ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Май, 2019

Ухуэныгъэм пыщIа Iуэхухэм топсэлъыхь

2019-05-16

  • Социальнэ мыхьэнэ зиIэ ухуэ­ныгъэхэр нэгъэ­сы­жы­ным, фэтэр куэд хъу  унэхэр капитальнэу зэ­гъэ­пэщыжыным  ехьэлIа республикэ программэм  хуэгъэзауэ къащтауэ щыта уна­фэхэр гъэ­зэщIа зэры­хъум щы­хэп­лъа зэIущIэ иджыблагъэ иригъэ­кIуэкIащ ­КъБР-м и Iэ­тащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ  К. В.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм

ЩIыналъэм и гъащIэIыхьэ

2019-05-16

  • КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ щагъэлъэпIащ Урысеймрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ парламентаризмэм зыщегъэужьыным хэлъхьэныгъэ хуэзыщIа цIыху 60-м щIигъу. Ар къызэрагъэпэщат КъБР-м и Парламентыр илъэс 25-рэ зэрырикъуам и щIыхькIэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Парламентым

Нобэрэ пщэдейрэ

2019-05-16

  • Накъыгъэм и 16, махуэку
  • Мамыру зэдэпсэуным и дунейпсо махуэщ. 2017 гъэм дыгъэгъазэм и 8-м Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм и Ассамблее Нэхъыщхьэм унафэ къищтащ накъыгъэм и 16-р Мамыру зэдэпсэуным и дунейпсо махуэу гъэувыным теухуауэ.
  • Ставрополь крайм и махуэщ

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

«ТекIуэныгъэм и диктантыр» ятхащ цIыху мини 100-м нэблагъэм

2019-05-16

  • Хэку зауэшхуэм къыщытхьа ТекIуэныгъэр илъэс 74-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ «ТекIуэныгъэм и диктант» тхыным хуэгъэзауэ «Урысей зэкъуэт» партым къыхилъхьа жэрдэмыр даIыгъащ ди къэралым, нэгъуэщI къэрал 23-м щыщу цIыху мини 100-м хуэдизым. «Тхыдэм и фэеплъ» парт проектым и убзыхуакIуэ, «ТекIуэныгъэм и диктантыр» егъэкIуэкIынымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитетым и тхьэмадэ, Къэрал Думэм и депутат Хинштейн Александр зэрыжиIамкIэ, ар накъыгъэм и 7-м щрагъэкIуэкIащ щIыпIэ 1373-м икIи диктантыр егъэтхынымкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуащ волонтёр мини 5,5-м нэблагъэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Щхьэмыгъазэ

2019-05-16

  • Совет Союзым и ЛIыхъужь Байсултанов Алим
  • къызэралъхурэ илъэсищэ ирокъу
  • Фашист Германиер ди къэралым къыщытеуам япэу бийм пэщIэувахэм икIи ар къэзыгъэувыIахэм яхэтащ кхъухьлъатэзехуэ Байсултанов Алим. А лъэхъэнэм ар илъэс 22-рэ ирикъуа къудейт. Апхуэдэу щIалэ щхьэкIэ, Финн зауэми хэтауэ Байсултановыр зауэлI хьэзырт. Алим яхэтащ финн хы къуэпсыр яхъумэу Ханко деж лIыхъужьыгъэшхуэ къыщызыгъэлъэгъуа ди зауэлI хахуэхэм. Ди хэкуэгъур дауэ къыщыхутат а хы тIуащIэм?

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Юбилей

ЩIыуэпсыр хъумэныр, гъэкъэбзэныр ди фарзщ

2019-05-16

  • Накъыгъэм и 15-м къэрал куэдым щекIуэкIащ
  • Климатым и махуэм ехьэлIа Iуэхухэр
  • Мы зэманым цIыхуу дунейм тетхэми дяпэкIэ къэунэхуну щIэблэхэми я щыIэкIэ-псэукIэр зыхуэдэнур, зэрыгурыIуэгъуэщи, «дызыхэсыхь» щIыуэпсым и щытыкIэм куэду елъытащ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

