ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ФызэтеувыIэ псори!

2019-05-14

  • Къэбэрдей Лъэпкъ Хасэм и пащхьэм
  • ХьэтIохъущокъуэ Исмел Псыгъуэ 1805, 1806 гъэхэм щыжиIар
  • ХьэтIохъущокъуэ Исмел адыгэ лъэпкъ цIэрыIуэм къыхэкIащ, 1787 — 1791 гъэхэм екIуэкIа урыс-тырку зауэм хэтащ, иужькIэ епщыкIуиянэ лIэщIыгъуэм и кIэухым щыщIэдзауэ, дунейм ехыжыху, Къэбэрдейм къыщыхъуа Iуэху псоми хэтащ, и цIэр адыгэхэм ящыгъупщакъым нобэр къыздэсым, М. Ю. Лермонтовым и поэмэ цIэрыIуэм («Измаил-бей») и лIыхъужь нэхъыщхьэщ.
  • 1805 гъэм Гумыщхьэ щызэхэта адыгэ лъэпкъ хасэм зэрыщыжиIамкIэ, ХьэтIохъущокъуэ Исмел илъэс тIощI и пэкIэ щIалэ дыдэу икIауэ щытащ Къэбэрдейм, и адэм и унафэм ипкъ иткIэ, «щIэныгъэ зригъэгъуэтын папщIэ» (ХьэтIохъущокъуэ Исмел къыщалъхуар IупщIкъым. Лермонтовым зэритхымкIэ, Къэбэрдейм щикIам щыгъуэ Исмел илъэс пщыкIуплIым итт, абы тепщIыхьмэ, ар къыщалъхуар 1771 гъэрщ).

  • Илъэс тIощIым нэсащ сэ хэкум пэIэщIэ сызэрыхъурэ. 1794 гъэм пIалъэ кIэщIкIэ сыкъыфхыхьэжауэ зэрыщытам и гугъу сщIынкъым. Си хэкум и Iуэху зытетым щыгъуазэ зыхуэсщIыным сыхунэмысауэ, си насыпыншагъэм къыдэкIуэри, абы щыгъуэ сыфхэкIыжауэ щытащ. Си щхьэкIэ къызэуэлIа псоми сытепсэлъыхьыжынкъым, сыту жыпIэмэ, сэ сезыгъэзыр си псэм и щIасэ си хэкур нобэ зыIут IэнатIэрщ, сызыхуэлажьэри абы и фейдэ зыхэлъымрэ тыншыгъуэ зэриIэнымрэщ. Си хэкум сэбэп сыхуэхъун мурадкIэщ сэ унэм сыщIикIари, ди лъэпкъ цIэрыIуэм сыхэсыжатэмэ, гухэхъуэгъуэу сиIэнкIэ хъуну псори къыщIызэзнэкIари, гъащIэм и IэфIыгъэкIэ къызэтэ щIалэгъуэм сыщIемыблари. А псори IэщIыб щIэсщIар, вжызоIэ сэ, щIэныгъэм зезыгъэузэщIа, цIыхур зэгурызыгъэIуэфын хабзэхэр зэзыгъэпэщыфа лъэпкъхэр зэзгъэцIыхун щхьэкIэщ. Си лъэпкъэгъухэм фIыгъуэ къезгъэуэлIэн папщIэ, бжьэм хуэдэ сыхъуным сыщIэкъуащ сэ, сэбэп хъупхъэр зэщIэскъуэурэ си хэку лъапIэм къислъхьэныр си хъуэпсапIэти. Зи пщIэр лъагэ тхьэмадэхэ, фэ фпэIэщIэ сызэрыхъуар сигу къеуэми, ар зыхуэзгъэшэчащ, сыкъыфхыхьэжа нэужь, зыгуэркIэ сэбэп сыхъуфмэ, ар сэркIэ зэрынасыпым шэч къытесхьэртэкъыми. Къэзгъэзэжауэ сыфхэтщ нобэ. Ауэ сыт сэ сыкъызрихьэлIэжар, ди Тхьэ! Си лъахэм и унэхъугъуэ махуэр си нэгу щIэбгъэкIын щхьэкIэ, ди Тхьэ, уигу къыщIызэбгъар!.. Насыпыншагъэу къывэуэлIа псор фи деж щыслъагъуркъым сэ. Ар сигу къызэреуэр вжесIэу аращ. СывэупщI