  • КъБР-м и Iэтащхьэмрэ и Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.