Щыгъуэ махуэм зыхуагъэхьэзыр
2019-05-14
- Накъыгъэм и 13-м КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд иригъэкIуэкIащ Кавказ зауэр зэриухрэ илъэси 155-рэ зэрырикъумкIэ КъызэгъэпэщакIуэ гупым хэтхэм я зи чэзу зэIущIэ.
- Накъыгъэм и 20 — 21 махуэхэм Налшык къалэ щекIуэкIыну Iуэхугъуэхэр зэкIэлъыхьауэ зэрыщытынум, абы хэтынухэм теухуауэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм ЩIыналъэ политикэмкIэ и управленэм и унафэщI Къуэжей Артём, КъБР-м граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIурашын Анзор, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, Налшык къалэ администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Ульбашев Ислъам, Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэхэм я тхьэмадэхэу Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ, КъБР-м и адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я зэзыгъэуIу советым и тхьэмадэ Къалмыкъ Жылэбий сымэ, нэгъуэщIхэри.
- КъызэгъэпэщакIуэ гупым хэтхэр арэзы техъуащ Щыгъуэ-щIэж махуэр зэрекIуэкIыну къыхалъхьа программэм: накъыгъэм и 20-м пщыхьэщхьэм, хабзэ зэрыхъуам тету, Псэ жыгым деж адыгэ уэрэдыжьхэм я пшыхь щекIуэкIынущ, шэху уэздыгъэхэр щыщIагъэнэнущ; накъыгъэм и 21-м сыхьэти 10-м Налшык къалэ дэт ГъущI гъуэгу вокзалым деж цIыхухэр щызэхуэсынурэ, шууей 200-м нэблагъэ япэ иту, лъэсырыкIуэхэр къакIэлъыкIуэу Лениным и уэрамымкIэ кърикIуэнущ, Псэ жыгым екIуэлIэнущ. Абдеж пэкIур щекIуэкIынущ.
- КъызэгъэпэщакIуэ гупым хэтхэм я къыкIэлъыкIуэ зэIущIэр махуэкум, накъыгъэм и 16-м, зэхэтынущ.
- КЪэБаРТ Мирэ.