«Нартhэр» лэжьыгъэ телъыджэм и лъэтеувэ
2019-05-14
- КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI, Урысейм ХудожествэхэмкIэ и академием хэт Црым Руслан и «Нартhэр» арт-объект телъыджэм икIи купщIафIэм и лъэтеувэ пшыхьыр Къэбэрдей-Балъкъэрым и радиом иджыблагъэ щызэхэтащ.
- Радиом и къудамэм и унафэщI, журналист, зэдзэкIакIуэ Iэзэ Мэремкъул Ларисэ пшыхь гуапэр къыщызэIуихым къыхигъэщащ сурэтыщI цIэрыIуэ Црым Руслан утыку кърихьа «Нартhэр» тхылъыр и теплъэкIи купщIэкIи телъыджэ зэрыщыхъуар, абы хуэбгъадэ хъун лэжьыгъэ иджыри къэс къызэрыдэмыкIар.
- Мэремкъул Ларисэ утыкум иригъэблэгъащ тхылъыр къыдэгъэкIыным елIэлIахэу сурэтыщI Мэзло Эдуардрэ дизайнер Хъалилэ (Елей) Миланэрэ. Ахэр кIэщIу къытеувыIащ Црым Руслан и тхылъым зэрелэжьам, я Iуэху еплъыкIэхэр абы зэрыхаухуэнам.
- — Мы тхылъым селэжьыну Руслан сыщригъэблэгъам, адыгэ лъэпкъым къызэрыщыхъунум и мызакъуэу, ар дуней псом зэрыщызыхащIэнури Iуэхум къыхэслъытащ, — къыхигъэщащ Хъалилэ Миланэ.
- УпщIэ — жэуап щIыкIэм тету пшыхьыр гъэщIэгъуэну ирагъэкIуэкIащ радиожурналист Хъалилэ Болэтрэ Црым Русланрэ. Ахэр тепсэлъыхьащ тхылъым къежьапIэ хуэхъуам, илъэс бжыгъэкIэ Руслан абы зэрелэжьам, IуэрыIуатэджхэм я лэжьыгъэхэм къадэкIуэу, архивым щахъумэ дэфтэрхэри тегъэщIапIэ зэрищIам, къыдэIэпыкъуахэм, къыдэкIыгъуэр IуэрыIуатэм ехьэлIа нэгъуэщI тхыгъэхэм къазэрыщхьэщыкIым.
- Црым Руслан и псалъэм къыхигъэщащ нарт лIыхъужьхэм я сурэтхэр ищIыну игу илъу куэдрэ къызэрекIуэкIар икIи а Iуэхум хущIыхьэгъуэкIэ зэрыбгъэдыхьар, иужьым «Нартhэр» арт-объектым зэрыхуэкIуар. СурэтыщIыр арэзы хъуащ, нартхэм ятеухуа анимацэ ищIыну Кумыщ Оксанэ зыкъыщыхуигъазэм.
- — Си сценарийкIэ а Iуэхум селэжьыну сызэрыхьэзырыр щыжысIэм, дызэхуэарэзыуэ иужь сихьащ. Апхуэдэ лэжьыгъэм упэрыхьэн папщIэ лъэпкъ псоми я IуэрыIуатэм Iейм фIыр зэрыщытекIуэр, щIэпхъаджащIэр зэрыбзаджащIэр, цIыхугъэншэмрэ цIыхугъэмрэ япэ игъэщыпхъэр къэплъытэн, абыхэм ятеухуа Iуэху еплъыкIэ хэха уиIэжын хуейт. «Нартhэр» пшыналъэр щызгъэхьэзырым къэIуэтэкIэ и лъэныкъуэкIэ нэхъ тегъэщIапIэ сщIар ХьэтIохъущокъуэ Къазий 1860 гъэм и Iэдакъэ къыщIэкIа пшыналъэ едзыгъуиплIырщ. IуэрыIуатэм ехьэлIауэ щыIэ ди пшыналъэхэм зэщхьэщыкIыныгъэ куэд яхыболъагъуэ. Щхьэж и еплъыкIэр пшыналъэм хилъхьэну хуитыныгъэ имыIэмэ, творческэ и лъэныкъуэкIэ лъэпкъым и зыужьыныгъэр къызэтоувыIэ, — жиIащ Црым Руслан.
- Пшыхьым кърихьэлIахэм абы ягу къигъэкIыжащ ди лъэпкъ пшыналъэр нэхъ жьы дыдэхэм зэращыщыр, пасэм щыIа къэхъукъащIэ гуэрхэр зэуэ уи нэгу къызэрыщIигъэхьэр, джэгуакIуэхэм IуэрыIуатэм зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьэу къекIуэкIами, ипкъ нэхъыщхьэр зэрахъумар, ди нобэм къызэрахьэсар. Ар къызэхуэсахэм къахуеджащ иуса пшыналъэхэм ящыщ пычыгъуэхэм икIи кърихьэлIахэр зыщIэупщIэхэм жэуап иритащ.
- Къыхэгъэщыпхъэщ пшыналъэм къыщыхьа языныкъуэ псалъэхэр ди тхыбзэм и хабзэм къызэрыщхьэщыкIыр. Апхуэдэхэщ — «къым» кIэухыр «Iым»-у, куэд бжыгъэ къэзыгъэлъагъуэ — «хэ» префиксыр — «h»-уэ зэрыщитхар, — «у»-м и ужькIэ — «ы» къызэрыщихьар, нэгъуэщIхэри. Абы теухуауэ Црымым жиIащ псалъэхэм я тхыкIэщIэу къыхилъхьам теухуа и еплъыкIэ зэриIэжыр, и арт-объектым ихуа пшыналъэхэм я тхыкIэр псоми къащтэну зэрахуимыгъэувыр, а зэхъуэкIыныгъэхэр бзэм пэгъунэгъухэм гугъу къазэрыщымыхъунур.
- НапэкIуэцI 450-рэ хъу къыдэкIыгъуэ телъыджэр экземпляр 1000 мэхъу. Абы и Iыхьэхэм къызэщIаубыдэ «IуэхутхьэбзащIэ», «Гугъэ», жыхуиIэхэр, нарт лIыхъужьхэу Ашэмэз, Батэрэз, Бэдынокъуэ, ТIотIрэш, Сосрыкъуэ сымэ я пшыналъэхэр. Лэжьыгъэр лъэпкъ IуэрыIуатэм, бзэм, щэнхабзэм я хэлъхьэныгъэфIщ. Пшыналъэр зыIэрызыгъэхьэну хуейхэм ар къыщагъуэтынущ Сэралъп Мадинэ и арт-центрымрэ «Адыгэ унэ» тыкуэнымрэ. Апхуэдэу Хъалилэ Миланэ Facebook cайтым щиIэ «Нартhэр» напэкIуэцIым щыщIэупщIэ хъунущ.
- ТЕКIУЖЬ Заретэ.
- Сурэтхэр
- КъарейЭлинэтрихащ.