къудейщ: щхьэ ехуэха къэбэрдей лъэпкъым и пщIэмрэ и щIыхьымрэ? Хэт ар зи лажьэр? Пщыхэми, уэркъхэми, зэрылъэпкъыуи щхьэ зыщывгъэгъупща хэкум и хуитыныгъэмрэ абы зегъэузэщIынымрэ нэхъ лъапIэ щыIэнкIэ зэрымыхъунур? Ижь лъандэрэ пщIэрэ щIыхьрэ зиIа ди лъэпкъыр зэрыхэкIуэдэжыр флъагъуркъэ? Фигу къеуэркъэ ар, жызоIэ! Хьэуэ, КъурIэным сытеIэбэурэ тхьэ фхуэсIуэнщ гукъанэ фхуэсщIын мурад сызэримыIэмкIэ. Щхьэж и гукъанэ ирырекъухи, Тхьэм девгъэлъэIу ди лъэпкъым фIыгъуэ хуэдлэжьыфын щхьэкIэ, гуащIэрэ акъылрэ къытхилъхьэну.
  • Ди адэм и унафэм седаIуэри, си гум къыщIитхъыу сикIауэ щытащ сэ ди хэкум. Урысейм сыкIуащ, сфIэмыфIми. Я хабзэри сигу техуэртэкъым сащыхыхьагъащIэм. Гугъу сыдехьурэ зэзгъэщIащ я бзэр, ар зэзгъэщIа нэужьщ я хьэл-щэнкIэ нэхъ щысцIыхуар. Дэ тхэмылъ куэд ядэслъэгъуащ абыхэм, ядэслъэгъуащ дэ зэдмыгъэкIу куэди. Урысейр къэралышхуэщ, щIэныгъэмрэ зыужьыныгъэмрэ зыщиубгъуащ. Урыс къэралыр къулейщ, и къарур, и гуащIэр инщ, цIыху мелуан щэщIрэ хырэ исщ абы икIи, пащтыхьыр хуеймэ, а цIыху бжыгъэм и Iыхьэ щанэр зауэлI хуэхъунущ. Къэрал лъэщым дыщригъунэгъукIэ, ар къызэрытщхьэпэным иужь дитын хуейщ дэ, ди щхьэр тхъумэжын папщIэ. Фи фIэщ фщIы, си лъэпкъэгъу лъапIэхэ, ди акъыл дитыжмэ, ди гъунэгъу лъэщым и ней зыщыдгъахуэ зэрымыхъунур.
  • Ди гум зэи имыху адэжь Iущхэм я уэсятщ а къэрал лъэщым и жьауэм дыщIэтын хуейуэ. Фэри зэрыфщIэщи, динкIэ ди благъэ Тырку къэралыр къарууншэ дыдэ хъуащ…
  • Персхэри муслъымэнщ, ауэ я лIыщхьэхэр зэгурыIуэркъым, зы унафэ яIэкъыми, зыр зым щыхьэжауэ зэрошх. Куэд щIакъым, дызыпэмылъэщынум дыпэуври, ди щхьэр хэтлъхьащ, ди пщIэри ехуэхащ. Акъыл зиIэмрэ и хэкур фIыуэ зылъагъумрэ къыгурыIуэнщ дыщыунэхъуну махуэр къызэрыблагъэр. Зи щIыхьыр лъагэ хасэ, дэ псоми долъагъу икIи зыхыдощIэ ди хуитыныгъэр тфIэкIуэдынкIэ шынагъуэ зэрыхъуар. Апхуэдэ насыпыншагъэр, и щхьэр течауэ жысIэнщи, зи лажьэр дэращ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ дэ, уеблэмэ зэунэкъуэщхэми, ди акъыл зэтехуэркъым. Абы къыхэкIкIэ ди лъэпкъри зэкъуэткъым, псори зэзыгъэдэIуэн тхьэмадэ диIэжкъым. Пщы щIалэхэр нэхъыжьхэм едэIуэжыркъым, я нэр щIалагъэм къыщепхъуэри, гу лъатэркъым ди лъэпкъым и кIуэдыжыгъуэр къызэрыблэгъам: щхьэзыфIэфIхэм я зэранкIэ лъэпкъым къытохуэ ди гъунэгъухэм я губжьыр, дяпэкIи къытехуэнущ, абы дытетынумэ.
