Джылахъстэнейм махуэ лъапIэр лъагэу щаIэт
2019-05-14
- Ди къэралым и щIыпIэ псоми хуэдэу, Тэрч щIыналъэми Iэтауэ щагъэлъэпIащ Хэку зауэшхуэр ди текIуэныгъэкIэ зэриухрэ илъэс 74-рэ зэрырикъур.
- Накъыгъэм и 9-м сыхьэти 10-м щIадзэри, къалэм и уэрам нэхъыщхьэм ирикIуащ «Полк уахътыншэ» акцэм хэтыну гупыж зыщIахэр. Абыхэм яхэтт зауэм и бынхэр, щIыналъэм ит IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэр, политикэ партхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, егъэджакIуэхэр, щIалэгъуалэр. Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъым деж нэса нэужь, къызэхуэсахэм я пащхьэ къыщыпсэлъащ Тэрч щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Дадэ МуIэед.
- — Сынывохъуэхъу ди къэралым и махуэ нэхъ лъапIэ дыдэмкIэ — ТекIуэныгъэм и махуэмкIэ. Хэку зауэшхуэм къихьа гузэвэгъуэм, гуауэм дэтхэнэри дыщыгъуазэщ, нобэми яIуэтэж ди зауэлIхэм яхэлъа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ. Мыпхуэдэ дуней диIэн папщIэ я псэр ятащ сэлэт мелуанхэм. Ди щхьэр лъахъшэу яхудогъэщхъ Хэкум и щхьэхуитыныгъэм щIэбэнахэм! БлэкIар тщызыгъэгъупщэн дымылъагъуу мамыру псэун Тхьэм псори дищI!
- ПэкIум апхуэдэу къыщыпсэлъащ зауэр зи нэгу щIэкIахэри, абыхэм и бынхэри. Фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьа нэужь къызэхуэсахэр зауэм хэкIуэдахэм дакъикъэкIэ яхуэщыгъуащ.
- Тэрчдэсхэм апхуэдэу удз гъэгъахэр тралъхьащ Совет Союзым и ЛIыхъужь Къанкъуэщ Ахьмэдхъан, «Дубки хьэблэм» и Iэгъуэблагъэм бийм и щIыбагъым дэту щызэуахэм, партизанхэм я фэеплъхэм.
- Курп лъагапIэм тет фэеплъым дежи пэкIу къыщызэрагъэпэщат а махуэм. Ди щIыпIэм зауэ гуащIэ зэрыщекIуэкIар, зауэм иужь зэманхэр ягу къагъэкIыжу абдеж къыщыпсэлъащ Инарыкъуей къуажэм щыщ нэхъыжьыфIхэу Тумэ Анатолэрэ Джэрмэшык Хьэжмуратрэ.
- АдэкIэ махуэшхуэр гъэлъэпIэным щыпащащ Тэрч къалэм ЩэнхабзэмкIэ и унэ бжэIупэм деж. «ТекIуэныгъэр дэтхэнэми ди гум илъщ» фIэщыгъэм щIэту къызэрагъэпэща концерт программэм хэтащ щIыпIэ артистхэр, къэфакIуэ ансамблхэр, ЩэнхабзэмкIэ унэм и гъэсэн цIыкIухэр.
- Апхуэдэу ТекIуэныгъэм и махуэр щагъэлъэпIащ Тэрч щIыналъэм и къуажэ псоми.
- ХЬЭРЭДУРЭ Аллэ.