ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Щхьэ къыдэзауэрэ?

2019-05-14

  • Урысейм зауэ къызэрыдищIылIэ лъандэрэ зы къэрали къыддэIэпыкъуакъым кавказ лъэпкъхэм. Тырку сулътIаным деж куэдрэ дгъэкIуащ лIыкIуэ, къыткъуэувэнкIэ, къыддэIэпыкъункIэ дыщыгугъыу, ауэ абы къытхуищIа щыIэкъым. Персиеми дгъэкIуащ лIыкIуэ, иужьрейуэ Мэхъмэт Алий зыхуэдгъэза щхьэкIэ дызэхащIыкIакъым.

  • ШЭРДЖЭСЫМ и лIыкIуэхэм я пщэ дэтлъхьауэ щытащ Урысейм къыдищIылIа зауэр къызэрыттехьэлъэм и хъыбар къэрал лIыщхьэхэм я деж нагъэсын хуейуэ; дэ ди хабзэхэри ди динри нэгъуэщIщ, арыншамэ Урысейр апхуэдизрэ щхьэ къыдэзэуэн хуейт? Псоми ящIэн хуейщ урыс инэралхэр зэрытхьэгъэпцIыр, я сэлэтхэр зэрыгущIэгъуншэр. Шэрджэсхэр дызэтраукIэмэ, хэт и фейдэ хэлъ абы? Псори къыддэщIын хуейщ адыгэхэм!
  • Урыс сэлэт мин Iэджэ къыдаутIыпщащ дэ, Iэпхлъэпх дызэращIынщ зи ужь итыр, дыкъаухъуреихьауэ. Дэ даухмэ, фэ къыващIылIэнущ зауэ. Ди щхьэм и закъуэкъым дэ дызыхуэзауэр. Дэ дызыIэщIалъхьэмэ, Тыркуми нэсынурэ абыи къыщызэтеувыIэнукъым — аращ иджыпсту фыкъыддэIэпыкъун щIыхуейр.
  • Ар нывжедгъэIэн щхьэкIэщ ди лIыкIуэхэр ныщIыфхуэдгъэкIуар, ауэ ди лIыкIуэхэм я псалъэр зыми зэхищIыкIакъым, зыми къилъэгъуакъым ди хьэтыр. ДызэхащIыкIрэ ди бэнэныгъэм къыхыхьатэмэ, сыт хуэдиз зауэлI хахуэм я пашэ хъунут сулътIаныр, сыт хуэдизым я гур къихьэхунут абы!
  • Урысейм и закъуэкъым дунейм тетыр, къэрал Iэджэ тетщ дунейм. Урысейм нэхърэ нэхъ къэрал ини нэхъ лъэщи зэрыщыIэм дыщыгъуазэщ адыгэхэр. Дыщыгъуазэщ Инджылызри Франджыри гузэвэгъуэ хадзэ лъэпкъхэм къазэрыщхьэщыжым. ИтIани къытлъэIэсыркъым абыхэм я гущIэгъуи я дэIэпыкъуныгъи. Шэрджэсхэр дыкъуаншэмэ, къыддремыIэпыкъу инджылызхэри франджыхэри. Ди хэкур Урысейм щыщ хъуауэ къыщыгъэлъэгъуащ европей картэхэм — абыи дыщыгъуазэщ дэ. Дыщыгъуазэщ ди щIыбагъкIэ хьэгъэщагъэхэр зэрыщызэрахьэм: дэ къыдамыгъэщIэххэу, Урысеймрэ Тыркумрэ ди унафэр ящI, зэгуроIуэри, зым IэщIэмылъыр адрейм ирет, дэ къыдэупщIыни я щхьэ тралъхьэркъым. Урысхэм Европэм щыжаIэ дэ абыхэм драгъэр хуэдэу, дыхьэкIэкхъуэкIэ защIэу, гущIэгъуи тхуэмыфащэу, унафэ е хабзэ гуэрми дыпхуемыувэлIэну. Лъэпкъышхуэ дыдэщ инджылызхэр, дызэхащIыкIынкIэ дащогугъ, ауэ дэ дыхьэкIэкхъуэкIэмэ, зыми емыдаIуэ дыхъунщIакIуэмэ, ди хьэтыр кърыремылъагъу, нэкIи къыдремыплъ.
  • СулътIаным псалъэ еттауэ щытащ дэ, ауэ ар ди лъэныкъуэ хъунукъым, Урысейм ди щIыбагъкIэ гурыIуащи. СулътIаным ещIэ Урысейр къызэрыдэзауэр, итIани абы йопсалъэ, щэхуу гуроIуэ: уи IэмыщIэ имылъым и унафэр дауэ зэрыпщIынур? Дэ дыгъэркъым, дыпщэ, дыпт хъуну. Пэжщ, дызэкIэщIэчащ, дыщызэгурымыIуэр нэхъыбэщ, зы унафэм деувалIэркъым — аращ ди мыгъуагъэ псори къызыхэкIыр. Ауэ дэ дыщхьэхуитщ, ди щхьэхуитыныгъэращ дызыщIэзэур, ар хамэм и IэмыщIэ итлъхьэн муради диIэкъым.
  • Шэрджэс меджлисым къэрал лIыщхьэхэм зэрызыхуагъэза
  • Псалъэмщыщщ.