|
Май, 2019
2019-05-31
- Налшык къалэ дэт къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм щагъэлъэпIащ ХьэрычэтыщIэхэм я урысейпсо махуэр. ЗэIущIэм хэтащ Къэбэрэдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ КIэрэф Мурат, министрхэр, Парламентым и депутатхэр, икIи, дауи, гуфIэгъуэр зейхэр — хьэрычэт Iуэху цIыкIумрэ курытымрэ пэрытхэр. ХьэрычэтыщIэхэм я махуэмкIэ ехъуэхъуащ КIуэкIуэ Казбек.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм
2019-05-31
- Къыщалъхуа махуэр нобэ егъэлъапIэ цIыхубз хьэлэмэтым, бгырыс бзылъхугъэм и щапхъэ, гъэсэныгъэрэ губзыгъагъэрэ зыхэлъ цIыху дахэм. Филолог-еджагъэшхуэ, профессор, Кавказ Ищхъэрэм и цIыхубзхэм ящыщу япэу щIэныгъэхэм я доктор хъуа, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и вице-президент, КъШР-м и ТхакIуэхэм я союзым и унафэщI Бэчыжь Лейлэ илъэс 90 ирикъуащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хъуэхъу
Нобэрэ пщэдейрэ
2019-05-31
- Накъыгъэм и 30, махуэку
- 1941 гъэм фашистыдзэхэм Крит алыдж хытIыгур яубыдащ.
- 1942 гъэм Совет Союзым къыщызэрагъэпэщащ Партизан зэщIэхъееныгъэм и штаб нэхъыщхьэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Хэха
2019-05-31
- Адыгэхэм игъащIэ лъандэрэ къыддокIуэкI «совет» мыхьэнэр зиIэ, ХасэкIэ зэджэ лъэпкъ-демократие зэгухьэныгъэр. Мы зэманым лажьэ «Къэбэрдей Адыгэ Хасэ» лъэпкъ жылагъуэ зэгухьэныгъэр Налшык къыщызэрагъэпэщащ 1990 гъэм накъыгъэм и 7-м. Абы и Уставым илъэси 6 ипэкIэ дыхэплъэжащ икIи къару зиIэ дэфтэру къэтщтауэ дролажьэ. ХабзэщIэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, КъАХ-м зи щхьэ хущытыж жылагъуэ зэгухьэныгъэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм Iуэху щещIэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Къэбэрдей Адыгэ Хасэ
2019-05-31
- ХьэфIыцIэ Мухьэмэд деж
- Адыгэ жьэгум и уэнжакъым
- Къреху иджыри Iугъуэ мащIэ,
- СызэмыупщIи къэнэжакъым:
- Хэт а жьэгу мафIэр зэщIэзыщIэр?
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Къэбэрдей Адыгэ Хасэ
2019-05-31
- Къэбэрдей Адыгэ Хасэр къызэрызэрагъэпэщрэ лъэпкъым ифI зыхэлъ Iуэхугъуэ куэдым иужь иту къогъуэгурыкIуэ. Апхуэдэу лэжьыгъэ купщIафIэхэмкIэ гъэнщIауэ щытащ блэкIа илъэсхэри.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Гу зылъытапхъэ
2019-05-31
- Черкесск, 2016 гъэ
- Хэхэс адыгэхэм я джакIуэ
- Байрамуковэ Хьэлимэт и цIэр зэрихьэу Черкесск къалэм дэт Къэрал лъэпкъ библиотекэм щагъэлъэпIащ УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м, АР-м, КъШР-м щIыхь зиIэ я журналист, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, ЩIДАА-м и вице-президент ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и ныбжьыр илъэс 70 зэрырикъуамрэ жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэм теухуа «Мухамед Хафицэ: первооткрыватель черкесского зарубежья» тхылъыр дунейм къызэрытехьамрэ. Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм ис лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я интеллигенцэр, КъШР-м и Iэтащ-хьэм и Администрацэм, Правительствэм, районхэм я лIыкIуэхэр, щIэныгъэлIхэр, тхакIуэхэр, журналистхэр, егъэджакIуэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, ХьэфIыцIэм куэд щIауэ и ныбжьэгъуу, лэжьэгъуу а щIыналъэм исхэр щызэхуэса пшыхьыр гуапэу, дахэу екIуэкIащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Къэбэрдей Адыгэ Хасэ
2019-05-31
- Лъэпкъ Iуэху
- Адыгэбзэр зыхэт гугъуехьхэр
- Дунейпсо Адыгэ Хасэм и нэIэ щIэту Налшык къалэ щекIуэкIащ адыгэбзэр хъумэным, зегъэужьыным ехьэлIа Iуэхугъуэхэм щытепсэлъыхьа дунейпсо щIэныгъэ зэхуэс. Абы хэтащ КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Къумыкъу Iэуес, КъБР-м граждан жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIурашын Анзор, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, АР-м и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ЛIымыщэкъуэ Рэмэзан, КъБР-м, КъШР-м, АР-м, Тыркум, Иорданием къикIа щIэныгъэлIхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, ди республикэм адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэхэр, ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Къэбэрдей Адыгэ Хасэ
2019-05-31
- Тэрч щIыналъэ, 2018 гъэ
- Джылахъстэней Адыгэ Хасэм и лэжьыгъэр къапщытэж
- Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и Джылахъстэней къудамэм и отчёт-хэхыныгъэ конференц щекIуэкIащ Тэрч къалэм. ЗэIущIэм кърихьэлIащ Тэрч район администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Семэн Пщыкъан, щIыналъэм и жылагъуэ палатэм и пашэ Iухъу Анатолэ, щIыпIэм и Iимам Къэжэр Фураждин, Джылахъстэней Хасэм хыхьэ къуажэ хасэхэм я тхьэмадэхэр, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэ Щоджэн Iэминат, нэгъуэщIхэри.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Къэбэрдей Адыгэ Хасэ
2019-05-31
- „Адыгэ пщыщэ“ зэпеуэр, 2016 гъэ
- Хъуащ Кэнжэ къуажэр щэнхабзэм и утыку
- «Адыгэ пщащэ» республикэ зэпеуэр 2016 гъэм ещанэу Кэнжэ дэт ЩэнхабзэмкIэ и унэм щекIуэкIащ. Ар къызэрагъэпэщащ Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэхэм, Налшык къалэ администрацэм ЩэнхабзэмкIэ и къудамэм, Кэнжэ ЩэнхабзэмкIэ и унэм, «Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Къэбэрдей Адыгэ Хасэ
2019-05-31
- «Адыгэ пщащэ» зэпеуэр, 2018 гъэ
- Зыхуэбгъадэ хъун щымыIэ
- Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ, илъэс етхуанэ хъуауэ Кэнжэ жылагъуэм къыщызэрагъэпэщ «Адыгэ пщащэ» республикэпсо зэпеуэр екIуэкIащ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Къэбэрдей Адыгэ Хасэ
2019-05-31
- ЦIэ лъапIэхэр
- «Илъэсым и усакIуэ»
- «Вестник Карачаево-Черкесии» газетым Кавказ Ищхъэрэм и усакIуэ нэхъыфIу къилъытащ КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ усакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Къэрал саугъэтым и лауреат, зэдзэкIакIуэ Iэзэ Ацкъан Руслан.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Къэбэрдей Адыгэ Хасэ
2019-05-31
Зыхыхьэхэр: Махуэгъэпс
|