  • Гъуэщахэр гъуэгу захуэ тришэжын щхьэкIэ, Тхьэм игу къобгъэри егъэунэхъу ахэр, ар зэхамыщIыкIмэ, нэхъри къахуогубжьри, и ней къащохуэ. Ди бегъымбарыращ ар жызыIар. Насыпыншагъэ фыхэхуауэ сыкъывихьэлIэжыгъащ зы гъэ сыкъыщыфхыхьэжам, ар къывгурыIуэжауэ гу лъыстэркъым ноби, къывгурыIуэным и пIэкIэ, нэхъей фекIуауэ солъагъу, сыфхоплъэри. Тхьэм игу къыдэбгъауэ шэч сощI иджы: зауэм къытхуихьам ищIыIужкIэ, емынэ уз бзаджэм ди лъэпкъым и зэхуэдитIыр икIуэдыкIащ. И нэр исыжкъым дэ дызыхэт тхьэмыщкIагъэр зымылъагъум, и щхьэр зэкIуэкIащ Тхьэр къызэрытхуэгубжьам гу лъызымытэм.
  • Фи фIэщ фщIы, пщIэ зыхуэсщI си лъэпкъэгъухэ, ди Iуэхур абы куэдрэ тет зэрымыхъунур. ДызэрызэгурымыIуэм, ди акъыл зэрызэтемыхуэм и зэранкIэ, си лъахэ насыпыншэр хэкIуэдэжауэ Тхьэм симыгъэлъагъукIэ — абы дынэсащ дэ. Тхьэм симыгъэлъагъукIэ лъапсэкIуэдыр къыхуэкIуауэ, ди нэхъыжьхэр, ди цIыхубзхэмрэ ди сабийхэмрэ зэщIэгъуагэу, гузэвэгъуэр ятелъу, бийм гъэрыпIэм щрихуэну махуэ мыгъуэр. Абы Тхьэм дыщихъумэ. Апхуэдэ шынагъуэр къызэрытщхьэщыхьар зыхэсщIэрти, аращ Бытыр-быху зи ужь сыщита Iуэхур къэзгъанэу пIащIэгъуэкIэ сыкъыщIэкIуэжар. Сэ си нэкIэ слъэгъуащ, щыхьэти сытехъуэфынущ дызыпэува къэралыр къыщичыным зэрынэсам. Сэ слъэгъуащ къыттехьэлъэнкIэ хъуну щыблэм зэрызыкъызэщIищIар. ФызэтеувыIэ, лъэпкъ насыпыншэ, фи акъыл фихьэж, фегупсыс дэр нэхърэ куэдкIэ нэхъ лъэщым ды- пэлъэщынрэ дыпэмылъэщынрэ, ди щхьэр хэдвмыгъалъхьэ, фызэчэнджэщ мы хасэм кърихьэлIахэр, ди лъэпкъым къылъэIэса шынагъуэр зыщхьэщытха зэрыхъунум и унафэр фщIы. КъурIэным сытеIэбэурэ псом япэ Тхьэ сIуэнщ, унафэр захуэмэ, цIыхур зыгъэжакъуэ хьэгъапхъэхэм ящысхъумэнкIэ — си псэр пытыху, лъы ткIуэпс къысщIэмынэжыху. Ауэ сыныволъэIу, кIыхьлIыхь зывмыщI, шынагъуэр къытщхьэщыхьакIэщ, зэман диIэжкъым.