2019-05-28
- Дыгъуасэ КъБР-м и Правительствэм и Унэм КIуэкIуэ Казбек щыхуэзащ урысейпсо цIыхубэ фронтым и штаб нэхъыщхьэм хэт, «Вера» псапащIэ фондым и къызэгъэпэщакIуэ Федермессер Аннэ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: КъБР-м и Правительствэм
2019-05-28
- КъБКъУ-м и профессор, биологие щIэныгъэхэм я доктор Дзу Руслан и ныбжьыр иджыблагъэ илъэс 70 ирикъуащ. Илъэс 55-м нэсауэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щолажьэ щIэныгъэлIыр. Кавказ къуршхэм я биологие, ландшафт зэхэлъыкIэр хъумэным теухуауэ абы ищIа къэхутэныгъэхэр ди зэманым щIэныгъэрылажьэхэм мыхьэнэ нэхъыбэ зиIэхэм ящыщу къалъытэхэм щыщщ.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ДифI догъэлъапIэ
2019-05-28
- Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм ЦIыхубзхэм я советым къызэригъэпэщауэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Унагъуэм и дунейпсо махуэм хуэгъэпса пшыхь. Абы щагъэлъэпIащ Налшык дэс унагъуэ нэхъыфIхэм ящыщхэр, щагъэнэIуащ Бзылъхугъэхэм я къалэ зэгухьэныгъэм щIыхь зиIэу хагъэхьахэр, «Налшык и бзылъхугъэ нэхъыфI-2018» цIэр зыфIащахэр.
Псоми еджэн…
Зыхыхьэхэр: ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэр