2019-05-21
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
- Накъыгъэм и 21-м илъэси 155-рэ ирокъу адыгэ лъэпкъым гузэвэгъуэ куэд къыхуэзыхьа Кавказ зауэр зэриухрэ.
- А махуэм дэ а зауэ шынагъуэм ихьахэм ди щхьэр яхудогъэщхъ, хэкIуэдахэм дахуощыгъуэ икIи ди адэжь хэкур зрагъэбгынахэм я гузэвэгъуэр дигу къыдогъэкIыж.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм
2019-05-21
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и Лъэпкъ музейм и унафэщI Накуэ Феликс газетеджэхэм щIэрыщIэу егъэцIыхужын хуейкъым. Зи диссертацэр адыгэ Iэщэм тезыухуа щIэныгъэлIым ита интервьюхэмрэ игъэхьэзыра теплъэгъуэхэмрэ а Iуэхум дихьэххэр фIыуэ щыгъуазэщ. Ауэ, гъэщIэгъуэнракъэ, адыгэ Iэщэм хуэфащэ пщIэр нобэ нэхъ хуэзыщIыфыр абы и тыншагъыр иджыри Кавказ зауэм и зэманым зыгъэунэхуа къэзакъхэрщ. Андреев Александр игъэхьэзырауэ адыгэбзэм къидгъэзэгъа «Сэшхуэр топым йобгъэрыкIуэ» нэтын гукъинэжыр абы и зы щапхъэщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Жыжьэ-гъунэгъу
2019-05-21
Адыгэ зауэлIхэр. ХVIII лIэщIыгъуэ
Зыхыхьэхэр: Ди сурэт гъэтIылъыгъэхэр
2019-05-21
- Пасэрей Iэщэр къызыфIэIуэху цIыхухэм зэхамыхыпIэ иIэкъым Аствацатурян Эммэ и цIэр. Мэзкуу дэт Къэрал тхыдэ музейм епхауэ зи гъащIэр зыхьа ермэлы бзылъхугъэр Кавказ Ищхъэрэми мызэ-мытIэу къэкIуауэ щытащ, хъыбар щхьэпэ куэди ди щIыналъэм теухуауэ къызэринэкIащ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, цIыхубз щыпкъэр илъэс бгъущIым иту иджыблагъэ дунейм ехыжащ. Дигу къэдгъэкIыжыну ди гуапэщ щIэныгъэрылажьэ гумызагъэм илъэс зыбжанэ ипэкIэ Хайдаков Камил ирита интервьюм адыгэхэм ятеухуауэ щыжиIахэр. Бзылъхугъэ Iущым зыкъеумысыж «Кавказ лъэпкъхэм я Iэщэхэр» и тхылъ цIэрыIуэм и япэ къыдэкIыгъуэр щигъэхьэзырым (2004 гъэ), адыгэ Iэщэм теухуауэ щыуагъэ гуэрхэр, имыщIэныгъэкIэ, зэрыIэщIэкIамкIэ. Ар топсэлъыхь тхылъым «Шэрджэсей» Iыхьэр щихъуэжу щIэрыщIэу къызэрыдигъэкIыжынум.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: Ди псэлъэгъухэр