КъБР-м и ТВ-мрэ радиомрэ

2019-05-16

  • 1 КъБР «Мир» канал»
  • Блыщхьэ, накъыгъэм и 20
  • 6.00 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 6.30 «Зэманым и шэрхъ» (балъкъэрыбзэкIэ) (12+)
  • 7.15 «МафIэсым пэщIэтхэр». Бырс Ж. и фэеплъ зэпеуэ (12+)
  • 7.30 «Республикэ: тхьэмахуэ зэхуаку хъыбархэр» (16+)
  • 8.00 «Уи пщэдджыжь фIыуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр!» (12+)
  • 8.20 «Адэжь щIэин» (адыгэбзэкIэ) (12+)

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Нэтынхэр

2019-05-16

  • Хуитыныгъэм  щIэзэуахэр
  • ЦIыху тхыдэм зауэр сыт щыгъуи зэрыхэувэр гуауэшхуэ къызэзынэкI, къыкIэлъыкIуэ ныбжьыр щIэин хьэлъэкIэ зыгъэгухэ къэхъукъащIэущ. Урымхэм зэрыжаIэм ещхьу, гъащIэ егъэджакIуэ мыхъуу, ар лъэпкъхэмрэ динхэмрэ зэзыушт щхьэусыгъуэ щыхъур мащIэкъым. Зауэм и ущие гуащIэм цIыхухэр щхьэхуимыту зэгурыIуэныгъэм, щабагъэм, тэмакъкIыхьагъым къыхуегъэуш. Апхуэдэ щапхъэ хуэмурэ мэхъу щхьэхуимыту нэгъуэщIынэкIэ дызэзыгъэплъ Кавказ зауэри.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Хэха

Сыт щыгъуи дызыпэплъэ

2019-05-16

  • ЩIэджыкIакIуэхэр сыт щыгъуи дызыпэплъэ «Iуащхьэмахуэ» журналым и зи чэзу етIуанэ къыдэкIыгъуэр къытIэрыхьащ. Номерым ихуа тхыгъэхэм ди гуапэу кIэщIу фыщыдогъэгъуазэ.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: ТхылъыщIэ

ЦIыхухэмрэ роботхэмрэ

2019-05-16

  • Урысей IэщIагъэлIхэм къагупсысащ «антропоморфный робот» зыфIащар. И теплъэкIэ ар щIалэщIэщ, зэкIужщ, и нэпкъпэпкъыр цIыхум ейм хуэдабзэщ, ущепсалъэкIэ и нэгум къощ жыпIэр зэрызыхищIэр.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэку

Москва и налкъут

2019-05-16

  • СССР-м и зэманым цIэрыIуэу щыта ВДНХ-м ита «Дружба народов», «Каменный цветок» фонтанхэр къагъэщIэрэщIэжауэ, нэхъ дахэж хъуауэ мы махуэхэм яутIыпщыжащ, зылъагъур яхьэхуу.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Махуэку

НэщI мазэм зэпагъэу

2019-05-16

  • НэщI езыхьэкI куэд командэхэм зэрахэтым къыхэ-кIыу, илъэс етIуанэ хъуауэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и гъэмахуэ чемпионатыр Рэмэдан мазэм зэпагъэу. Абы и пэ къихуэ джэгугъуэм и ужькIэ зэхьэзэхуэм бжьыпэр щиубыдащ Къэхъун и «Керт»-м.

Псоми еджэн…

Зыхыхьэхэр: Футбол

2019-05-16

  • КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм, «КъБР-Медиа» къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм, КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм, КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм, «Адыгэ псалъэ», «Кабардино-Балкарская правда», «Заман», «Советская молодежь», «Горянка» газетхэм, «Iуащхьэмахуэ», «Минги Тау», «Литературная Кабардино-Балкария», «Нур», «Нюр», «Солнышко» журналхэм я редакцэхэм, «Къэбэрдей-Балъкъэр» къэрал телерадиокомпанием, «Налшык» ОРТК-м, программэхэр къэзыт «Къэбэрдей-Балъкъэр» телекомпанием я лэжьакIуэхэр «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и унафэщI Ацкъан Руслан Хьэсбий и къуэм хуогузавэ абы и шыпхъу Нэгъуей (Ацкъан) Иринэ Хьэсбий и пхъур дунейм зэрехыжам къыхэкIыу.

Зыхыхьэхэр: Хэха