Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэм ящIыгъуу «Полк уахътыншэм» хэту Налшык и уэрамым кърикIуащ КIуэкIуэ Казбек
2019-05-14
- ТекIуэныгъэм и Махуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щыгъэлъэпIэнымкIэ Iуэху нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщу щытащ «Полк уахътыншэ» урысейпсо акцэр. Ар Урысеймрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ ис лъэпкъхэр зэрызэкъуэувэрэ илъэс 400 зэрырикъум и цIэр зезыхьэ утыкум къыщежьащ. Япэ иту къежьащ кадет школхэм я гъэсэнхэр. Абыхэм яIыгът ТекIуэныгъэм и бэракъыр — метр тIощI зи бгъуагъ нып плъыжьыр. Республикэм щыпсэухэм я сатырхэм хэту къакIуэрт КIуэкIуэ Казбекрэ абы и унагъуэм щыщхэмрэ, езыхэм я адэшхуэхэм я сурэтхэр яIыгъыу.
Зыхыхьэхэр: ТекIуэныгъэ